кӀуэжын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
кӀуэжын/кӀожьын; (кӀожьыгъэ/ кӀуэжащ:tekrar geri gitti; мэкӀожьы /мэкӀуэж: tekrar geri gidiyor); GİTMEK, GERİ ~;
кӀуэжын/кӀожьын; GİTMEK, (öteye tekrar geri ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэкӀуэж)
1.
рувернуться снова (домой, на работу и т. д.)гъэзэжын, унэтӀыжын. Унэм кӀуэжын.
2. Ӏэпхъуэн, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ псэупӀэ щӀын.
рупоменять место жительства
Дисэ куэд щӀауэ къалэм кӀуэжауэ и пхъум бгъэдэсу дэсщ.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
дэнэ кӀуэжын
Еплъ: дэнэ
Kitapta geçtiği hali
кӀуэжын (мэкӀуэж) неперех. гл. 1. вернуться снова (домой, на работу и т. д.)гъэзэжын, унэтӀыжын. Унэм кӀуэжын. 2. переносное поменять место жительства / Ӏэпхъуэн, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ псэупӀэ щӀын. * Дисэ куэд щӀауэ къалэм кӀуэжауэ и пхъум бгъэдэсу дэсщ. Ӏуащхь. Дэнэ кӀуэжын см. дэнэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэкӀуэж)
1. КъыздикӀам гъэзэжын.
[Ӏурарэ] КъакӀуэми, япэм хуэдэу пӀащӀэ-тхъытхъыу кӀуэжыртэкъым, къанэурэ жэщ щыщыӀэ къэхъурт, уеблэмэ зыдэкӀуэжауэ илъэс пщӀыкӀух хуэдизри зыдэпсэуа лӀыр къэгузэвауэ, къыщигъакӀуэ щыӀэт, нэкӀуэж жиӀэри къыпхуиӀуэхуащ, жиӀэу.— Къалэн, 430
+2 örnek
Губгъуэм ит псори зэплъэкӀыу Я пщыӀэм пӀащӀэу мэкӀуэж, Уэшх ткӀуэпс зырызхэр къэпӀэнкӀыу Удз тхьэмпэм техуэм еукъуэнщ.— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110
Мазэ тхылъым едэӀуахэр Унэм кӀуэжми, ягу зэгъэн— Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 337
2. Ӏэпхъуэн, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ псэупӀэ щӀын.
А цӀыхубзыр жэщым гъуэлъыжамэ, Къэбэрдей кӀуэжауэ щыпсэу хуэдэу пщӀыхьэпӀэ илъагъурт [Саний].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530
+2 örnek
Нэхъыжьыфэ зэплъар аргуэру къызоупщӀ: - Фи хэкум щхьэ умыкӀуэжрэ [Алыджыкъуэ]?— МелыӀыч, 453
Хьэблэ фызхэм зэхахт Дахэуэс унэри щӀапӀэри ищэу и дыщым я деж кӀуэжыну мурад зэрищӀар— ГущӀэгъу, 424
Deyimler (1)
ахърэтым кӀуэжын
Еплъ: ахърэт
Kitapta geçtiği hali
КӀУЭЖЫН (мэкӀуэж) лъэмыӀ. (167). 1. (133). КъыздикӀам гъэзэжын. [Ӏурарэ] КъакӀуэми, япэм хуэдэу пӀащӀэ-тхъытхъыу кӀуэжыртэкъым, къанэурэ жэщ щыщыӀэ къэхъурт, уеблэмэ зыдэкӀуэжауэ илъэс пщӀыкӀух хуэдизри зыдэпсэуа лӀыр къэгузэвауэ, къыщигъакӀуэ щыӀэт, нэкӀуэж жиӀэри къыпхуиӀуэхуащ, жиӀэу. Къалэн, 430. Губгъуэм ит псори зэплъэкӀыу Я пщыӀэм пӀащӀэу мэкӀуэж, Уэшх ткӀуэпс зырызхэр къэпӀэнкӀыу Удз тхьэмпэм техуэм еукъуэнщ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110. Мазэ тхылъым едэӀуахэр Унэм кӀуэжми, ягу зэгъэн? Тхылъ еджапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 337. 2. (32). Ӏэпхъуэн, нэгъуэщӀ щӀыпӀэ псэупӀэ щӀын. А цӀыхубзыр жэщым гъуэлъыжамэ, Къэбэрдей кӀуэжауэ щыпсэу хуэдэу пщӀыхьэпӀэ илъагъурт [Саний]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530. Нэхъыжьыфэ зэплъар аргуэру къызоупщӀ: - Фи хэкум щхьэ умыкӀуэжрэ [Алыджыкъуэ]? МелыӀыч, 453. Хьэблэ фызхэм зэхахт Дахэуэс унэри щӀапӀэри ищэу и дыщым я деж кӀуэжыну мурад зэрищӀар. ГущӀэгъу, 424. ◊ Ахърэтым кӀуэжын (2). Еплъ ахърэт.