щӀы къатибл

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЛӀахэм я псэр здэкӀуэж щӀы щӀагъым щыӀэ дуней; ахърэт.

Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуами, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж.— Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… Щхьэлыкъуэ, 400

+2 örnek

ЩӀым и къатиблым лӀы щӀэсар Къытехьэ хуэдэт, хуэӀэнкуну – Зи атом бомбэ щӀыр зысар.— ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 52

Сэ щӀы къатиблыр къыслъысами, Си анэм и бзэр сӀэщӀэмыкӀ.— Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374

Deyimler (6)

щӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун

[Чачэ, Думэсарэ хуэгъэзауэ:] Езы молэ Саид жиӀэжу зэхэзмыхамэ, ялыхь, псори дызыхуэпщылӀу напэ хужькӀэ дызыхуэкӀуэжын, сызэрытым сумыгъэкӀыу щӀы къатиблкӀэ сыкӀуэцӀрыгъэху…— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

Еплъ: щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн

щӀы къатиблым ехын

Зыгуэрым зэрыхуэшхыдэ псалъэ, «щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн» мыхьэнэ иӀэу.

Пхъэр и ужь щӀимытри гурыӀуэгъуэщ: емынэ уз къофыкӀыу щыжыпӀакӀэ, хэт къыпхуэгузэвэн, щӀы къатиблым еух жаӀэнщи, ежьэжынщ, хъыджэбз цӀыкӀухэми «емынэ уз зэфыкӀ къытхэтащ» жаӀэмэ, зыми ищэхунукъыми, я жьэм къыжьэдэкӀыу ядэнукъым.— Лъапсэ, 53

щӀы къатиблым къыщӀэхын

Дэнэ щымыӀами къэгъуэтын.

[Къазджэрий къэгуфӀащ:] [ТӀутӀэрэ Матренэрэ хуэгъэзауэ] – ЩӀыкъатиблым къыщӀэпхами, къэгъуэт [ахъшэ]! – аращ Инал жиӀари [комисарым хуэгъэзауэ]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562

щӀы къатиблым щӀэсын

Къэбгъуэтыну гугъуу щытын.

Ар щӀы къатиблым щӀэст игъащӀэм – Къару зищӀысыр зым имыщӀэу.— Атом. «Дамыгъэ», 101

2 deyim daha

щӀы къатиблым щӀэхуэн

И фэр ихын, дунейм техун.

Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуами, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж.— Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… Щхьэлыкъуэ, 400

щӀы къатиблым щӀыхьэн

[Нахъуэ, зэӀущӀэм кърихьэлӀахэм хуэгъэзауэ:] Жыраслъэн къуршым ихьэжауэ жаӀэ, къуршкъым, щӀы къатиблым щӀыхьами, тӀэщӀэкӀынукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647

Еплъ: щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЫ КЪАТИБЛ (12). ЛӀахэм я псэр здэкӀуэж щӀы щӀагъым щыӀэ дуней; ахърэт. Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуами, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… «Щхьэлыкъуэ», 400. ЩӀым и къатиблым лӀы щӀэсар Къытехьэ хуэдэт, хуэӀэнкуну – Зи атом бомбэ щӀыр зысар. ПщӀыхьэпӀэ. «Мывэ хуабэ», 52. Сэ щӀы къатиблыр къыслъысами, Си анэм и бзэр сӀэщӀэмыкӀ. Ди бзэмрэ сэрэ. «Щхьэлыкъуэ», 374. ◊ ЩӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун (1). Еплъ щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн. [Чачэ, Думэсарэ хуэгъэзауэ:] Езы молэ Саид жиӀэжу зэхэзмыхамэ, ялыхь, псори дызыхуэпщылӀу напэ хужькӀэ дызыхуэкӀуэжын, сызэрытым сумыгъэкӀыу щӀы къатиблкӀэ сыкӀуэцӀрыгъэху… Хъуэпсэгъуэ нур, 239. ЩӀы къатиблым ехын (1). Зыгуэрым зэрыхуэшхыдэ псалъэ, «щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн» мыхьэнэ иӀэу. Пхъэр и ужь щӀимытри гурыӀуэгъуэщ: емынэ уз къофыкӀыу щыжыпӀакӀэ, хэт къыпхуэгузэвэн, щӀы къатиблым еух жаӀэнщи, ежьэжынщ, хъыджэбз цӀыкӀухэми «емынэ уз зэфыкӀ къытхэтащ» жаӀэмэ, зыми ищэхунукъыми, я жьэм къыжьэдэкӀыу ядэнукъым. Лъапсэ, 53. ЩӀы къатиблым къыщӀэхын (1). Дэнэ щымыӀами къэгъуэтын. [Къазджэрий къэгуфӀащ:] [ТӀутӀэрэ Матренэрэ хуэгъэзауэ] – ЩӀыкъатиблым къыщӀэпхами, къэгъуэт [ахъшэ]! – аращ Инал жиӀари [комисарым хуэгъэзауэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562. ЩӀы къатиблым щӀэсын (1). Къэбгъуэтыну гугъуу щытын. Ар щӀы къатиблым щӀэст игъащӀэм – Къару зищӀысыр зым имыщӀэу. Атом. «Дамыгъэ», 101. ЩӀы къатиблым щӀэхуэн (1). И фэр ихын, дунейм техун. Зэ щӀы къатиблым сыщӀэпхуами, Уи нейкӀэ цӀыхум сагъэпэж. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… «Щхьэлыкъуэ», 400. ЩӀы къатиблым щӀыхьэн (1). Еплъ щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн. [Нахъуэ, зэӀущӀэм кърихьэлӀахэм хуэгъэзауэ:] Жыраслъэн къуршым ихьэжауэ жаӀэ, къуршкъым, щӀы къатиблым щӀыхьами, тӀэщӀэкӀынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647.

Düzeltme Öner

щӀы къатибл
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.