къэнэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КЪЭНЭН (къэнэ/къонэ); КЪЫДЭНЭН (къыднэ/къыдонэ); КЪИНЭН (КЪЕНЭ); KALMAK
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къонэ)
1. ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и деж къыщынэн.
руостаться где-л., у кого-л.
ХьэщӀэхэр ежьэжри, хэгъэрейхэр къэнащ.
2. Къыдэ-хуэн, щыӀэжын; хъума хъун.
руостаться, оказать в наличии (о чем-л.)
МэхуитӀ къэнэн. Сом мин къэнэн.
3. Зы щытыкӀэ гуэрым къинэн, зыгуэру къыщӀидзын, щытыкӀэр мыхъуэжын. Ӏыхьэншэу къэнэн.
руостаться в каком-л. состоянии, положении, качестве
Бот.. ищӀэнумрэ жиӀэнумрэ имыщӀэу къонэ.— Шортэн Аскэрбий
Bu maddedeki ifadeler (1)
дэнэ къэна
Еплъ: дэнэ
Kitapta geçtiği hali
къэнэн (къонэ) неперех. гл. 1. остаться где-л., у кого-л. / ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и деж къыщынэн. ХьэщӀэхэр ежьэжри, хэгъэрейхэр къэнащ. 2. остаться, оказать в наличии (о чем-л.) / Къыдэ-хуэн, щыӀэжын; хъума хъун. МэхуитӀ къэнэн. Сом мин къэнэн. 3. остаться в каком-л. состоянии, положении, качестве / Зы щытыкӀэ гуэрым къинэн, зыгуэру къыщӀидзын, щытыкӀэр мыхъуэжын. Ӏыхьэншэу къэнэн. * Бот.. ищӀэнумрэ жиӀэнумрэ имыщӀэу къонэ. Ш. А. Дэнэ къэна см. дэнэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къонэ)
1. ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и деж къыщынэн. -376.
Бын яӀэххэкъым, тӀуми [Абу-Деруишрэ и щхьэгъусэмрэ] я Ӏыхьлы-лыджанэр къыздикӀа щӀыналъэм къэнащи, къащыгугъ щыӀэкъым— Кхъэлэгъунэ, 375
+2 örnek
Зэ-тӀэу Дисэ къыкӀэлъыкӀуат и пхъум, арщхьэкӀэ хъыджэбз цӀыкӀум кӀуэжын имыдэу къэнауэ щыӀэт Ӏэпыдзлъэпыдзу, емытӀысэхыу Ӏуэху гуэрым я ужь иту— Хъуэпсэгъуэ нур, 151
Убых хьэщӀэм зэхихат Къетау и пщылӀыр хуит ищӀу убых цӀыхубз гуэри фызу къригъэшауи, иджы фызабэу къыдэнэжа цӀыхубзыр зэзгъэцӀыхумэ, си гуапэт жиӀэри щӀэупщӀащ, арыншами Къетау и унэм къекӀуэлӀар куэдыщэщи, жэщ укъэнэну Ӏэмал зимыӀэщ— Лъапсэ, 113
2. Къыдэхуэн; хъума хъун.
Зи адэ-анэ хуэкъулейр кӀуэжырти, гъуэмылэ къишэрт, арщхьэкӀэ уи гъуэмылэ уи закъуэ пшхыжу къыпхуадэнутэкъым: нэхъапэ щӀыкӀэ «иныжьхэр» хэӀэбэнт, сымаджэм я Ӏыхьи хэкӀынт, уи ныбжьэгъухэми гу ялъыптэнти, къанэӀамэ, уи Ӏыхьэт— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
+2 örnek
[Сондэджэр гуэрым] Ӏэщ къищэху ищэжу абы и фейдэкӀэ псэуам къыщӀэна унэлъащӀэр зэрыщытауэ къэнат: стӀоли, шэнти, шкаф сыт жыпӀэми къулыкъу щӀапӀэр зыхуейр къанэри, адрейр ищхьэм яхьауэ щӀэтт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672
ЩӀымахуэм щыщу е гъэмахуэу Къэнэнкъым махуэ имылыпщӀу— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35
3. Зы щытыкӀэ гуэрым къинэн, зыгуэру къыщӀидзын.
КӀыхьщ сабий зеиншэм и гуауэр, Сигу зэгуэуду си жагъуэщ, Фашистыр псэууэ къэнауэ Ди шыпхъу фызабэу щыслъагъукӀэ— Хэт гъащӀэр пщӀэншэу. «Шум и гъуэгу», 44
+2 örnek
Дэрдэхь и къуэши и шыпхъуи къэгузэвауэ къызэхуэсащ, ди къуэшым щӀэщхъу ӀэщӀэщӀащ, ягъэтӀысри и бынунэр зеиншэу къонэ, жаӀэу— Хьэсэпэхъумэ, 419
[Къадым:] Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым— Аргъуей, 388
Atasözleri (1)
дыгъужьыжь щынэ имышхыу къанэрэ
Еплъ: дыгъужь
Kitapta geçtiği hali
КЪЭНЭН (къонэ) лъэмыӀ. (323). 1. (49). ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и деж къыщынэн. Бын яӀэххэкъым, тӀуми [Абу-Деруишрэ и щхьэгъусэмрэ] я Ӏыхьлы-лыджанэр къыздикӀа щӀыналъэм къэнащи, къащыгугъ щыӀэкъым. Кхъэлэгъунэ, 375-376. Зэ-тӀэу Дисэ къыкӀэлъыкӀуат и пхъум, арщхьэкӀэ хъыджэбз цӀыкӀум кӀуэжын имыдэу къэнауэ щыӀэт Ӏэпыдзлъэпыдзу, емытӀысэхыу Ӏуэху гуэрым я ужь иту. Хъуэпсэгъуэ нур, 151. Убых хьэщӀэм зэхихат Къетау и пщылӀыр хуит ищӀу убых цӀыхубз гуэри фызу къригъэшауи, иджы фызабэу къыдэнэжа цӀыхубзыр зэзгъэцӀыхумэ, си гуапэт жиӀэри щӀэупщӀащ, арыншами Къетау и унэм къекӀуэлӀар куэдыщэщи, жэщ укъэнэну Ӏэмал зимыӀэщ. Лъапсэ, 113. 2. (108). Къыдэхуэн; хъума хъун. Зи адэ-анэ хуэкъулейр кӀуэжырти, гъуэмылэ къишэрт, арщхьэкӀэ уи гъуэмылэ уи закъуэ пшхыжу къыпхуадэнутэкъым: нэхъапэ щӀыкӀэ «иныжьхэр» хэӀэбэнт, сымаджэм я Ӏыхьи хэкӀынт, уи ныбжьэгъухэми гу ялъыптэнти, къанэӀамэ, уи Ӏыхьэт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. [Сондэджэр гуэрым] Ӏэщ къищэху ищэжу абы и фейдэкӀэ псэуам къыщӀэна унэлъащӀэр зэрыщытауэ къэнат: стӀоли, шэнти, шкаф сыт жыпӀэми къулыкъу щӀапӀэр зыхуейр къанэри, адрейр ищхьэм яхьауэ щӀэтт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. ЩӀымахуэм щыщу е гъэмахуэу Къэнэнкъым махуэ имылыпщӀу. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35. 3. (160). Зы щытыкӀэ гуэрым къинэн, зыгуэру къыщӀидзын. КӀыхьщ сабий зеиншэм и гуауэр, Сигу зэгуэуду си жагъуэщ, Фашистыр псэууэ къэнауэ Ди шыпхъу фызабэу щыслъагъукӀэ. Хэт гъащӀэр пщӀэншэу. «Шум и гъуэгу», 44. Дэрдэхь и къуэши и шыпхъуи къэгузэвауэ къызэхуэсащ, ди къуэшым щӀэщхъу ӀэщӀэщӀащ, ягъэтӀысри и бынунэр зеиншэу къонэ, жаӀэу. Хьэсэпэхъумэ, 419. [Къадым:] Сэри зызгъэпсэхун мыгъуэу арт сызыхуейр, си нэм щӀы сызытетыр имылъагъужу сыкъэнащ, жейм сезэгъыркъым… Аргъуей, 388. ☐ Дыгъужьыжь щынэ имышхыу къанэрэ (1). Еплъ дыгъужь.