къыхэкӀын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭКӀЫН (къыхэкӀы/къыхокӀ), КЪЭКӀЫН (къэкӀы/къокӀ); BİTMEK 1 (yetişmek)
КЪЭКӀЫН (къэкӀы/къокӀ), КЪЫХЭКӀЫН (къыхэкӀы/къыхокӀ); BİTMEK 1 (yetişmek)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыхокӀ)
1. Зы щхьэусыгъуэ гуэрым кърикӀуэн.
ру2. переносное быть следствием чего-л.
Ӏуэхум хьэлэбэлыкъ къыхэкӀын.
Еплъ: хэкӀын. 2
3. Зыгуэрым къыхалъхуауэ щытын.
рупроизойти от кого-л, . быть какого-л. происхождения
Лъэпкъ цӀэрыӀуэм къыхэкӀын. МэкъумэшыщӀэм къыхэкӀын.
4. Зыгуэр хъун.
рувыйти, стать, получиться
ЩэкӀым бостей къыхэкӀащ. Шэджэмокъуэ Хьэсанш и шым шы ахъырзэман къыхэкӀащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
къыхэкӀын (къыхокӀ) неперех. гл. 1. см. хэкӀын. 2. переносное быть следствием чего-л. / Зы щхьэусыгъуэ гуэрым кърикӀуэн. Ӏуэхум хьэлэбэлыкъ къыхэкӀын. 3. переносное произойти от кого-л, . быть какого-л. происхождения / Зыгуэрым къыхалъхуауэ щытын. Лъэпкъ цӀэрыӀуэм къыхэкӀын. МэкъумэшыщӀэм къыхэкӀын. 4. переносное выйти, стать, получиться / Зыгуэр хъун. * ЩэкӀым бостей къыхэкӀащ. Шэджэмокъуэ Хьэсанш и шым шы ахъырзэман къыхэкӀащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхокӀ)
1. Узыхэта, узыхэса гуэр къэбгынэн. -37.
Бэлацэ зыхэтам къыхэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 255
+2 örnek
Къаз кӀуэкӀэу, хужьу хуэпауэ Пшэ хужь Ӏэрамэу бгым докӀ, Дыгъэр къахэплъэм гувауэ, Пшэ Ӏэтэ иным къыхокӀ.— Къущхьэхъу щыӀэ жэмышхэр. «Мывэ хуабэ», 36
Щхьэхьу щӀопхъуэри хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ. Езы Азизи ундэрэщхъуащ, къыхэкӀын хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, ищӀэр ищӀэжыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 54
2. Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыхэхъукӀын. -137.
Дэни нобэ щӀыӀэтыӀэщ, Псым къахокӀыр куэду бахъэ, Арщ а Ӏуэхур зыдэщыӀэр Ӏуащхьэмахуи арщ зылъахъэр.— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 83
+2 örnek
[Красноармеецхэм] Я пщэдыкъыр пщӀэнтӀэпсым къыхэкӀа шыгъум хужь ищӀащ, итӀани гъэмахуэ хуабэр зэхамыщӀэххэ хуэдэу макӀуэ, я уэрэдри дахэщ.— Щынэхужьыкъуэ, 10
КӀагуэр зейми гуфӀэу жеӀэ: - Уэшхи уэси а си кӀагуэм Сытми мащӀэ илъэгъуакъым, Нобэ уэшхым хуэдэу гуакӀуэу Зэи си кӀагуэм къытешхакъым, ТкӀуэпсхэм псори ягъэкъабзэ, Хы ӀэрыщӀым уэшх къыхэкӀыр Гъавэ бэвыр фӀым хуегъазэ.— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136
3. Зыгуэрым щымыщ хъун.
КӀурацэ и лӀыр колхозым къыхэкӀри чырбыш заводым теувауэ щытащ.— Щынэхужьыкъуэ, 12
+2 örnek
Чопракъ ауз нэмыцэ къыдамыгъэхьэну ягъэбыдащ, жаӀэу эвакуацэ кӀуэн зымыди куэд къахэкӀащ.— Нал къута, 298
Мис уэрамым дэзу цӀыхухэр А дзэ плъыжьым яӀущӀащ Псори гуфӀэу мэдыхьэшххэр, Гъы къахэкӀыу сэ слъэгъуащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 163
4. Зыгуэрым къыхалъхуауэ щытын.
Си джэдыкӀэр бгъэм кӀэщӀэздзэу Бгъэ къришмэ, куэд слъэкӀынщ, ЖиӀэу къанжэр щыгугъами, Бгъэ бзу лъэпкъым къахэкӀынт?— Къанжэ. «Дамыгъэ», 90
+2 örnek
[Думэсарэ Елдар жреӀэ:] Езы Инали плъагъурэ зэрыщымыгъупщар къэрэхьэлъкъым къахэкӀауэ зэрыщытыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539
Нэхъ лъагапӀэ дыдэм щӀалэ цӀыкӀур тригъэувэри, Аралпыр тегурымыхьу щӀэгубжьэжащ: - БлынымкӀэ зыгъазэ, вэнвейм къыхэкӀа!— Хъуэпсэгъуэ нур, 293
5. Зы щхьэусыгъуэ гуэрым кърикӀуэн.
[Алыджыкъуэ:] Жьыуэ сызэрыкӀуам къыхэкӀыу жьакӀэупсым деж щӀэс щӀагъуэ щыӀэтэкъым, си Ӏуэхур самыгъэгувэу зэфӀагъэкӀри къэзгъэзэжащ, ӀэкӀуэлъакӀуэу сызэщӀэупсауэ, дыхумэ тӀэкӀуи къыскӀэрихыу.— МелыӀыч, 444
+2 örnek
– ЛӀыгъур цӀыкӀу, а си щӀалэ шыр, упӀыщӀа мыгъуэу къыщӀэкӀынщ, - жиӀэу [Дэфэрэдж] къыщыпсалъэм, езым и макъыр къимыцӀыхужын хуэдизу зэкӀуэкӀат зэрыпӀыщӀам къыхэкӀыу.— Лъапсэ, 53
Инус къуэ къызэрыхуамылъхур насыпыншагъэшхуэу тхьэм къыхуигъэкӀуауэ илъытэрт, гуэныхь ищӀахэм къыхэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
6. Зыгуэр къищӀыкӀын. -428.
Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу.— Къалэн, 427
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и гугъу сымыщӀыххами, нэхъыфӀт, абы Камизэхэ я пхъур къигъэгубжьын фӀэкӀа, фӀы къыхэкӀынутэкъым.— Лъапсэ, 25
Хэт и гугъэнт Тинэ абы хуэдэу артисткэ бэлыхь къыхэкӀыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЭКӀЫН (къыхокӀ) лъэмыӀ. (190). 1. (25). Узыхэта, узыхэса гуэр къэбгынэн. Бэлацэ зыхэтам къыхэкӀри фызхэм къахэуващ, Долэт щхьэкӀэ дунейм бзаджэу тетыр жиӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 255. Къаз кӀуэкӀэу, хужьу хуэпауэ Пшэ хужь Ӏэрамэу бгым докӀ, Дыгъэр къахэплъэм гувауэ, Пшэ Ӏэтэ иным къыхокӀ. Къущхьэхъу щыӀэ жэмышхэр. «Мывэ хуабэ», 36-37. Щхьэхьу щӀопхъуэри хъыджэбз псым ихьым и пэ къолъадэ. Езы Азизи ундэрэщхъуащ, къыхэкӀын хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, ищӀэр ищӀэжыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 54. 2. (9). Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыхэхъукӀын. Дэни нобэ щӀыӀэтыӀэщ, Псым къахокӀыр куэду бахъэ, Арщ а Ӏуэхур зыдэщыӀэр Ӏуащхьэмахуи арщ зылъахъэр. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 83. [Красноармеецхэм] Я пщэдыкъыр пщӀэнтӀэпсым къыхэкӀа шыгъум хужь ищӀащ, итӀани гъэмахуэ хуабэр зэхамыщӀэххэ хуэдэу макӀуэ, я уэрэдри дахэщ. Щынэхужьыкъуэ, 10. КӀагуэр зейми гуфӀэу жеӀэ: - Уэшхи уэси а си кӀагуэм Сытми мащӀэ илъэгъуакъым, Нобэ уэшхым хуэдэу гуакӀуэу Зэи си кӀагуэм къытешхакъым, ТкӀуэпсхэм псори ягъэкъабзэ, Хы ӀэрыщӀым уэшх къыхэкӀыр Гъавэ бэвыр фӀым хуегъазэ. Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136-137. 3. (67). зэхь. Зыгуэрым щымыщ хъун. КӀурацэ и лӀыр колхозым къыхэкӀри чырбыш заводым теувауэ щытащ. Щынэхужьыкъуэ, 12. Чопракъ ауз нэмыцэ къыдамыгъэхьэну ягъэбыдащ, жаӀэу эвакуацэ кӀуэн зымыди куэд къахэкӀащ. Нал къута, 298. Мис уэрамым дэзу цӀыхухэр А дзэ плъыжьым яӀущӀащ Псори гуфӀэу мэдыхьэшххэр, Гъы къахэкӀыу сэ слъэгъуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 163. 4. (35). зэхь. Зыгуэрым къыхалъхуауэ щытын. Си джэдыкӀэр бгъэм кӀэщӀэздзэу Бгъэ къришмэ, куэд слъэкӀынщ, ЖиӀэу къанжэр щыгугъами, Бгъэ бзу лъэпкъым къахэкӀынт? Къанжэ. «Дамыгъэ», 90. [Думэсарэ Елдар жреӀэ:] Езы Инали плъагъурэ зэрыщымыгъупщар къэрэхьэлъкъым къахэкӀауэ зэрыщытыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 539. Нэхъ лъагапӀэ дыдэм щӀалэ цӀыкӀур тригъэувэри, Аралпыр тегурымыхьу щӀэгубжьэжащ: - БлынымкӀэ зыгъазэ, вэнвейм къыхэкӀа! Хъуэпсэгъуэ нур, 293. 5. (32). зэхь. Зы щхьэусыгъуэ гуэрым кърикӀуэн. [Алыджыкъуэ:] Жьыуэ сызэрыкӀуам къыхэкӀыу жьакӀэупсым деж щӀэс щӀагъуэ щыӀэтэкъым, си Ӏуэхур самыгъэгувэу зэфӀагъэкӀри къэзгъэзэжащ, ӀэкӀуэлъакӀуэу сызэщӀэупсауэ, дыхумэ тӀэкӀуи къыскӀэрихыу. МелыӀыч, 444. – ЛӀыгъур цӀыкӀу, а си щӀалэ шыр, упӀыщӀа мыгъуэу къыщӀэкӀынщ, - жиӀэу [Дэфэрэдж] къыщыпсалъэм, езым и макъыр къимыцӀыхужын хуэдизу зэкӀуэкӀат зэрыпӀыщӀам къыхэкӀыу. Лъапсэ, 53. Инус къуэ къызэрыхуамылъхур насыпыншагъэшхуэу тхьэм къыхуигъэкӀуауэ илъытэрт, гуэныхь ищӀахэм къыхэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. 6. (12). зэхь. Зыгуэр къищӀыкӀын. Зэкъуэшищым я кум къайгъэ лъэпкъ дэмылъу зэгурыӀуэрт, я шыпхъу цӀыкӀури фӀыщэу ялъагъурти, гъунэгъухэр ягъэгуфӀэт, цӀыху хъарзынэ къазэрыхэкӀа абыхэм, жаӀэу. Къалэн, 427-428. [Дэфэрэдж:] Си диссертацэм и гугъу сымыщӀыххами, нэхъыфӀт, абы Камизэхэ я пхъур къигъэгубжьын фӀэкӀа, фӀы къыхэкӀынутэкъым. Лъапсэ, 25. Хэт и гугъэнт Тинэ абы хуэдэу артисткэ бэлыхь къыхэкӀыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 637.