щэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
шэн(ы)/щэн, шэнхабз(э)/щэнхабзэ, шэнышӀуагъ/щэныфӀагъэ; AHLAK (huy; iyi huyluluk)
щэн/шэн (ещэ/ешэ); ÇEKMEK (çekerek götürmek)
шъэн/щэн (ешъэ ещэ); зэӀушъэн/ зэӀущэн (зэӀуешъэ/зэӀуещэ); DOKUMAK
шэн/щэн; GÖTÜRMEK (yürüterek/çekerek ~)
щэн/шэны; HUY, KARAKTER, TABİAT, MİZAÇ
шэны/щэн, ХАРАКТЕР; KARAKTER, TABİAT (huy; mizaç)
ЩЭН (ЕЩЭ); SATMAK
щэн → шъэн; DOKUMAK
щэн → шэн(ы); AHLAK (huy)
Bu sonuç kitaptaki 9 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ещэ)
Сату щӀын, пэкӀуэ уасэр къеӀыхауэ зыгуэрым зыгуэр етын.
рупродать кого-что-л.
Пхъэщхьэмыщхьэ щэн.
ЦӀыху хэтыкӀэ, зыӀыгъыкӀэ с. ху. къызэщӀэзыубыдэ псалъэ.
рухарактер; нрав
Щэн дахэ.
+3 örnek
Акъыл зиӀэм щэн иӀэщ.— Псалъэжьхэр
Нарт шур ныбаблэкъым, тхьэусыхэрейкъым - щэн быдэщ.— Нартхэр
Щэным я нэхъыфӀ дыдэр тэмакъкӀыхьыгъэщ.— Псалъэжьхэр
(ещэ)
ЗэращӀ щӀыкӀэм тету Ӏуданэхэр зэблэбдзурэ щэкӀхэкӀ гуэр щӀын.
руткать
Цеяпхъэ щэн.
+1 örnek
Щагъэ ищэу здэщысым хъыджэбзыр ину хэщэтыкӀащ.— ӀуэрыӀуатэ
Bu maddedeki ifadeler (1)
щэуэ къэщэхужын
руобхитрить, обмануть, обдурить кого-л.
Езы ХьэцӀыкӀуи фӀыуэ къацӀыхут: уищэнщи укъищэхужынщ умыщӀэххэу.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
щэн I (ещэ) перех. гл. продать кого-что-л. / Сату щӀын, пэкӀуэ уасэр къеӀыхауэ зыгуэрым зыгуэр етын. Пхъэщхьэмыщхьэ щэн. Щэуэ къэщэхужын обхитрить, обмануть, обдурить кого-л. * Езы ХьэцӀыкӀуи фӀыуэ къацӀыхут: уищэнщи укъищэхужынщ умыщӀэххэу. КӀ. А. II характер; нрав / ЦӀыху хэтыкӀэ, зыӀыгъыкӀэ с. ху. къызэщӀэзыубыдэ псалъэ. Щэн дахэ. * Акъыл зиӀэм щэн иӀэщ. (погов.) Нарт шур ныбаблэкъым, тхьэусыхэрейкъым - щэн быдэщ. Нарт. Щэным я нэхъыфӀ дыдэр тэмакъкӀыхьыгъэщ. (погов.) III (ещэ) перех. гл. ткать / ЗэращӀ щӀыкӀэм тету Ӏуданэхэр зэблэбдзурэ щэкӀхэкӀ гуэр щӀын. Цеяпхъэ щэн. * Щагъэ ищэу здэщысым хъыджэбзыр ину хэщэтыкӀащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ещэ)
Сату щӀын, пэкӀуэ уасэр къеӀыхауэ зыгуэрым зыгуэр етын. -63.
Нартыху тӀэкӀу сиӀати, схьэжри сщащ.— МелыӀыч, 472
+2 örnek
Къетау къэралыгъуэ Ӏэджэми щыӀащ, цӀыхум я пӀалъэр ещӀэ, мызэ-мытӀэу Трапезунт, Синоп, Хьэлэб, Мысыр хъыджэбз цӀыкӀу ищэну ишэурэ куэдрэ кӀуащ, а зыдэкӀуэхэм, тхьэм ещӀэ, нэ узыр щигъуэтар - и нитӀыр нобэ мэуз, дэхэдахэуи илъагъужыркъым, накӀэпсыжэ хьэлэчщ, и къуэрылъху щӀыкӀэу зыхуэгузавэуэ щытари лӀы убыдым яубыдри Мысырым щащауэ мамлюкыдзэм хэту жаӀэ щхьэкӀэ, и нэм игъакӀуэркъым.— Лъапсэ, 62
Езыри лэжьэрейщи, гъэ къэс и мэшыр мэбагъуэ, хадэхэкӀ хилъхьами, къохъулӀэ, хъарбыз хадэ ищӀми, ищэни хурокъури, хъарбызым и пӀалъэ икӀыхукӀэ и сабий игъэхъуапсэркъым.— Хьэсэпэхъумэ, 418
Deyimler (1)
уищэнщи укъищэхужынщ
Ӏэмалшыщ, хыхьэкӀэ-хэкӀыкӀэкӀэ Ӏэзэщ.
Ӏэмалрэ хьилэкӀэ уищэу укъищэхужын жыхуаӀэм хуэдэт [Раисэ Муратовнэ]— Лъапсэ, 25
+1 örnek
Езы ХьэцӀыкӀуи фӀыуэ къацӀыхурт: уищэнщи укъищэхужынщ умыщӀэххэу, абы къищынэмыщӀауэ Мусэ и ӀупэфӀэгъущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 214
ЦӀыху хэтыкӀэ, зыӀыгъыкӀэ с. ху. къызэщӀэзубыдэ псалъэ.
Уэ жыжьэу сыноплъмэ, удахэщ, уэ пхуэди щымыӀэ къысфӀощӀ, Гъунэгъуу уи щэнхэр сэ къасщӀэм, Мым хуэдэу удыджщ, сигу хощӀ.— Мей. «Шум и гъуэгу», 74
+2 örnek
Хэт едаӀуэми, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым.— Лъапсэ, 93
ПцӀы упсыныр я щэн «дэгъуэщ» зыхуэмейхэр уи хьэпшыпщ.— Дыгъу жыхуаӀэр сыт? Бгы лъапэхэм деж, 126
(ещэ)
Зэращ щӀыкӀэм тету Ӏуданэхэр зэблэбдзурэ щэкӀ хэкӀ щӀын, зэӀущэн.
Дэфэрэдж зыхуейуэ хъуам ущӀэмупщӀэ: зэмыфэгъуу шылэ кӀыщмыр, дарий моф, къэдабэ, дыщэ Ӏуданэ – Ӏэджэ мэхъу, езыри хэдыкӀынкӀэ, уагъэ щэнкӀэ ахъырзэманщ, абы щхьэкӀэ гъунэгъу хъыджэбз, фыз, сэ сщӀэрэ нэхъ зыхущӀэхьэну хьэблэм дэсыр, щӀыхьэху ищӀри, щхьэж сыт хузэфӀэкӀынуми псоми унафэ зырыз яхуищӀащ, езыр щӀыхьэху зыщӀэ цыхубзхэм яхуопщафӀэ, егъашхэ, зэзэмызэ къыдэхуэмэ, нэхъ щӀыгъуей гуэр ещӀэ.— Лъапсэ, 115
Kitapta geçtiği hali
ЩЭН I (ещэ) лъэӀ. (123). Сату щӀын, пэкӀуэ уасэр къеӀыхауэ зыгуэрым зыгуэр етын. Нартыху тӀэкӀу сиӀати, схьэжри сщащ. МелыӀыч, 472. Къетау къэралыгъуэ Ӏэджэми щыӀащ, цӀыхум я пӀалъэр ещӀэ, мызэ-мытӀэу Трапезунт, Синоп, Хьэлэб, Мысыр хъыджэбз цӀыкӀу ищэну ишэурэ куэдрэ кӀуащ, а зыдэкӀуэхэм, тхьэм ещӀэ, нэ узыр щигъуэтар - и нитӀыр нобэ мэуз, дэхэдахэуи илъагъужыркъым, накӀэпсыжэ хьэлэчщ, и къуэрылъху щӀыкӀэу зыхуэгузавэуэ щытари лӀы убыдым яубыдри Мысырым щащауэ мамлюкыдзэм хэту жаӀэ щхьэкӀэ, и нэм игъакӀуэркъым. Лъапсэ, 62-63. Езыри лэжьэрейщи, гъэ къэс и мэшыр мэбагъуэ, хадэхэкӀ хилъхьами, къохъулӀэ, хъарбыз хадэ ищӀми, ищэни хурокъури, хъарбызым и пӀалъэ икӀыхукӀэ и сабий игъэхъуапсэркъым. Хьэсэпэхъумэ, 418. ◊ Уищэнщи укъищэхужынщ (2). Ӏэмалшыщ, хыхьэкӀэ-хэкӀыкӀэкӀэ Ӏэзэщ. Ӏэмалрэ хьилэкӀэ уищэу укъищэхужын жыхуаӀэм хуэдэт [Раисэ Муратовнэ]. Лъапсэ, 25. Езы ХьэцӀыкӀуи фӀыуэ къацӀыхурт: уищэнщи укъищэхужынщ умыщӀэххэу, абы къищынэмыщӀауэ Мусэ и ӀупэфӀэгъущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 214.
ЩЭН II (6). ЦӀыху хэтыкӀэ, зыӀыгъыкӀэ с. ху. къызэщӀэзубыдэ псалъэ. Уэ жыжьэу сыноплъмэ, удахэщ, уэ пхуэди щымыӀэ къысфӀощӀ, Гъунэгъуу уи щэнхэр сэ къасщӀэм, Мым хуэдэу удыджщ, сигу хощӀ. Мей. «Шум и гъуэгу», 74. Хэт едаӀуэми, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым. Лъапсэ, 93. ПцӀы упсыныр я щэн «дэгъуэщ» зыхуэмейхэр уи хьэпшыпщ. Дыгъу жыхуаӀэр сыт? «Бгы лъапэхэм деж», 126.
ЩЭН III (ещэ) лъэӀ. (1). Зэращ щӀыкӀэм тету Ӏуданэхэр зэблэбдзурэ щэкӀ хэкӀ щӀын, зэӀущэн. Дэфэрэдж зыхуейуэ хъуам ущӀэмупщӀэ: зэмыфэгъуу шылэ кӀыщмыр, дарий моф, къэдабэ, дыщэ Ӏуданэ – Ӏэджэ мэхъу, езыри хэдыкӀынкӀэ, уагъэ щэнкӀэ ахъырзэманщ, абы щхьэкӀэ гъунэгъу хъыджэбз, фыз, сэ сщӀэрэ нэхъ зыхущӀэхьэну хьэблэм дэсыр, щӀыхьэху ищӀри, щхьэж сыт хузэфӀэкӀынуми псоми унафэ зырыз яхуищӀащ, езыр щӀыхьэху зыщӀэ цыхубзхэм яхуопщафӀэ, егъашхэ, зэзэмызэ къыдэхуэмэ, нэхъ щӀыгъуей гуэр ещӀэ. Лъапсэ, 115.