къэхъун
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КЪЭХЪУН (къэхъу/къохъу), къалъфын/къалъхун (къалъфы/ къалъху); дунаем къытехьэн/ дунейм къытехьэн (~къытехьэ/~ къытохьэ); къыкъокӀын/къыкъуэкӀын (КЪЫКЪОКӀ(ы); DOĞMAK (olmak, dünyaya gelmek)
КЪЭХЪУН, къалъфын/къалъхун; DOĞUM
КЪЭХЪУН, къэшъыпкъэжьын/ къэпэжыжын; GERÇEKLEŞMEK
къэшъыпкъэжьын/къэпэжыжын, КЪЭХЪУН; GERÇEKLEŞMEK
КЪЭХЪУН (къэхъу/къохъу); тӀыргъон/тӀыгъуэн (тӀыргъуагъэ /тӀыгъуа: oldu; мэтӀыргъо/ мэтӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor); къэтӀыргъон/къэтӀыгъуэн (къэтӀыргъо/къотӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor); OL(GUNLAŞ)MAK
ХЪУН (хъугъэ/хъуа: oldu; МЭХЪУ: oluyor); КЪЭХЪУН; (къэхъугъ/ къэхъуа: oldu; къэхъу/къохъу(р): oluyor); тӀыргъон/тӀыгъуэн; (тӀыргъуагъэ/тӀыгъуа: oldu; мэтӀыргъо/ мэтӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor; къэтӀыргъо/къотӀыгъуэ: ol(g)u(nlaşı)yor); OLMAK
къэпыутын/къэпудын (къэпыуты/къопуд); пыуты/пуд ХЪУН/КЪЭХЪУН (~ МЭХЪУ/~ КЪЭХЪУ); UCUZLAMAK
КЪЭХЪУН → ХЪУН; OLMAK
пуд/пыуты ХЪУН/КЪЭХЪУН → къэпыутын; UCUZLAMAK
пыуты/пуд ХЪУН/КЪЭХЪУН → къэпыутын; UCUZLAMAK
Bu sonuç kitaptaki 10 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: хъун, къэпыутын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къохъу)
1. Зиужьын, хэхъуэн.
рувырасти, подрасти
Нанэ, фӀыти сыкъыумылъхуамэ, Бэлыхьхэм ухэзмыдзамэ. Зедзэну уи щӀалэ цӀыкӀур Къэмыхъуу е лӀэжыгъам.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий
+1 örnek
Делэр жылэу ясэркъым - езыр-езыру къохъу.— ӀуэрыӀуатэ
2. Къэунэхун, дунейм щекӀуэкӀын, къэкӀуэн, къихьэн.
рувозникнуть, произойти, наступить, стать
Зэрызехьэ къэхъуын. ГуфӀэгъуэ къэхъун. u Сыт къэхъуар, Жэмбот , ущоуэ, Тхьэм и гъуэгум утекӀыпаи. Щ. А.
Bu maddedeki ifadeler (1)
сыт къэхъуами {сыт къэмыщӀами}
Еплъ: сыт
Kitapta geçtiği hali
къэхъун (къохъу) неперех. гл. 1. вырасти, подрасти / Зиужьын, хэхъуэн. * Нанэ, фӀыти сыкъыумылъхуамэ, Бэлыхьхэм ухэзмыдзамэ. Зедзэну уи щӀалэ цӀыкӀур Къэмыхъуу е лӀэжыгъам. Щ. А. Делэр жылэу ясэркъым - езыр-езыру къохъу. фольк. 2. возникнуть, произойти, наступить, стать / Къэунэхун, дунейм щекӀуэкӀын, къэкӀуэн, къихьэн. Зэрызехьэ къэхъуын. ГуфӀэгъуэ къэхъун. u Сыт къэхъуар, Жэмбот , ущоуэ, Тхьэм и гъуэгум утекӀыпаи. Щ. А. Сыт къэхъуами {сыт къэмыщӀами} см. сыт.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къохъу)
1. Зиужьын, хэхъуэн.
Ин укъэхъумэ, лӀыгъэ зехьэ, ФӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ— Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39
+2 örnek
ТӀэкӀу нэхъ иныӀуэ къэхъуакъэ – Борэныр къосыр ныкъуакъуэу, И пщампӀэ тӀэкӀур иӀыгъыу Ныхегуэ жыгыу зи закъуэр— Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23
ЛӀыгъур псори и гум иреубыдэ, арщхьэкӀэ хэт и деж бгъэдэсыну кӀуэн, зэрыцӀыкӀу лъандэрэ кӀыщым щӀэту къэхъуащи, зы хъыджэбзи хуэзакъым— Лъапсэ, 109
2. Къэунэхун, дунейм щекӀуэкӀын, къэкӀуэн.
Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
+2 örnek
Октябрь мазэр и кӀэм нэблэгъауэ щӀыӀэ къэхъуати, цӀыхум щӀымахуэм зыхуагъэхьэзырт— Нал къута, 274
[Алыджыкъуэ:] Зэрызехьэ гуэр къэхъурэ сэри къыстеуэрэ сэ си пӀэм итам къыщыщӀар къысщыщӀмэ, сыхэкӀуэдакъэ псыхэкӀуадэу, жызоӀэри сыхущӀогъуж ди къуажэм сызэрымыкӀуэжам— МелыӀыч, 461
3. Зыгуэрым и щытыкӀэр ихъуэжын.
ЦӀыхубзыр екӀуэлӀапӀэншэщ, унэ игъуэтмэ, аракъэ зыхуейр, иужькӀэ фызэгурыӀуэжынщ, - жиӀэри Къетау дыхьэшхащ, модрей къомри дыхьэшхащ, Дэфэрэдж нэхъ нэщхъыфӀэ къэхъуауэ гъукӀэм дежкӀэ зэзэмызэ маплъэ— Лъапсэ, 62
+2 örnek
КъэгуфӀауэ зэӀэбэкӀым, Щыгъын тӀэкӀур псыф къэхъуащ— Индийскэ поэмэ, 366
Жыраслъэн щыгъупщауэ фи мыгугъэ Тинэрэ Лурэ зэгуэр абы зэран зэрыхуэхъуар, хашэ къэхъуу абрэджыр ирагъэубыдауэ зэрыщытар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518
Kitapta geçtiği hali
КЪЭХЪУН (къохъу) лъэмыӀ. (346). 1. (17). Зиужьын, хэхъуэн. Ин укъэхъумэ, лӀыгъэ зехьэ, ФӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ. Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39. ТӀэкӀу нэхъ иныӀуэ къэхъуакъэ – Борэныр къосыр ныкъуакъуэу, И пщампӀэ тӀэкӀур иӀыгъыу Ныхегуэ жыгыу зи закъуэр. Жыг къэкӀагъащӀэр занщӀабзэщ. «Батырыбжьэ», 23. ЛӀыгъур псори и гум иреубыдэ, арщхьэкӀэ хэт и деж бгъэдэсыну кӀуэн, зэрыцӀыкӀу лъандэрэ кӀыщым щӀэту къэхъуащи, зы хъыджэбзи хуэзакъым. Лъапсэ, 109. 2. (283). Къэунэхун, дунейм щекӀуэкӀын, къэкӀуэн. Гур зэрыгъум дыгъур кърокӀуэ жыхуаӀэу, ЩоджэнцӀыкӀур щӀэгузэва дыдэр къэхъуащ: щӀалэр сымаджэ хьэлъэу, мафӀэ къыщӀэнам хуэдэу и температурэр плӀыщӀым нэсу, езыри Ӏуэщхъуу, зимыщӀэжу, упщӀэжь гуэр къешэкӀауэ къашэжри общежитым къыщӀалъхьэжащ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Октябрь мазэр и кӀэм нэблэгъауэ щӀыӀэ къэхъуати, цӀыхум щӀымахуэм зыхуагъэхьэзырт. Нал къута, 274. [Алыджыкъуэ:] Зэрызехьэ гуэр къэхъурэ сэри къыстеуэрэ сэ си пӀэм итам къыщыщӀар къысщыщӀмэ, сыхэкӀуэдакъэ псыхэкӀуадэу, жызоӀэри сыхущӀогъуж ди къуажэм сызэрымыкӀуэжам. МелыӀыч, 461. 3. (32). Зыгуэрым и щытыкӀэр ихъуэжын. ЦӀыхубзыр екӀуэлӀапӀэншэщ, унэ игъуэтмэ, аракъэ зыхуейр, иужькӀэ фызэгурыӀуэжынщ, - жиӀэри Къетау дыхьэшхащ, модрей къомри дыхьэшхащ, Дэфэрэдж нэхъ нэщхъыфӀэ къэхъуауэ гъукӀэм дежкӀэ зэзэмызэ маплъэ. Лъапсэ, 62. КъэгуфӀауэ зэӀэбэкӀым, Щыгъын тӀэкӀур псыф къэхъуащ. «Индийскэ поэмэ», 366. Жыраслъэн щыгъупщауэ фи мыгугъэ Тинэрэ Лурэ зэгуэр абы зэран зэрыхуэхъуар, хашэ къэхъуу абрэджыр ирагъэубыдауэ зэрыщытар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 518. ◊ Плъыжь къэхъун (6). Еплъ плъыжь. ЦӀыплъ къэхъун (3). Еплъ цӀыплъ.