лъагъуэ пхышын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

пхышын

руа) (пхеш) перех. гл.

1. Пшэуэрэ зыгуэрым пхыгъэкӀын.

рупровести, провезти кого-что-л. через что-л.

Шыр хадэм пхишащ.

2. Хьэлъагъ трищӀэм къыхэкӀыу зыгуэрхэм я щытыкӀэм зихъуэжын, зиукъуэншын, иришэн. Зыгуэр хэша, ириша хъун.

рупродавить что-л.

Бгыкъухэр пхишащ. б) (пхош) неперех. гл. продавиться, растянуться

+1 örnek

Фэр пхышащ. Цыджанэр пхышащ.

Bu maddedeki ifadeler (2)

гъуэгу пхышын

Еплъ: гъуэгу

лъагъуэ пхышын

Еплъ: лъагъуэ

Kitapta geçtiği hali

пхышын а) (пхеш) перех. гл. 1. провести, провезти кого-что-л. через что-л. / Пшэуэрэ зыгуэрым пхыгъэкӀын. Шыр хадэм пхишащ. 2. продавить что-л. / Хьэлъагъ трищӀэм къыхэкӀыу зыгуэрхэм я щытыкӀэм зихъуэжын, зиукъуэншын, иришэн. Бгыкъухэр пхишащ. б) (пхош) неперех. гл. продавиться, растянуться / Зыгуэр хэша, ириша хъун. Фэр пхышащ. Цыджанэр пхышащ. Гъуэгу пхышын см. гъуэгу. Лъагъуэ пхышын см. лъагъуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

лъагъуэ

1. Зы нэхъыбэ зытемыхуэ гъуэгу бгъузэ цӀыкӀу. -70.

Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу, ГъущӀ гъуэгушхуэм сытехьакъым, Адыгэбзэр зэзмыгъащӀэу, урысыбзэр сщӀэн слъэкӀакъым.— Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 83

+2 örnek

Езыри мэжэлӀамэ, хьэкӀэкхъуэкӀэр пщэдджыжь нэхущым псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэм пэмыжыжьэу къуэгъэнапӀэм къытотӀысхьэри, мор сшхащэрэт жыхуиӀэр къыхех [мэлыхъуэхьэм].— Кхъухь пхэнж, 506

Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым жэншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу.— Лъапсэ, 69

2. ЦӀыхур дунейм зэрытет щӀыкӀэмрэ абы гъащӀэм щищӀ лъэужьымрэ.

Дэнэ къикӀами е кӀуами, Нэхуу и лъагъуэр къэнащ.— Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14

+2 örnek

Сэ си гъуэгур сыухами, Итщ си лъагъуэм кърикӀуэн.— Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51

ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, ди гум щыхэщӀа къэхъуами, ди япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518

3. Псым и кӀуапӀэ, псы ежэхым ищӀ курых.

Къимыгъэзэну псыр ежэхми, Къэжэнум хуещӀыр лъагъуэр куу.— Уи жэщи махуи имыӀэххэу. «Вагъуэ махуэ», 321

+2 örnek

Псы уэру лъагъуэ пхызыхынум, къарур жэхункӀэ имыух, Си гъащӀэ ябгэр щызухынум, Шы жэр сытесу среух.— СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10

Бгы джабэм псы лъагъуэ дапщэ къехми тыншу уолъагъу.— Щынэхужьыкъуэ, 53

4. Алэрыбгъу кӀыхь, шэщӀа.

Абы ещхьу алэрыбгъур бжэӀупэм Ӏуалъхьэрэ нысэишэ ящӀамэ, нысащӀэр алэрыбгъу лъагъуэм тету и лэгъунэм щӀашэ, къафэу, фочыр ягъауэу, уэредадэри жаӀэу.— Лъапсэ, 54

Deyimler (2)

лъагъуэ пхышын

Япэ дыдэ Ӏуэху ехьэжьэн, ар зэфӀэгъэувэн.

Лъагъуэ пхышыныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъущ, ар гъуэгужь хъуа нэужь урикӀуэным нэхърэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518

лъагъуэ хэшын

Езы Алий хузэфӀэкӀар мащӀэкъым зыхэмыта Ӏуэху хэтащ жыпӀэу птхын хуэдэу, и Ӏэдакъэ щӀэкӀами уаситӀ хуэбгъэувын хуейщ, япэ къищри лъагъуэ ди культурэм щыхишащи.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518

+2 örnek

Бгы джабэр задэу дэкӀыгъуейми, Щыхашыр лъагъуэ зэрыкӀуэн.— Ӏэмал зимыӀэ. «Батырыбжьэ», 131

Нэшэкъашэу лъагъуэр хишми, къуэшхуэм

Еплъ: лъагъуэ пхышын

Kitapta geçtiği hali

ЛЪАГЪУЭ (73). 1. (40). Зы нэхъыбэ зытемыхуэ гъуэгу бгъузэ цӀыкӀу. Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу, ГъущӀ гъуэгушхуэм сытехьакъым, Адыгэбзэр зэзмыгъащӀэу, урысыбзэр сщӀэн слъэкӀакъым. Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 83. Езыри мэжэлӀамэ, хьэкӀэкхъуэкӀэр пщэдджыжь нэхущым псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэм пэмыжыжьэу къуэгъэнапӀэм къытотӀысхьэри, мор сшхащэрэт жыхуиӀэр къыхех [мэлыхъуэхьэм]. Кхъухь пхэнж, 506. Пшэр елыпщӀ жыпӀэну, пшэ щӀагъым жэншэрхъ плъыжьым ещхьу дыгъэр къыщӀокӀ, зылъэӀэсыр игъэлыгъуэу, дунейри мащӀэ-мащӀэурэ нэхъ нэху мэхъу, хьэкӀэкхъуэкӀэр псафэ зэрыкӀуэ лъагъуэхэр нэхъ уигъэлъагъуу. Лъапсэ, 69-70. 2. (11). ЦӀыхур дунейм зэрытет щӀыкӀэмрэ абы гъащӀэм щищӀ лъэужьымрэ. Дэнэ къикӀами е кӀуами, Нэхуу и лъагъуэр къэнащ. Шыхулъагъуэ. «Шум и гъуэгу», 14. Сэ си гъуэгур сыухами, Итщ си лъагъуэм кърикӀуэн. Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51. ЩоджэнцӀыкӀу Алий хиша лъагъуэращ дэ гъуэгушхуэ тхуэхъуауэ дызытетыр, фӀы къыдэхъулӀэми, ди гум щыхэщӀа къэхъуами, ди япэ ищам дыкӀэлъопӀащӀэ, нэхъ тегушхуауи докӀуэ, сыту жыпӀэмэ гъуэгур къуейщӀейми, гъуэгур мытыншми, щыхупӀэ иӀэми, дощӀэ, пэрытым игъэунэхуащи. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. 3. (5). Псым и кӀуапӀэ, псы ежэхым ищӀ курых. Къимыгъэзэну псыр ежэхми, Къэжэнум хуещӀыр лъагъуэр куу. Уи жэщи махуи имыӀэххэу. «Вагъуэ махуэ», 321. Псы уэру лъагъуэ пхызыхынум, къарур жэхункӀэ имыух, Си гъащӀэ ябгэр щызухынум, Шы жэр сытесу среух. СыкӀуэнт нэхъ псынщӀэу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 10. Бгы джабэм псы лъагъуэ дапщэ къехми тыншу уолъагъу. Щынэхужьыкъуэ, 53. 4. (1). Алэрыбгъу кӀыхь, шэщӀа. Абы ещхьу алэрыбгъур бжэӀупэм Ӏуалъхьэрэ нысэишэ ящӀамэ, нысащӀэр алэрыбгъу лъагъуэм тету и лэгъунэм щӀашэ, къафэу, фочыр ягъауэу, уэредадэри жаӀэу. Лъапсэ, 54. ◊ Лъагъуэ пхышын (1). Япэ дыдэ Ӏуэху ехьэжьэн, ар зэфӀэгъэувэн. Лъагъуэ пхышыныр ӀэджэкӀэ нэхъ гугъущ, ар гъуэгужь хъуа нэужь урикӀуэным нэхърэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. Лъагъуэ хэшын (9). Еплъ лъагъуэ пхышын. Езы Алий хузэфӀэкӀар мащӀэкъым зыхэмыта Ӏуэху хэтащ жыпӀэу птхын хуэдэу, и Ӏэдакъэ щӀэкӀами уаситӀ хуэбгъэувын хуейщ, япэ къищри лъагъуэ ди культурэм щыхишащи. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 518. Бгы джабэр задэу дэкӀыгъуейми, Щыхашыр лъагъуэ зэрыкӀуэн. Ӏэмал зимыӀэ. «Батырыбжьэ», 131. Нэшэкъашэу лъагъуэр хишми, къуэшхуэм

Düzeltme Öner

лъагъуэ пхышын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.