къэщэхужын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къещэхуж)

1. Ахъшэ щӀэту къеӀыхыжын.

рувыкупить кого-л.

ИжькӀэ уӀэбэмэ.. мылъку зиӀэ бей зи благъэ, зи къуэш щыӀэмэ кӀуэти гъэр хъуар къищэхужт.— КӀыщокъуэ Алим

2. Аргуэру къэщэхун; зыгуэрым и пӀэкӀэ къэщэхун.

руснова купить кого-что-л.

Сыхьэт къэщэхужын. Жэм къэщэхужын.

3. Зыгуэрым сэбэп хуэхъун, зыгуэркӀэ арэзы щӀын.

рувыручить кого-л.

Сыкъэфщэхужащ, си гузэвэгъуэ дэвгъэкӀащ, - яжриӀащ лӀым щӀыхьэху къэкӀуахэм.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (1)

щхьэр къэщэхужын

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

къэщэхужын (къещэхуж) перех. гл. 1. устар. выкупить кого-л. / Ахъшэ щӀэту къеӀыхыжын. * ИжькӀэ уӀэбэмэ.. мылъку зиӀэ бей зи благъэ, зи къуэш щыӀэмэ кӀуэти гъэр хъуар къищэхужт. КӀ. А. 2. снова купить кого-что-л. / Аргуэру къэщэхун; зыгуэрым и пӀэкӀэ къэщэхун. Сыхьэт къэщэхужын. Жэм къэщэхужын. 3. переносное выручить кого-л. / Зыгуэрым сэбэп хуэхъун, зыгуэркӀэ арэзы щӀын. * Сыкъэфщэхужащ, си гузэвэгъуэ дэвгъэкӀащ, - яжриӀащ лӀым щӀыхьэху къэкӀуахэм. Ӏуащхь. Щхьэр къэщэхужын см. щхьэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къещэхуж)

1. Ахъшэ щӀэту къеӀыхыжын.

Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ— Лъапсэ, 34

+1 örnek

ПщылӀыр ящэ мэхъу, къащэхуж мэхъу— Къалэн, 429

2. Аргуэру къэщэхун; зыгуэрым и пӀэкӀэ къэщэхун.

[Фэуаз:] Абы хуэдэу и фэр зэрырахар щажесӀэжым, ди адэм унафэ къысхуищӀащ: - КӀуэи, Анка щхьэкӀэ къыдатам хуэдэу тӀу ети, имыдэмэ – щы, шыр къэщэхуж, - жиӀэри— Анка, 384

+1 örnek

[Елдар Степан Ильичрэ Астемыррэ яжреӀэ:] Сыт ди ахъшэкӀэ дызэраукӀын башыр къыщӀэтщэхужынур— Хъуэпсэгъуэ нур, 224

3. Зыгуэрым сэбэп хуэхъун, зыгуэркӀэ арэзы щӀын.

[Семен Мэмэт-щӀакъуэм жреӀэ:] Ди мыститӀри дыщэкӀэ тхуэзылэ жыпӀатэмэ, сыкъэпщэхужат— Лъапсэ, 49

Deyimler (2)

уищэнщи укъищэхужынщ

Еплъ: щэн

щхьэр къэщэхужын

Еплъ: щхьэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЭЩЭХУЖЫН (къещэхуж) лъэӀ. (9). 1. (2). жьы Ахъшэ щӀэту къеӀыхыжын. Къуажэм цӀыхухъу е цӀыхубз дэбзэхыкӀамэ, цӀыхухъуу дэсыр шэсурэ ХьэтӀрэмтӀыгу кхъухь тедзапӀэмкӀэ жэуэ щытащ, ядыгъуар къыщагъуэтыжи Ӏэджэрэ къэхъуащ, иныкъуэми къагъуэтыжа щхьэкӀэ, къэщэхужын хуейуэ зыщэхуам хъыджэбзыр кърищэжын имыдэмэ, зэзауэрт, е ежьэжырти, урыс къалэ гуэрым и гъунэгъу тӀысыжырт, щӀапӀэ къратам унэ иращӀыхьыжауэ. Лъапсэ, 34. ПщылӀыр ящэ мэхъу, къащэхуж мэхъу. Къалэн, 429. 2. (5). Аргуэру къэщэхун; зыгуэрым и пӀэкӀэ къэщэхун. [Фэуаз:] Абы хуэдэу и фэр зэрырахар щажесӀэжым, ди адэм унафэ къысхуищӀащ: - КӀуэи, Анка щхьэкӀэ къыдатам хуэдэу тӀу ети, имыдэмэ – щы, шыр къэщэхуж, - жиӀэри. Анка, 384. [Елдар Степан Ильичрэ Астемыррэ яжреӀэ:] Сыт ди ахъшэкӀэ дызэраукӀын башыр къыщӀэтщэхужынур? Хъуэпсэгъуэ нур, 224. 3. (1). зэхь. Зыгуэрым сэбэп хуэхъун, зыгуэркӀэ арэзы щӀын. [Семен Мэмэт-щӀакъуэм жреӀэ:] Ди мыститӀри дыщэкӀэ тхуэзылэ жыпӀатэмэ, сыкъэпщэхужат. Лъапсэ, 49. ◊ Уищэнщи укъищэхужынщ (2). Еплъ щэн I. Щхьэр къэщэхужын (4). Еплъ щхьэ I.

Düzeltme Öner

къэщэхужын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.