лъы гъэжэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

лъы

Гум къикӀыу лъынтхуэхэмкӀэ Ӏэпкълъэпкъым щызекӀуэ ткӀуаткӀуэ плъыжь.

рукровь

Къемэт.. и кӀагуэм ӀэгупӀэшхуэу ӀэгупӀэшхуэу лъыр къызэпхивауэ щилъагъум, ар бащлъыкъымкӀэ щӀиуфащ.— Абрэдж

Bu maddedeki ifadeler (31)

лъы гъэжэн

рупролить кровь.

лъы еуэн

рупустить кровь.

лъы къегъэубжьытхын

рудать жару кому-л. (букв. заставить кого-л. плеваться кровью).

лъы къигъэкӀын

лъыпэ къигъэкӀын

лъы къыхэшын

рубрать кровь.

Ӏэпэм лъы къыхэшын.

лъы къыщӀэлъэдэжын

рупоправиться, прийти в нормальное состояние (напр. после болезни).

лъы нэпс щӀэгъэкӀын

рупроливать горючие, кровавые слезы.

лъы хэкӀэн

рувлить кровь в кого-л. (напр. в больного).

лъы щӀэжын

румстить кому-л.

Хейм и лъыр хамэм ещӀэж.— Псалъэжьхэр

лъы щӀэкӀын

руисходить, истекать кровью.

лъы щӀэгъэкӀын

лъы щӀэгъэткӀун

лъы щӀэгъэткӀун

руобессилить кого-л.

Пэжыр къыупсэлъмэ {гъэпщылӀакӀуэхэм} лъы пщӀагъэткӀур.— ПащӀэ Бэчмырзэ

лъы щӀэткӀукӀын

руобессилеть, изнемочь.

лъы щӀэувэн (къыщӀэувэн)

руналиваться кровью.

Балий хъугъэ зыхидзауэ, НэкӀум лъы къыщӀэуват.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

лъыр щӀэфыкӀын

рупить кровь.

лъы ӀэмпӀэ къыщӀэмыкӀын

рунаходиться в состоянии гнева.

лъы ӀэмпӀэ къыщӀэмынэжыху

рудо последней капли крови.

лъыпэ къигъэкӀын

русовершить жертвоприношение.

лъыр гъэгъун

рупростить кровь (убийство) кому-л.

лъыр къэвэн

рунегодовать.

Сэ куэд щӀауэ си лъыр къовэ, Астемыр, - жиӀэрт Елдар.— КӀыщокъуэ Алим

{и} лъыр къэгъэкъуэлъэн

русильно разгневать кого-л.

{и} лъыр къэкъуэлъэн

русильно гневаться.

{и} лъыр къэплъын

{и} лъыр къэкъуэлъэн

лъыр {нэм} къытелъэдэн

руналиться кровью (о глазах).

лъыр мыгъэгъун

руотомстить за убийство.

лъы къэплъыгъуэ

ЩӀалэгъуэ, цӀыхум и Ӏэпкълъэпкъым зыщиужь лъэхъэнэ.

рупериод бурного роста и развития (молодого человека)

ЩӀалэ зи лъы къэплъыгъуэ.

лъы уасэ

ЛӀы зыукӀам иукӀам и Ӏыхьлыхэм ярит зэкӀужыпщӀэ.

руоткуп, который дает убийца родственникам убитого в знак примирения

Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ игъэбея щыӀэкъым.— Псалъэжьхэр

лъы уэтэпс

УӀэгъэм, гуэрэфым къиж лъы зыщӀэт шын.

рунагноение

УӀэгъэм лъы уэтэпс къижырт.

гущхьэ лъы уэтэпс хъун

руЛъы уэтэпс щӀын измучить

кого-л. Уи бампӀэм лъы уэтэпс сищӀащ.

Еплъ: гущхьэ. лъы уэтэпс щӀын

лъы фӀей

Бзаджэ, бзаджэнаджэ.

руподлец, негодяй

лъы фӀей щӀэтын

руиметь грязную душу.

Kitapta geçtiği hali

лъы кровь / Гум къикӀыу лъынтхуэхэмкӀэ Ӏэпкълъэпкъым щызекӀуэ ткӀуаткӀуэ плъыжь. * Къемэт.. и кӀагуэм ӀэгупӀэшхуэу ӀэгупӀэшхуэу лъыр къызэпхивауэ щилъагъум, ар бащлъыкъымкӀэ щӀиуфащ. Аб. Лъы гъэжэн пролить кровь. Лъы еуэн пустить кровь. Лъы къегъэубжьытхын дать жару кому-л. (букв. заставить кого-л. плеваться кровью). Лъы къигъэкӀын = лъыпэ къигъэкӀын. Лъы къыхэшын брать кровь. * Ӏэпэм лъы къыхэшын. Лъы къыщӀэлъэдэжын поправиться, прийти в нормальное состояние (напр. после болезни). Лъы нэпс щӀэгъэкӀын проливать горючие, кровавые слезы. Лъы хэкӀэн влить кровь в кого-л. (напр. в больного). Лъы щӀэжын мстить кому-л. * Хейм и лъыр хамэм ещӀэж. (погов.) Лъы щӀэкӀын исходить, истекать кровью. Лъы щӀэгъэкӀын = лъы щӀэгъэткӀун. Лъы щӀэгъэткӀун обессилить кого-л. * Пэжыр къыупсэлъмэ {гъэпщылӀакӀуэхэм} лъы пщӀагъэткӀур. П. Б. Лъы щӀэткӀукӀын обессилеть, изнемочь. Лъы щӀэувэн (къыщӀэувэн) наливаться кровью. * Балий хъугъэ зыхидзауэ, НэкӀум лъы къыщӀэуват. Щ. А. Лъыр щӀэфыкӀын пить кровь. Лъы ӀэмпӀэ къыщӀэмыкӀын находиться в состоянии гнева. Лъы ӀэмпӀэ къыщӀэмынэжыху до последней капли крови. Лъыпэ къигъэкӀын совершить жертвоприношение. Лъыр гъэгъун простить кровь (убийство) кому-л. Лъыр къэвэн негодовать. * Сэ куэд щӀауэ си лъыр къовэ, Астемыр, - жиӀэрт Елдар. КӀ. А. {И} лъыр къэгъэкъуэлъэн сильно разгневать кого-л. {И} лъыр къэкъуэлъэн сильно гневаться. {И} лъыр къэплъын = {и} лъыр къэкъуэлъэн. Лъыр {нэм} къытелъэдэн налиться кровью (о глазах). Лъыр мыгъэгъун отомстить за убийство. лъы къэплъыгъуэ период бурного роста и развития (молодого человека) / ЩӀалэгъуэ, цӀыхум и Ӏэпкълъэпкъым зыщиужь лъэхъэнэ. ЩӀалэ зи лъы къэплъыгъуэ. лъы уасэ устар. откуп, который дает убийца родственникам убитого в знак примирения / ЛӀы зыукӀам иукӀам и Ӏыхьлыхэм ярит зэкӀужыпщӀэ. * Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ игъэбея щыӀэкъым. (погов.) лъы уэтэпс нагноение / УӀэгъэм, гуэрэфым къиж лъы зыщӀэт шын. УӀэгъэм лъы уэтэпс къижырт. Гущхьэ лъы уэтэпс хъун см. гущхьэ. Лъы уэтэпс щӀын измучить кого-л. Уи бампӀэм лъы уэтэпс сищӀащ. Лъы фӀей подлец, негодяй / Бзаджэ, бзаджэнаджэ. Лъы фӀей щӀэтын иметь грязную душу.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

лъы

Ӏэпкълъэпкъым хэлъ лъынтхуэхэм щызекӀуэ ткӀуаткӀуэ плъыжь.

Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429

+2 örnek

[Гесиод:] Сыкъэгубжь абдежи, адакъэм и щхьэр пызгъэлъэтщ къамэмкӀи, адакъэм и лъымкӀэ си джанэри лъы защӀэ сщӀыри ди гъунэгъум я унэм къамэр сӀыгъыу сыщӀэлъэдащ: «А-а, фыкъэзгъуэтакъэ иджы!».— Тепщэч къэзылътыхь, 162

Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъыӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэригъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым.— Лъапсэ, 10

Deyimler (13)

[б]укӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын

Елдар и фэр, шэхум хуэдэу, пыкӀат, уеуэу букӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын хуэдэу, Темботрэ Лурэ абы гу лъатауэ, щӀэпхъуэу лафкӀэтетыр дахужын хуэдизу къызэгуэпат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 134

+2 örnek

ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593

[Локотош] Зэми и фэр пыкӀырт, уеуэу букӀми лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀыну.— Нал къута, 272

Еплъ: [и]лъыр къэвэн

лъы гъэжэн

Зауэ ещӀылӀэн, цӀыху куэд зэтеукӀэн. -656.

Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу, Ди бийм къытхуелъыр дэ и дзэр, Лъыр игъэжэну и гугъэу И сэм ар епхъуэу къыщӀедзэр.— Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу. «Бгы лъапэхэм деж», 47

+2 örnek

Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: - Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655

И псэри тыншыжат, мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу.— Кхъэлэгъунэ, 380

[и] лъым ефэн

ГущӀэгъуншэу зыгуэрым хущытын.

ГущӀэгъуншэщи, уи лъым ефэнущ.— ГущӀэгъу, 422

лъы щӀэгъэкӀын

УӀэгъэ щӀауэ лъыр щӀэгъэжын, фӀэкӀуэдын. -604.

Таша фыз пщафӀэр иукӀыну игугъэххакъым, ар зыхуейр нэгъуэщӀт: – Кхъуэл сшхащи, уӀэгъэ къыстещӀи лъы сщӀэгъэкӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603

+2 örnek

УӀэгъи сыхъуу лъыр щысщӀэкӀым Си гугъэххакъым сыкъэнэн.— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92

[Хьэбибэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] Лъы ткӀуэпсу си къуэм щӀэкӀам хуэдиз илъэс бжыгъэ гъащӀэу тхьэм кърит.— Нал къута, 226

лъы щӀэкӀын

УӀэгъэм лъы къэмыувыӀэу къижын.

Лъыуэ щӀэтыр щӀокӀ, и уӀэгъэр дахэ-дахэу хуэмыпхэу.— Щынэхужьыкъуэ, 71

+2 örnek

УӀэгъи сыхъуу лъыр щысщӀэкӀым си гугъэххакъым сыкъэнэн.— Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92

Уэ лъы пщӀэтщи, умыбэлэрыгъ, уи лъыр пщӀэкӀыхукӀэ зауэ.— Нал къута, 263

лъыр мыгъэгъун

ЦӀыхур зыукӀам хуэмыгъэгъун, илъ щӀэжын.

[Лу Бэлацэ жриӀэу:] Бот и лъыр ямыгъэгъуну жаӀащ, ЛутӀэ щхьэкӀэ зыри жаӀакъым, зо.— Хъуэпсэгъуэ нур, 299

+2 örnek

Уи лъыр бийхэм хуамыгъэгъуу бын зэуахэм сахэтащ.— Адыгэ хэку. «Щхьэлыкъуэ», 394

Лу а лъэхъэнэм псэуамэ, поэтитӀми я лъыр игъэгъунтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616

[и] лъыр къэвэн

Егъэлеяуэ къэгубжьын, бэмпӀэн, зэгуэудын.

Аралпми зыкъищӀэжащ, и гур къызэрыгъуэтыжащ, зэгуэуду, и лъыр къавэу щытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 94

+1 örnek

Хъыджэбзым жиӀэм Локотош щедаӀуэкӀэ и лъыр къавэрт, абы хуэдизкӀэ зэгуэпырти.— Нал къута, 272

лъыр къэкъуэлъэн

Щэрданымрэ Аралпымрэ я псалъэр яухыху, лӀыжьхэр я башым зытрагъэщӀауэ зэхэтащ, я щхьэр къаӀэту къэмыплъэу е замыгъэхъейуэ, ауэ я жьэм бахъэ къыжьэдихумкӀэ къапщӀэрт я лъыр къызэрыкъуалъэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292

Еплъ: [и] лъыр къэвэн

лъыр къэплъын

Ар пӀуатэм угуфӀэу Иныкъуэм йокӀуэкӀ, Гупсысэм зэм уихьу Дэп плъыжьу зэм уоплъ, Иныкъуэм макъыншэу Щхьэц тхъуахэр йокъуэкӀ, Сурэтым зэм уеплъмэ, Диями, лъыр къоплъ.— Уигу, си анэ, сыкъэкӀмэ… Шум и гъуэгу, 26

+2 örnek

Мис, хьэдэ дзажэу, гъуэлъыпӀэр Чырбыш къутахуэм къыщӀоплъыр, Ӏэрытхыу, гъуабжэу тхылъымпӀэр Жьым щигъэсыскӀэ, лъыр къоплъыр.— Пощтзехьэ пщащэ. «Шум и гъуэгу», 65

ПӀыщӀэрт, гъынанэрт мычэму, КъедэхэщӀэн щымыӀэу И гум хъуэпсэгъуэ имылъу, И тхьэмыщкӀагъэр гум къеӀэу, ПцӀанэу ар щытми лъыр къэплъу, Хъуапсэт хъыджэбзыр мымащӀэу.— Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 103

Еплъ: [и] лъыр къэвэн

лъыр плъын

Аращ сипкъ псори щӀэдияр, Дунейм хуабагъэ темытыж, Жэщ уаем псори щодииж, Силъ плъар итӀани мыупщӀыӀу.— Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28

Еплъ: [и] лъыр къэвэн

лъыр и щхьэм екӀуэн

Егъэлеяуэ губжьын.

[Бещтом] Лъыр и щхьэм екӀуащи, жиӀэнур игъуэтыркъым.— Нал къута, 295

+1 örnek

ПӀатӀэ и щхьэм лъыр екӀуащ, Къэгубжьауэ хэтщи дыгъэм.— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 110

лъыр къежэхын

УӀэгъэм лъыр къижын.

Езы Астемыри лъыр къежэхырт, и щыгъынри хьэлэчу ятӀэ защӀэ хъуат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 65

+2 örnek

[Дисэ] Щымыхъум хьэлъакъуиплӀу щыту бжэм натӀэкӀэ къеуэурэ гъырт, и щхьэм лъыр къежэхми, цӀыхубзыр гужьеяти, зыхищӀакъым.— ГущӀэгъу, 424

[Джэлил:] Зумыусыгъуэджэт, къалэдэс, бажэм дезауэурэ, уи дамэр къиуӀауэ, мес, лъыр иджыри къожэх.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487

лъы нэм къытелъэдэн

[Къэрэмырзэ] ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэ уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр.— Лыгъэ, 409

Еплъ: нэм лъы къытелъэдэн

Kitapta geçtiği hali

ЛЪЫ (119). Ӏэпкълъэпкъым хэлъ лъынтхуэхэм щызекӀуэ ткӀуаткӀуэ плъыжь. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429. [Гесиод:] Сыкъэгубжь абдежи, адакъэм и щхьэр пызгъэлъэтщ къамэмкӀи, адакъэм и лъымкӀэ си джанэри лъы защӀэ сщӀыри ди гъунэгъум я унэм къамэр сӀыгъыу сыщӀэлъэдащ: «А-а, фыкъэзгъуэтакъэ иджы!». Тепщэч къэзылътыхь, 162. Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъыӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэригъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. Лъапсэ, 10. ◊ [Б]укӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын (3). Еплъ [и]лъыр къэвэн. Елдар и фэр, шэхум хуэдэу, пыкӀат, уеуэу букӀами, лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀын хуэдэу, Темботрэ Лурэ абы гу лъатауэ, щӀэпхъуэу лафкӀэтетыр дахужын хуэдизу къызэгуэпат. Хъуэпсэгъуэ нур, 134. ЩӀалэм и фэр шэхум хуэдэу пыкӀат, букӀамэ лъы ткӀуэпс къыщӀэкӀынтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 593. [Локотош] Зэми и фэр пыкӀырт, уеуэу букӀми лъы ткӀуэпс къыщӀэмыкӀыну. Нал къута, 272. Лъы гъэжэн (8). Зауэ ещӀылӀэн, цӀыху куэд зэтеукӀэн. Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу, Ди бийм къытхуелъыр дэ и дзэр, Лъыр игъэжэну и гугъэу И сэм ар епхъуэу къыщӀедзэр. Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу. «Бгы лъапэхэм деж», 47. Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: - Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655-656. И псэри тыншыжат, мы дунейм зигу хэщӀ темытыжу, дыгъуасэ лъы зыгъэжахэр, бжьэцу зэрызехьар зэкӀужарэ я Ӏэпэр зэрыӀыгъыу зэщыгуфӀыкӀыу къеуджэкӀыу, зэкъуэш-зэшыпхъущ жыпӀэну зэхуэгумащӀэу, мэзым щӀэт жыг зэмылӀэужьыгъуэхэр зэрызэзэгъым хуэдэу зым и зэран адрейм емыкӀыу, къуалэбзухэм ещхьыркъабзэу щхьэж и бзэмкӀэ езым фӀэфӀ уэрэдыр жиӀэмэ, я бзэ зэрыщӀэ къыфӀэщӀу. Кхъэлэгъунэ, 380. [И] лъым ефэн (1). ГущӀэгъуншэу зыгуэрым хущытын. ГущӀэгъуншэщи, уи лъым ефэнущ. ГущӀэгъу, 422. Лъы щӀэгъэкӀын (4). УӀэгъэ щӀауэ лъыр щӀэгъэжын, фӀэкӀуэдын. Таша фыз пщафӀэр иукӀыну игугъэххакъым, ар зыхуейр нэгъуэщӀт: – Кхъуэл сшхащи, уӀэгъэ къыстещӀи лъы сщӀэгъэкӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603-604. УӀэгъи сыхъуу лъыр щысщӀэкӀым Си гугъэххакъым сыкъэнэн. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92. [Хьэбибэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] Лъы ткӀуэпсу си къуэм щӀэкӀам хуэдиз илъэс бжыгъэ гъащӀэу тхьэм кърит. Нал къута, 226. Лъы щӀэкӀын (4). УӀэгъэм лъы къэмыувыӀэу къижын. Лъыуэ щӀэтыр щӀокӀ, и уӀэгъэр дахэ-дахэу хуэмыпхэу. Щынэхужьыкъуэ, 71. УӀэгъи сыхъуу лъыр щысщӀэкӀым си гугъэххакъым сыкъэнэн. Зауэ жыхуаӀэм и хъыбарыр. «Вагъуэ махуэ», 92. Уэ лъы пщӀэтщи, умыбэлэрыгъ, уи лъыр пщӀэкӀыхукӀэ зауэ. Нал къута, 263. Лъыр мыгъэгъун (6). ЦӀыхур зыукӀам хуэмыгъэгъун, илъ щӀэжын. [Лу Бэлацэ жриӀэу:] Бот и лъыр ямыгъэгъуну жаӀащ, ЛутӀэ щхьэкӀэ зыри жаӀакъым, зо. Хъуэпсэгъуэ нур, 299. Уи лъыр бийхэм хуамыгъэгъуу бын зэуахэм сахэтащ. Адыгэ хэку. «Щхьэлыкъуэ», 394. Лу а лъэхъэнэм псэуамэ, поэтитӀми я лъыр игъэгъунтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 616. [И] лъыр къэвэн (4). Егъэлеяуэ къэгубжьын, бэмпӀэн, зэгуэудын. Аралпми зыкъищӀэжащ, и гур къызэрыгъуэтыжащ, зэгуэуду, и лъыр къавэу щытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 94. Хъыджэбзым жиӀэм Локотош щедаӀуэкӀэ и лъыр къавэрт, абы хуэдизкӀэ зэгуэпырти. Нал къута, 272. Лъыр къэкъуэлъэн (1). Еплъ [и] лъыр къэвэн. Щэрданымрэ Аралпымрэ я псалъэр яухыху, лӀыжьхэр я башым зытрагъэщӀауэ зэхэтащ, я щхьэр къаӀэту къэмыплъэу е замыгъэхъейуэ, ауэ я жьэм бахъэ къыжьэдихумкӀэ къапщӀэрт я лъыр къызэрыкъуалъэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Лъыр къэплъын (5). Еплъ [и] лъыр къэвэн. Ар пӀуатэм угуфӀэу Иныкъуэм йокӀуэкӀ, Гупсысэм зэм уихьу Дэп плъыжьу зэм уоплъ, Иныкъуэм макъыншэу Щхьэц тхъуахэр йокъуэкӀ, Сурэтым зэм уеплъмэ, Диями, лъыр къоплъ. Уигу, си анэ, сыкъэкӀмэ… «Шум и гъуэгу», 26. Мис, хьэдэ дзажэу, гъуэлъыпӀэр Чырбыш къутахуэм къыщӀоплъыр, Ӏэрытхыу, гъуабжэу тхылъымпӀэр Жьым щигъэсыскӀэ, лъыр къоплъыр. Пощтзехьэ пщащэ. «Шум и гъуэгу», 65. ПӀыщӀэрт, гъынанэрт мычэму, КъедэхэщӀэн щымыӀэу И гум хъуэпсэгъуэ имылъу, И тхьэмыщкӀагъэр гум къеӀэу, ПцӀанэу ар щытми лъыр къэплъу, Хъуапсэт хъыджэбзыр мымащӀэу. Насып. «Бгы лъапэхэм деж», 103. Лъыр плъын (1). Еплъ [и] лъыр къэвэн. Аращ сипкъ псори щӀэдияр, Дунейм хуабагъэ темытыж, Жэщ уаем псори щодииж, Силъ плъар итӀани мыупщӀыӀу. Борэныр бгыщхьэм. «Шум и гъуэгу», 28. Лъыр и щхьэм екӀуэн (2). Егъэлеяуэ губжьын. [Бещтом] Лъыр и щхьэм екӀуащи, жиӀэнур игъуэтыркъым. Нал къута, 295. ПӀатӀэ и щхьэм лъыр екӀуащ, Къэгубжьауэ хэтщи дыгъэм. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 110. Лъыр къежэхын (3). УӀэгъэм лъыр къижын. Езы Астемыри лъыр къежэхырт, и щыгъынри хьэлэчу ятӀэ защӀэ хъуат. Хъуэпсэгъуэ нур, 65. [Дисэ] Щымыхъум хьэлъакъуиплӀу щыту бжэм натӀэкӀэ къеуэурэ гъырт, и щхьэм лъыр къежэхми, цӀыхубзыр гужьеяти, зыхищӀакъым. ГущӀэгъу, 424. [Джэлил:] Зумыусыгъуэджэт, къалэдэс, бажэм дезауэурэ, уи дамэр къиуӀауэ, мес, лъыр иджыри къожэх. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487. Лъы нэм къытелъэдэн (1). Еплъ нэм лъы къытелъэдэн. [Къэрэмырзэ] ПащӀэр фӀыцӀэщ, Ӏувщ, кӀырщ, жыжьэу уеплъмэ, япэ уи нэм къыщӀидзэр и пащӀэращ, абы къыкӀэлъыкӀуэу фэ вакъэ фӀыцӀэм ещхь и пэр, лъы къытелъэдэжауэ и нэшхуитӀыр, тепщэч ныкъуэ хуэдиз хъу и тхьэкӀумэр. Лыгъэ, 409.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kan

Düzeltme Öner

лъы гъэжэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.