къэгъэнэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

bırakmakalıkoymak
OrtakкъэгъэнэнщыгъэӀэн
Kitapta geçtiği hali

КЪЭГЪЭНЭН (КЪЕГЪАНЭ); ЩЫГЪЭӀЭН (ЩЕГЪЭӀЭ); BIRAKMAK (alıkoymak)

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къегъанэ)

1. ЗдэщыӀэ щӀыпӀэр емыгъэхъуэжын.

руоставить кого-что-л. где-л.

Гупым сыт ящӀэжынт - я гъуэгу теувэжащ, мо тӀур (щӀалитӀыр) къагъанэри.— Къэрмокъуэ Хьэмид

2. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэӀэн.

руоставить, забыть кого-что-л. где-л.

3. И щытыкӀэм земыгъэхъуэжын.

руоставить кого-что-л. в каком-л. состоянии

Бжэр Ӏухауэ къэзгъэнащ.

4. Лъымыгъэсын, хэгъэнын (зыгуэрыр зыгуэрым).

руобделить кого-л.

ЩӀалэм Ӏыхьэншэу къагъэнащ.

5. ЩӀыпӀэ гуэр къэбгынэн.

рупокинуть что-л., удалиться откуда-л.

{Борэ:} - Хэкур зэкӀэ къэвгъэнэнщ.— Акъсырэ Залымхъан

6. Зыгуэрым бгъэдэкӀын.

рупокинуть кого-л., уйти от кого-л.

7. Ӏуэху блэжьыр гъэувыӀэн, ӀэщӀыб щӀын.

руоставить, перестать делать что-л.

Я лэжьыгъэхэр къагъанэри цӀыху щэныкъуэ дэкӀащ я гъунэгъу лӀам и бынунэм хуэлэжьэну.— ПащӀэ Бэчмырзэ

8. БлэкӀын, блэгъэкӀын, дэгъэхун.

руоставить позади, миновать что-л.

УнитӀ къэбгъанэм ещанэм щӀэсщ си ныбжьэгъур.

9. Япэ ищын, къызэнэкӀын.

руопередить кого-л.

ПщӀэгъуалэм тесым адрей шухэр адэ жыжьэу къигъэнауэ езыр япэ иту къожэ.— ӀуэрыӀуатэ

10. Унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту къагъэсэбэп зыгуэрымкӀэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, псалъэмакъ зэдаӀуэр зэпагъэуну къагъэуву.

руоставь(те) (употребляется в форме повелительного наклонения для выражения несогласия с кем-чем-л. или требования прекратить разговор о чем-л.)

Къэгъанэ, кхъыӀэ, псалъэмакъ мышур!

+1 örnek

Асият, куэдщ, къэгъанэ уи делагъэр.— КъардэнгъущӀ Зырамыку

Kitapta geçtiği hali

къэгъэнэн (къегъанэ) перех. гл. 1. оставить кого-что-л. где-л. / ЗдэщыӀэ щӀыпӀэр емыгъэхъуэжын. * Гупым сыт ящӀэжынт - я гъуэгу теувэжащ, мо тӀур (щӀалитӀыр) къагъанэри. Къэр. Хь. 2. оставить, забыть кого-что-л. где-л. / Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэӀэн. 3. оставить кого-что-л. в каком-л. состоянии / И щытыкӀэм земыгъэхъуэжын. Бжэр Ӏухауэ къэзгъэнащ. 4. обделить кого-л. / Лъымыгъэсын, хэгъэнын (зыгуэрыр зыгуэрым). ЩӀалэм Ӏыхьэншэу къагъэнащ. 5. покинуть что-л., удалиться откуда-л. / ЩӀыпӀэ гуэр къэбгынэн. * {Борэ:} - Хэкур зэкӀэ къэвгъэнэнщ. Акъ. З. 6. покинуть кого-л., уйти от кого-л. / Зыгуэрым бгъэдэкӀын. 7. оставить, перестать делать что-л. / Ӏуэху блэжьыр гъэувыӀэн, ӀэщӀыб щӀын. * Я лэжьыгъэхэр къагъанэри цӀыху щэныкъуэ дэкӀащ я гъунэгъу лӀам и бынунэм хуэлэжьэну. П. Б. 8. оставить позади, миновать что-л. / БлэкӀын, блэгъэкӀын, дэгъэхун. УнитӀ къэбгъанэм ещанэм щӀэсщ си ныбжьэгъур. 9. опередить кого-л. / Япэ ищын, къызэнэкӀын. * ПщӀэгъуалэм тесым адрей шухэр адэ жыжьэу къигъэнауэ езыр япэ иту къожэ. фольк. 10. оставь(те) (употребляется в форме повелительного наклонения для выражения несогласия с кем-чем-л. или требования прекратить разговор о чем-л.) / Унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту къагъэсэбэп зыгуэрымкӀэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, псалъэмакъ зэдаӀуэр зэпагъэуну къагъэуву. Къэгъанэ, кхъыӀэ, псалъэмакъ мышур! * Асият, куэдщ, къэгъанэ уи делагъэр. Къ. З.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къегъанэ)

1. ЗдэщыӀэ щӀыпӀэр емыгъэхъуэжын.

[БырмамытӀ:] ЛӀищыр дыздэщытым къэзгъанэри, Шамум гъусэ сщӀыри къэзгъэзэжащ, ди лъэужьыр пшахъуэм щӀамыгъэнэж щӀыкӀэ псынэм дынэсыным сыхущӀэкъуу— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402

+2 örnek

[Алим:] Школ дызыщӀэсым я хадэр зетхьэну щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ каникулым дамыгъэкӀуэжу дыкъагъэнати, хъыбар шынагъуэ ди деж – уэ къэпхьа, сэ къэсхьа— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525

Жыгыу лӀыжьым пиупщӀауэ Хуэмыхьыжу къигъэнари ЩӀалэр кӀуэри ар къищтауэ Ехьыр— Тисей, 505

2. Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэӀэн.

Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ, Жэщи махуи пхуэмызагъэ, Хышхуэм кӀуэу иунэтӀащи, ФӀейр къигъанэу, ехь къабзагъэр— Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… Батырыбжьэ, 42

+2 örnek

Ерыщу лъабжьэр фӀагъанэу, Мыбдежым бийхэр итат, Жыр Ӏэщэ Ӏэджэр къагъанэу, Ар дэ удынкӀэ Ӏутхуат— ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23

Ростов къиӀэпхъукӀауэ фыз гуэр пщэфӀапӀэм щӀэсати, абыи и хьэпшыпым и нэхъыбэр къигъанэри тхьэм ещӀэ здэкӀуар— Нал къута, 236

3. И щытыкӀэм земыгъэхъуэжын.

Адыгэ уанэр теплъхьэжауэ Ди зэкъуэшыгъэр къогъэнэж.— Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49

+2 örnek

[ЛӀыжьым Апчарэрэ Иринэрэ яжреӀэ:] Зэрыщыту къэбгъанэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀэри— Нал къута, 281

Мэлыхъуэр, и дуней кӀыхьами кӀэщӀами, мэлыхъуэу къигъэнэжынщ, езы мэлыхъуэр мэлым ещхь хъужауэ— Нал къута, 260

4. Зыгуэр зы щытыкӀэ гуэрым игъэувэн.

Бжэн къихуну макӀуэр къуажэм, Хьэр къегъанэ къэрэгъулу, Ар мэпӀащӀэ – лъейуэ мажэ, Ӏэджэ, Ӏэджэ и гум илъу— Тисей, 495

+1 örnek

Езыр [щэхуакӀуэр] къыпхуэмыгъэпцӀэну хьэжь-кхъуэжь гуэрщ, дагъуэ зыдигъуэн гуэр илъагъумэ, къыхидзыжрэ здэпхьынур умыщӀэу укъигъанэу— Лъапсэ, 35

5. Зыгуэрым зыгуэр лъымыгъэсын, хэгъэнын.

ПэрыӀэбапӀэ имыӀэу гу щылъатэм, Валерэу плъагъури, приемнэ комиссэм езым имыдэурэ хагъэхьэ, абы хэтыну пӀэцӀеиж Ӏэджэ къагъанэри— КӀапсэ кӀапэ, 17

+2 örnek

Зыгуэр къэхъунщӀэ е пэнцӀывкӀэ щӀегъаси, илъэситху-пщӀы къыптракъуэмэ, гъуэлъыпӀэншэу укъагъэнэнкъым— МелыӀыч, 453

[Матренэ Мэтхъэнымрэ Шырыкъумрэ яжреӀэ:] Си анэр мащӀэрэ къызэшхыдэрэ – дагъэ жыпӀэми, нэгъуэщӀ жыпӀэми унэм щӀыбохри хамэм я сабийхэм ибогъэшх, уэ уи быныр къыбогъанэри, жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560

6. ЩӀыпӀэ гуэр къэбгынэн.

Хьэбибэ и нысэм Мэзкуу къигъанэу мы къуажэм дауэ дэсыф, [красноармеецхэм] жаӀэу арат— Нал къута, 234

+2 örnek

А къуажэр къигъанэу Астемыр ежьэфыну и фӀэщ хъуртэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 122

Си псэупӀэщӀэр къэзгъэнами, СфӀэкӀуэдыр куэду си дзэр мыш— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383

7. Зыгуэрым бгъэдэкӀын.

[Алыджыкъуэ:] Псы сригъэфэнуми, къуажэм игъэзэжу фызабэр кӀуэн хуейщ, арщхьэкӀэ сэ сыкъигъанэу унэм пхущӀэкӀын, мурад гуэр къысхуищӀамэ— МелыӀыч, 458

+2 örnek

Милиционерым [и гъусэхэм яжреӀэ:]: ЛӀэуэ гъуэгум телъыр къигъанэри ежьэжащ— Гъуэгуанэ, 140

УӀэгъэм ар йолӀалӀэ – ЗауэлӀ зауэлӀыр къигъэнэн— ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19

8. Ӏуэху блэжьыр гъэувыӀэн, ӀэщӀыб щӀын.

Нобэ пщӀэнур къыумыгъанэ, Дыгъэр къухьэу къыкӀуэкӀыжмэ, Уи зы махуэ пщхьэщихащи Лъыхъуэ, лъыхъуэ ар бгъуэтыжмэ— Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206

+2 örnek

Ти, зэанэзэкъуэм дадэр гу цӀыкӀум ирадзэри я унэ яшэжащ: - Ӏурарэ, уи къалэн ӀэщӀыб умыщӀ, - жаӀэ щхьэкӀэ къимыгъанэу— Къалэн, 434

Абдежым ирихьэлӀэу, губгъуэм итахэми нацдивизэр къэсыжащ, жаӀэу щызэхахым хьэмым тетари, мэкъум щыӀари, огородым итари зэрызехьэу къэсат, я лэжьыгъэр къагъанэри— Нал къута, 213

9. БлэкӀын, блэгъэкӀын, дэгъэхун.

Исхьэкъ куэбжитӀ къигъанэмэ, ещанэм деж къэувыӀэурэ гъуоуэ зэрыджам ещхьу, Лу сымэ зэзэмызэ зыгуэрым и куэбжэм деж къыщувыӀэрти щыджэгурт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643

10. Япэ ищын, къызэнэкӀын. -44.

Ауэ еплъыт, модэ, модэ, Линэ и шыр иутӀыпщауэ Шыхъуэм и шым ар къытожыр, Шы пцӀэгъуэплъри игъэпщауэ Линэ и шыр мес къытожыр И гъусищри къигъэнауэ— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 43

11. Унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту къагъэсэбэп зыгуэрымкӀэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, ялъагъур, зэдаӀуэр зэпагъэуну къагъэуву.

Албиян Ӏихын идэртэкъым: - Къэгъанэ, ди анэ. Сэ сиӀэщ шырыкъу— Щынэхужьыкъуэ, 42

+1 örnek

[Исуф и фызым жреӀэ:]

Deyimler (4)

акъылым къихь къэмыгъэнэн

Еплъ: акъыл

дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэмыгъэнэн

Еплъ: дзыгъуэ

лъэкӀ къэмыгъэнэн

Еплъ: лъэкӀ

ныбэм къихь къэмыгъэнэн

Еплъ: ныбэ

Kitapta geçtiği hali

КЪЭГЪЭНЭН (къегъанэ) лъэӀ. (337). 1. (18). ЗдэщыӀэ щӀыпӀэр емыгъэхъуэжын. [БырмамытӀ:] ЛӀищыр дыздэщытым къэзгъанэри, Шамум гъусэ сщӀыри къэзгъэзэжащ, ди лъэужьыр пшахъуэм щӀамыгъэнэж щӀыкӀэ псынэм дынэсыным сыхущӀэкъуу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. [Алим:] Школ дызыщӀэсым я хадэр зетхьэну щӀалэ цӀыкӀу зыбжанэ каникулым дамыгъэкӀуэжу дыкъагъэнати, хъыбар шынагъуэ ди деж – уэ къэпхьа, сэ къэсхьа? Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Жыгыу лӀыжьым пиупщӀауэ Хуэмыхьыжу къигъэнари ЩӀалэр кӀуэри ар къищтауэ Ехьыр. «Тисей», 505. 2. (31). Зыгуэр зыщӀыпӀэ щыгъэӀэн. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ, Жэщи махуи пхуэмызагъэ, Хышхуэм кӀуэу иунэтӀащи, ФӀейр къигъанэу, ехь къабзагъэр. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… «Батырыбжьэ», 42. Ерыщу лъабжьэр фӀагъанэу, Мыбдежым бийхэр итат, Жыр Ӏэщэ Ӏэджэр къагъанэу, Ар дэ удынкӀэ Ӏутхуат. ЗэуапӀэ. «Шум и гъуэгу», 23. Ростов къиӀэпхъукӀауэ фыз гуэр пщэфӀапӀэм щӀэсати, абыи и хьэпшыпым и нэхъыбэр къигъанэри тхьэм ещӀэ здэкӀуар. Нал къута, 236. 3. (12). И щытыкӀэм земыгъэхъуэжын. Адыгэ уанэр теплъхьэжауэ Ди зэкъуэшыгъэр къогъэнэж. Лермонтов. «Батырыбжьэ», 49. [ЛӀыжьым Апчарэрэ Иринэрэ яжреӀэ:] Зэрыщыту къэбгъанэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀэри. Нал къута, 281. Мэлыхъуэр, и дуней кӀыхьами кӀэщӀами, мэлыхъуэу къигъэнэжынщ, езы мэлыхъуэр мэлым ещхь хъужауэ. Нал къута, 260. 4. (3). Зыгуэр зы щытыкӀэ гуэрым игъэувэн. Бжэн къихуну макӀуэр къуажэм, Хьэр къегъанэ къэрэгъулу, Ар мэпӀащӀэ – лъейуэ мажэ, Ӏэджэ, Ӏэджэ и гум илъу. «Тисей», 495. Езыр [щэхуакӀуэр] къыпхуэмыгъэпцӀэну хьэжь-кхъуэжь гуэрщ, дагъуэ зыдигъуэн гуэр илъагъумэ, къыхидзыжрэ здэпхьынур умыщӀэу укъигъанэу. Лъапсэ, 35. 5. (43). Зыгуэрым зыгуэр лъымыгъэсын, хэгъэнын. ПэрыӀэбапӀэ имыӀэу гу щылъатэм, Валерэу плъагъури, приемнэ комиссэм езым имыдэурэ хагъэхьэ, абы хэтыну пӀэцӀеиж Ӏэджэ къагъанэри. КӀапсэ кӀапэ, 17. Зыгуэр къэхъунщӀэ е пэнцӀывкӀэ щӀегъаси, илъэситху-пщӀы къыптракъуэмэ, гъуэлъыпӀэншэу укъагъэнэнкъым… МелыӀыч, 453. [Матренэ Мэтхъэнымрэ Шырыкъумрэ яжреӀэ:] Си анэр мащӀэрэ къызэшхыдэрэ – дагъэ жыпӀэми, нэгъуэщӀ жыпӀэми унэм щӀыбохри хамэм я сабийхэм ибогъэшх, уэ уи быныр къыбогъанэри, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. 6. (8). ЩӀыпӀэ гуэр къэбгынэн. Хьэбибэ и нысэм Мэзкуу къигъанэу мы къуажэм дауэ дэсыф, [красноармеецхэм] жаӀэу арат. Нал къута, 234. А къуажэр къигъанэу Астемыр ежьэфыну и фӀэщ хъуртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 122. Си псэупӀэщӀэр къэзгъэнами, СфӀэкӀуэдыр куэду си дзэр мыш. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383. 7. (35). Зыгуэрым бгъэдэкӀын. [Алыджыкъуэ:] Псы сригъэфэнуми, къуажэм игъэзэжу фызабэр кӀуэн хуейщ, арщхьэкӀэ сэ сыкъигъанэу унэм пхущӀэкӀын, мурад гуэр къысхуищӀамэ? МелыӀыч, 458. Милиционерым [и гъусэхэм яжреӀэ:]: ЛӀэуэ гъуэгум телъыр къигъанэри ежьэжащ. Гъуэгуанэ, 140. УӀэгъэм ар йолӀалӀэ – ЗауэлӀ зауэлӀыр къигъэнэн? ЗэкъуэшитӀ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 19. 8. (67). Ӏуэху блэжьыр гъэувыӀэн, ӀэщӀыб щӀын. Нобэ пщӀэнур къыумыгъанэ, Дыгъэр къухьэу къыкӀуэкӀыжмэ, Уи зы махуэ пщхьэщихащи Лъыхъуэ, лъыхъуэ ар бгъуэтыжмэ. Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 206. Ти, зэанэзэкъуэм дадэр гу цӀыкӀум ирадзэри я унэ яшэжащ: - Ӏурарэ, уи къалэн ӀэщӀыб умыщӀ, - жаӀэ щхьэкӀэ къимыгъанэу. Къалэн, 434. Абдежым ирихьэлӀэу, губгъуэм итахэми нацдивизэр къэсыжащ, жаӀэу щызэхахым хьэмым тетари, мэкъум щыӀари, огородым итари зэрызехьэу къэсат, я лэжьыгъэр къагъанэри. Нал къута, 213. 9. (1). БлэкӀын, блэгъэкӀын, дэгъэхун. Исхьэкъ куэбжитӀ къигъанэмэ, ещанэм деж къэувыӀэурэ гъуоуэ зэрыджам ещхьу, Лу сымэ зэзэмызэ зыгуэрым и куэбжэм деж къыщувыӀэрти щыджэгурт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 643. 10. (1). Япэ ищын, къызэнэкӀын. Ауэ еплъыт, модэ, модэ, Линэ и шыр иутӀыпщауэ Шыхъуэм и шым ар къытожыр, Шы пцӀэгъуэплъри игъэпщауэ Линэ и шыр мес къытожыр И гъусищри къигъэнауэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 43-44. 11. (3). Унафэ щӀыныгъэ наклоненэм иту къагъэсэбэп зыгуэрымкӀэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, ялъагъур, зэдаӀуэр зэпагъэуну къагъэуву. Албиян Ӏихын идэртэкъым: - Къэгъанэ, ди анэ. Сэ сиӀэщ шырыкъу. Щынэхужьыкъуэ, 42. [Исуф и фызым жреӀэ:] ◊ Акъылым къихь къэмыгъэнэн (2). Еплъ акъыл. Дзыгъуэ гъуанэ дихьа къэмыгъэнэн (2). Еплъ дзыгъуэ. ЛъэкӀ къэмыгъэнэн (43). Еплъ лъэкӀ. Ныбэм къихь къэмыгъэнэн (1). Еплъ ныбэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

alıkoymak

Düzeltme Öner

къэгъэнэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.