щӀы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
чӀы/щӀы, чӀыгу/щӀыгу; ARAZİ
щӀы/чӀы, чӀыгу/щӀыгу; ARAZİ, TOPRAK, KARA
чӀы/щӀы, чӀыгу/щӀыгу; KARA (toprak)
кӀы/щӀы 2, кӀымаф/щӀымахуэ; KIŞ
щӀы 2/кӀы, щӀымахуэ/кӀымаф; KIŞ
чӀы/щӀы, чӀыгу/щӀыгу, ятӀэ; TOPRAK
ятӀэ, чӀы/щӀы, чӀыгу/щӀыгу; TOPRAK
чӀы/щӀы, чӀыгу/щӀыгу, чӀыгулъ/щӀыгулъ; YER, TOPRAK
щӀы/чӀы, чӀыгу/щӀыгу, ятӀэ; YER, TOPRAK
Bu sonuç kitaptaki 9 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цӀыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
ру(хьэрфышхуэкӀэ кърагъажьэ) Земля (планета)
Дунейм щӀалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩӀым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ.— Ӏуащхьэмахуэ
2. ЩӀы хъурейм и щхьэ къат и щӀыӀу.
рупочва, верхний слой земной коры
Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукӀэ щӀым зыхадзэри тӀэкӀурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу.— Жаным Борис
3.
руЩӀы фӀыцӀэ. ЩӀы пшэр.
4. Къэрал, хэку.
рустрана
Нэмыцэр ди щӀым къихьэгъащ.
Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щӀыӀэгъуэ зэман; щӀымахуэ.
рузима
Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀа нэужьщ жылэр щӀым щыхалъхьэр.
Bu maddedeki ifadeler (36)
щӀы зэдэшх хъун
руоказаться равными по силе (в национальном виде борьбы).
ЩӀалитӀыр зэбэныхукӀэ зэрытемыгъакӀуэу щӀы зэдэшх мэхъу.
щӀы фӀыцӀэм ихун
русжить со света.
Дзэ узым щӀы фӀыцӀэм ирихун.
щӀы фӀыцӀэжьым щӀэгъэлъэдэн
рузакопать в землю, сжить со света.
Ар губжьащи щӀы фӀыцӀэжьым ущӀигъэлъэдэнщ.
щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн
рупровалиться сквозь землю.
- Елдар гъусэ щӀыи зегъэхь. ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, - жиӀащ {Инал}.— КӀыщокъуэ Алим
32 ifade daha
щӀы хъурей
руземной шар.
ЩӀы щхьэфэ хъун!
рудай бог, чтоб ты превратился в прах! (проклятие).
щӀым и гъунэ
руочень далеко; за тридевять земель.
ЩӀым и гъунэ щыӀэн.
щӀым икӀыжын
руисчезнуть, пропасть.
щӀым кӀуэцӀрыхун
щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн
щӀым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун)
рубезмерно любить, лелеять кого-л.; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям).
Зым нэхърэ адрейр нэхъ лӀыхъужьу дэлъхуибл иӀэт хъыджэбзым, икӀи я шыпхъу закъуэр абыхэм щӀым намыгъэсу ялъагъурт.— Адыгэ таурыхъхэр
щӀым псэ къыхэхьэн
рупробуждаться с наступлением весны (о почве).
ЩӀым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щӀадзэ.
щӀым пхрыхуам нэхъ къэщтэн
рупредпочесть что-л. чему-л.
Фызыр апхуэдизкӀэ укӀытати, щӀым пхрыхуам нэхъ къищтэнт.
щӀым щыщ щӀыжын
русровнять с землей.
Унэ цӀыкӀур щӀым щыщ ящӀыжащ.
щӀым щӀэпщхьэным хуэдэу
щӀым пхыхуам нэхъ къэщтэн
ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу укӀытэн.
щӀым щӀэхуэн
щӀы фӀыцӀэм ихун
щӀыр бжьэкӀэ къэпщын
рулениться.
ЩӀыр бжьэкӀэ къепщри, къыпыщым тоувэ.— Адыгэ таурыхъхэр
щӀыр бзэгупэкӀэ егъэбзеин
рунагнать страху.
щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн
щӀыр гъэпшэрын
руудобрять землю.
ЩӀыр куэншыбкӀэ ягъэпшэр.
ЩӀыр зэгуэхуу я кум дэхуэн.
руПровалиться сквозь землю.
Иныжьыр абдеж иӀэпхъукӀри щӀыр зэгуэхуу я кум дэхуа фӀэкӀа умыщӀэну бзэхащ.— Адыгэ таурыхъхэр
щӀыр зехьэн
руухаживать на землей.
щӀыр хъеин
рутрястись (о земле).
щӀыр щхьэцыкӀэкӀэ егъэпхъэнкӀын
щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн
щӀыр ӀэгуфэкӀэ (ӀэгупсэкӀэ) къэгъэзэн
русокрушаться.
Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кӀуэцӀыкӀыщӀэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щӀыр ӀэгуфэкӀэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}.— КӀэрашэ Тембот
щӀы гъунэ 1.
Дунейм и гъунэ, и кӀэ.
рукрай земли, край света
- ЩӀы гъунэм фыкӀуэми, фысӀэщӀэкӀынкъым, - жиӀэрт иныжьым.— ӀуэрыӀуатэ
2. Зыгуэрым бгъэдэлъ щӀыр щиух.
руграница
Вгъэбыдэ фи Ӏуэхур щӀы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр.— ПащӀэ Бэчмырзэ
щӀы кӀапэ
Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щӀы кӀапэ къытехьэр занщӀэу къищӀэрт.— ӀуэрыӀуатэ
Еплъ: щӀы гъунэ
щӀы къат
Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкӀи щытыкӀэкӀи щӀыр ӀупщӀэ-ӀупщӀэу зэрызэщхьэщыкӀхэм ящыщ зы.
руслой, пласт земли
Лъэпщ и сыджыр щӀы къатибл и кууагъыу хэтӀат. Нарт.
щӀы къатибл
Диным къызэригъэлъагъуэмкӀэ лӀахэм я псэр здэкӀуэж щӀы щӀагъым щыӀэ дуней; ахърэт.
рурелиг. ад, преисподняя
ЩӀы къатиблым къыщӀэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиӀар.— КӀыщокъуэ Алим
щӀы къатибл ухъу
рупровались ты в тартарары.
щӀы къатиблкӀэ щӀэулъадэ
щӀы къатибл ухъу
щӀы къатиблым ежэхын
щӀы къатибл ухъу
щӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун
щӀы къатибл ухъу
щӀы ныкъуэхь
Бэджэндэу къащта щӀы Ӏыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щӀыр зейм ептын хуейуэ.
рунаем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину
щӀы тхьэкӀумэкӀыхь
Зи кӀэбдз лъакъуитӀыр нэхъ кӀыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ.
рутушканчик
щӀы шэуэжа
Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкӀэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щӀы Ӏыхьэ.
рузалежная земля
ЩӀы шэуэжахэми гъавэ тращӀэу щӀадзэжащ.
щӀы щхьэфэ
ЩӀым и щхьэ къат.
руповерхность земли
щӀы щӀагъ
ЩӀым и щӀагъ.
руподземелье
Kitapta geçtiği hali
щӀы I 1. (хьэрфышхуэкӀэ кърагъажьэ) Земля (планета) / Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цӀыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ. * Дунейм щӀалэгъуалэу тетыр фызэгухьэм, ЩӀым мамырыгъэр тепщэ щыхъунщ. Ӏуащхь. 2. почва, верхний слой земной коры / ЩӀы хъурейм и щхьэ къат и щӀыӀу. * Сенрэ Мэзанрэ ныбэгукӀэ щӀым зыхадзэри тӀэкӀурэ щылъащ, хьэкъей гуэрэн лъахъшэм хэлъу. Ж. Б. 3. см. щӀыгулъ. ЩӀы фӀыцӀэ. ЩӀы пшэр. 4. страна / Къэрал, хэку. Нэмыцэр ди щӀым къихьэгъащ. ЩӀы зэдэшх хъун оказаться равными по силе (в национальном виде борьбы). ЩӀалитӀыр зэбэныхукӀэ зэрытемыгъакӀуэу щӀы зэдэшх мэхъу. ЩӀы фӀыцӀэм ихун сжить со света. Дзэ узым щӀы фӀыцӀэм ирихун. ЩӀы фӀыцӀэжьым щӀэгъэлъэдэн закопать в землю, сжить со света. * Ар губжьащи щӀы фӀыцӀэжьым ущӀигъэлъэдэнщ. ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн провалиться сквозь землю. * - Елдар гъусэ щӀыи зегъэхь. ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, - жиӀащ {Инал}. КӀ. А. ЩӀы хъурей земной шар. ЩӀы щхьэфэ хъун! дай бог, чтоб ты превратился в прах! (проклятие). ЩӀым и гъунэ очень далеко; за тридевять земель. ЩӀым и гъунэ щыӀэн. ЩӀым икӀыжын исчезнуть, пропасть. ЩӀым кӀуэцӀрыхун = щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн. ЩӀым нэмыгъэсу зехьэн (лъагъун) безмерно любить, лелеять кого-л.; с любовью и уважением относиться к кому-л. (напр. к родителям). * Зым нэхърэ адрейр нэхъ лӀыхъужьу дэлъхуибл иӀэт хъыджэбзым, икӀи я шыпхъу закъуэр абыхэм щӀым намыгъэсу ялъагъурт. Ад. таур. ЩӀым псэ къыхэхьэн пробуждаться с наступлением весны (о почве). ЩӀым псэ къыхэхьэмэ, жыласэм щӀадзэ. ЩӀым пхрыхуам нэхъ къэщтэн предпочесть что-л. чему-л. * Фызыр апхуэдизкӀэ укӀытати, щӀым пхрыхуам нэхъ къищтэнт. ЩӀым щыщ щӀыжын сровнять с землей. Унэ цӀыкӀур щӀым щыщ ящӀыжащ. ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу = щӀым пхыхуам нэхъ къэщтэн. ЩӀым щӀэпщхьэным хуэдэу укӀытэн. ЩӀым щӀэхуэн = щӀы фӀыцӀэм ихун. ЩӀыр бжьэкӀэ къэпщын лениться. * ЩӀыр бжьэкӀэ къепщри, къыпыщым тоувэ. Ад. таур. ЩӀыр бзэгупэкӀэ егъэбзеин = щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн нагнать страху. ЩӀыр гъэпшэрын удобрять землю. ЩӀыр куэншыбкӀэ ягъэпшэр. ЩӀыр зэгуэхуу я кум дэхуэн. Провалиться сквозь землю. * Иныжьыр абдеж иӀэпхъукӀри щӀыр зэгуэхуу я кум дэхуа фӀэкӀа умыщӀэну бзэхащ. Ад. таур. ЩӀыр зехьэн ухаживать на землей. ЩӀыр хъеин трястись (о земле). ЩӀыр щхьэцыкӀэкӀэ егъэпхъэнкӀын = щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн. ЩӀыр ӀэгуфэкӀэ (ӀэгупсэкӀэ) къэгъэзэн сокрушаться. * Дарихъан сымаджэ хьэлъэу, уз къыхэлъадэм и кӀуэцӀыкӀыщӀэр ичатхъэр гызу, хуэмышэчыжу щӀыр ӀэгуфэкӀэ игъазэу зепщыпщэу.. {щытащ}. КӀ. Т. щӀы гъунэ 1. край земли, край света / Дунейм и гъунэ, и кӀэ. * - ЩӀы гъунэм фыкӀуэми, фысӀэщӀэкӀынкъым, - жиӀэрт иныжьым. фольк. 2. граница / Зыгуэрым бгъэдэлъ щӀыр щиух. * Вгъэбыдэ фи Ӏуэхур щӀы гъунэм, Вгъашхэ шагъдийхэр. П. Б. щӀы кӀапэ см. щӀы гъунэ. * Индыр хъаныр тхьэгурымагъуэт, и щӀы кӀапэ къытехьэр занщӀэу къищӀэрт. фольк. щӀы къат слой, пласт земли / Хэлъ пкъыгъуэхэм елъытауэ, плъыфэкӀи щытыкӀэкӀи щӀыр ӀупщӀэ-ӀупщӀэу зэрызэщхьэщыкӀхэм ящыщ зы. Лъэпщ и сыджыр щӀы къатибл и кууагъыу хэтӀат. Нарт. щӀы къатибл религ. ад, преисподняя / Диным къызэригъэлъагъуэмкӀэ лӀахэм я псэр здэкӀуэж щӀы щӀагъым щыӀэ дуней; ахърэт. * -ЩӀы къатиблым къыщӀэпхами къэгъуэт, - аращ Инал жиӀар. КӀ. А. ЩӀы къатибл ухъу провались ты в тартарары. ЩӀы къатиблкӀэ щӀэулъадэ = щӀы къатибл ухъу. ЩӀы къатиблым ежэхын = щӀы къатибл ухъу. ЩӀы къатиблкӀэ кӀуэцӀрыхун = щӀы къатибл ухъу. щӀы ныкъуэхь наем земельного участка с выплатой половины урожая хозяину / Бэджэндэу къащта щӀы Ӏыхьэ, гъавэу къытрахым и ныкъуэр щӀыр зейм ептын хуейуэ. щӀы тхьэкӀумэкӀыхь тушканчик / Зи кӀэбдз лъакъуитӀыр нэхъ кӀыхь губгъуэ дзыгъуэ лъэпкъ. щӀы шэуэжа залежная земля / Явэу щытауэ илъэс зыбжанэкӀэ ямывэжа, зытемылэжьыхьыжа щӀы Ӏыхьэ. ЩӀы шэуэжахэми гъавэ тращӀэу щӀадзэжащ. щӀы щхьэфэ поверхность земли / ЩӀым и щхьэ къат. щӀы щӀагъ подземелье / ЩӀым и щӀагъ. II устар. зима / Гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ яку дэлъ щӀыӀэгъуэ зэман; щӀымахуэ. Гъэрэ щӀырэ зэхэкӀа нэужьщ жылэр щӀым щыхалъхьэр.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цӀыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ.
Аращ зыхуэкӀуэр ди гъащӀэр, Дызыхуэзэнур сэ слъэгъуащ: Лъэпкъ псори хъунущ зы бынунэ, ЩӀыр щӀэкӀэрахъуэри аращ.— Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99
+2 örnek
Пшэ ардыщӀым цӀыху щыпсэухэр, ЖытӀэу псоми дэ дгъэщӀагъуэу, ГъущӀым хуэдэу быдэ защӀэу, ЩӀым къехауи зэм уолъагъур— Пшэ адрыщӀым щыпсэу. «Партыр ди пашэу», 19
Дунеищри зэпэӀэщӀэщ, ЩӀым хуэфащэр щӀылъэм телъщ, Уафэм уеплъмэ, пшэкӀэ бейщ, ЩӀым и щӀагъым мафӀэр щӀэлъщ.— Индийскэ поэмэ, 364
1. ЩӀы хъурейм и щхьэ къат, и щӀыӀу.
Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу!— ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99
+2 örnek
Жьым зэредзэр парашютыр, Бгъэхэр уэгум щоуфэрэз, ЩӀым къытолъэр летчикитӀыр, ТӀури щӀыгум щоджэрэз.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45
А блэр си пащхьэм мис къихуащи, МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къэбыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56
2. ЩӀым щыщу къэкӀыгъэхэм я лъабжьэр зыхэт, «зыгъашхэ» япэ къатыр.
ЗищӀ къытрахауэ щытами я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэ тесу уэрамым къыдыхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт: – Щхьэ къыдумычрэ нартыхур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 278
+2 örnek
Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ, Жылапхъэр хьэдзэу къызощып.— Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343
Си хьэсэр щӀакӀуэу схуаубгъуащи, ЩӀы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ.— Сыкъыщалъхуар мы щӀыпӀэрщ. «Щхьэлыкъуэ», 387
3. ЩӀыпӀэ хэха къэзыгъэлъагъуэ, къэрал, хэку.
1921 гъэм и гъэмахуэкӀэм хуэзэу ЕтӀуанэ областной парт конференцыр зэхуэсати, доклад зыщӀынум и тезисым хэтт: революцэм щӀыр лъэпкъ псоми я зэхуэдэу щытын хуейщ жеӀэри, къэбэрдеищӀым щыщи къэзакъхэм я щӀым щыщи осетиемрэ Дигориемрэ къыдрат жиӀэу.— Лъапсэ, 88
+1 örnek
ЦӀыху мыгъыфауэ игъащӀэм, Сыгъынущ нэпсыр мыухыу, ТолъкъункӀэ нэпкъыр итхьэщӀу, Ар псышхуэу ди щӀым ежэхыу, А псым и гъыбзэр уэрэду КъэбэрдеищӀым щиӀэту. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс!— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181
Deyimler (8)
щӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн
Хъыбарыншэу кӀуэдын.
[Инал, Къазджэрийрэ Елдаррэ хуэгъэзауэ:] ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597
щӀым кӀуэцӀрыхун
КӀуэдын.
ЩӀым кӀуэцӀрыхуу кӀуэдам хуэдэщ.— Нэгъуху, 34
щӀым щӀэхуэн
Дунейм техун, удын телъхьэн.
[Залымджэрий, тутнакъэщым исхэм хуэгъэзауэ:] – ЩӀым фыщӀэсхуэнщ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
пэкӀэ щӀыр егъэвэн
Еплъ: пэ
4 deyim daha
щӀыр зэгуэуду я зэхуакум дэхуэн
Уэхпсэхыу кӀуэдын.
ЩӀыр зэгуэудри я зэхуакум Дэхуащ кӀыфӀыгъи, зеущэху.— КӀыфӀыгъэ. «Дамыгъэ», 113
щӀыр лъабжьэкӀэ ихын
Узым, уӀэгъэм къыхэкӀыу гугъу ехьын. -72.
Щыхьыр и адэм къиукӀа игугъами, къэзыукӀар аратэкъым, Мэмэт-щӀакъуэ кӀакхъу щӀича къудейуэ, къуацэ-чыцэм зылӀ къыхэжри, щыхь уӀэгъэ хъуауэ щӀыр лъабжьэкӀэ изыхым, сэ жан иӀыгъыу бгъэдэлъэдащ.— Лъапсэ, 71
щӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн
Гугъу егъэхьын.
Бэлаци къэсати Дисэ текӀиящ: – Алыхьым и цӀэкӀэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
щӀым пхрыхуам хуэдэн
КӀуэдын, бзэхын, ямыгъуэтыжын.
Зауэшхуэри къэхъуащ, дунейр хьэрийкурий хъужри, Нурхьэлий и хъыбар лъэпкъ щымыӀэу бзэхащ, щӀым пхрыхуам хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Къэмыутхъуэу, къабзэ защӀэу, Зы хьэпщхупщи хэмысыфу, И фэм уеплъмэ, дахэу, псыфу ЩӀым пхырыхури хъуащ ар щхъуантӀэ, Сыт хыхьами итщ хэкӀуадэу, Ноби ди щӀым ар и дыркъуэу.— Елбэздыкъуэ, 21
Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 145
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЫ I (17). Ещанэу Дыгъэм пэщыт, цӀыхухэр, псэущхьэхэр щыпсэу планетэ. Аращ зыхуэкӀуэр ди гъащӀэр, Дызыхуэзэнур сэ слъэгъуащ: Лъэпкъ псори хъунущ зы бынунэ, ЩӀыр щӀэкӀэрахъуэри аращ. Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99. Пшэ ардыщӀым цӀыху щыпсэухэр, ЖытӀэу псоми дэ дгъэщӀагъуэу, ГъущӀым хуэдэу быдэ защӀэу, ЩӀым къехауи зэм уолъагъур. Пшэ адрыщӀым щыпсэу. «Партыр ди пашэу», 19. Дунеищри зэпэӀэщӀэщ, ЩӀым хуэфащэр щӀылъэм телъщ, Уафэм уеплъмэ, пшэкӀэ бейщ, ЩӀым и щӀагъым мафӀэр щӀэлъщ. «Индийскэ поэмэ», 364.
ЩӀЫ II (302). 1. (252). ЩӀы хъурейм и щхьэ къат, и щӀыӀу. Бгы пцӀанэр къущхьэм я Ӏыхьэу, Къэбэрдеипщыр тафэм и тепщэу, Балъкъэр дищӀ къихьэм щагъэхьэу, Зэман блэкӀакъэ кӀыхьыщэу! ЗэкъуэшитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 99. Жьым зэредзэр парашютыр, Бгъэхэр уэгум щоуфэрэз, ЩӀым къытолъэр летчикитӀыр, ТӀури щӀыгум щоджэрэз. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45. А блэр си пащхьэм мис къихуащи, МыувыӀэу дыгъэр къепсын папщӀэ, ДищӀ илъ сщӀэжыныр къэбыл сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ. Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 56. 2. (34). ЩӀым щыщу къэкӀыгъэхэм я лъабжьэр зыхэт, «зыгъашхэ» япэ къатыр. ЗищӀ къытрахауэ щытами я щхьэр къаӀэтауэ батэкъутэр ягъэшырт, загъэлӀу шы дахэ тесу уэрамым къыдыхьэрти абы я щӀыр зыва къулейсызхэм тефыщӀыхьырт, иныкъуэхэр щыкӀауэ псалъэрт: – Щхьэ къыдумычрэ нартыхур? Хъуэпсэгъуэ нур, 278. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ, Жылапхъэр хьэдзэу къызощып. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343. Си хьэсэр щӀакӀуэу схуаубгъуащи, ЩӀы вам хэплъхьари уэ пшхыжынщ. Сыкъыщалъхуар мы щӀыпӀэрщ. «Щхьэлыкъуэ», 387. 3. (16). ЩӀыпӀэ хэха къэзыгъэлъагъуэ, къэрал, хэку. 1921 гъэм и гъэмахуэкӀэм хуэзэу ЕтӀуанэ областной парт конференцыр зэхуэсати, доклад зыщӀынум и тезисым хэтт: революцэм щӀыр лъэпкъ псоми я зэхуэдэу щытын хуейщ жеӀэри, къэбэрдеищӀым щыщи къэзакъхэм я щӀым щыщи осетиемрэ Дигориемрэ къыдрат жиӀэу. Лъапсэ, 88. ЦӀыху мыгъыфауэ игъащӀэм, Сыгъынущ нэпсыр мыухыу, ТолъкъункӀэ нэпкъыр итхьэщӀу, Ар псышхуэу ди щӀым ежэхыу, А псым и гъыбзэр уэрэду КъэбэрдеищӀым щиӀэту. Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. Дзэкъэгъуэ закъуи Ӏувмыгъахуэ, Гум жьы дихуни лъывмыгъэс, Фымыдэ фи щӀым ар къихьэххэу – Фи губжь и мафӀэм бийр евгъэс! ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 181. ◊ ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьэн (1). Хъыбарыншэу кӀуэдын. [Инал, Къазджэрийрэ Елдаррэ хуэгъэзауэ:] ЩӀы фӀыцӀэм щӀыхьами, къэгъуэт, – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 597. ЩӀым кӀуэцӀрыхун (1). КӀуэдын. ЩӀым кӀуэцӀрыхуу кӀуэдам хуэдэщ. Нэгъуху, 34. ЩӀым щӀэхуэн (1). Дунейм техун, удын телъхьэн. [Залымджэрий, тутнакъэщым исхэм хуэгъэзауэ:] – ЩӀым фыщӀэсхуэнщ! Хъуэпсэгъуэ нур, 293. ПэкӀэ щӀыр егъэвэн (2). Еплъ пэ. ЩӀыр зэгуэуду я зэхуакум дэхуэн (1). Уэхпсэхыу кӀуэдын.ЩӀыр зэгуэудри я зэхуакум Дэхуащ кӀыфӀыгъи, зеущэху. КӀыфӀыгъэ. «Дамыгъэ», 113. ЩӀыр лъабжьэкӀэ ихын (1). Узым, уӀэгъэм къыхэкӀыу гугъу ехьын. Щыхьыр и адэм къиукӀа игугъами, къэзыукӀар аратэкъым, Мэмэт-щӀакъуэ кӀакхъу щӀича къудейуэ, къуацэ-чыцэм зылӀ къыхэжри, щыхь уӀэгъэ хъуауэ щӀыр лъабжьэкӀэ изыхым, сэ жан иӀыгъыу бгъэдэлъэдащ. Лъапсэ, 71-72. ЩӀыр лъэдакъэпэкӀэ егъэвэн (1). Гугъу егъэхьын. Бэлаци къэсати Дисэ текӀиящ: – Алыхьым и цӀэкӀэ соӀуэ, лъэдакъэпэкӀэ уэзмыгъавэм щӀыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. ЩӀым пхрыхуам хуэдэн (4). КӀуэдын, бзэхын, ямыгъуэтыжын. Зауэшхуэри къэхъуащ, дунейр хьэрийкурий хъужри, Нурхьэлий и хъыбар лъэпкъ щымыӀэу бзэхащ, щӀым пхрыхуам хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Къэмыутхъуэу, къабзэ защӀэу, Зы хьэпщхупщи хэмысыфу, И фэм уеплъмэ, дахэу, псыфу ЩӀым пхырыхури хъуащ ар щхъуантӀэ, Сыт хыхьами итщ хэкӀуадэу, Ноби ди щӀым ар и дыркъуэу. «Елбэздыкъуэ», 21. Къуажэм дэсхэр шыгъу хуейми, фэтыджэн хуейми иджы къалэм нэс мыкӀуэу хъуртэкъыми, шхыдэрт, хъущӀэрт, лафкӀэтетыр къагъуэтыжами, дыхьэшхын фӀэкӀа иращӀэни щыӀэтэкъым, арщхьэкӀэ Рахьим щӀым пхырыхури думпу бзэхат. Хъуэпсэгъуэ нур, 145.