къыхыхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
къыхыхьэн (къыхохьэ) неперех. гл. см. хыхьэн. ЩӀыӀэ къыхыхьэн см. щӀыӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыхохьэ)
1. КӀуэурэ зыгуэрым хэт хъун, зыгуэрым я гъусэ хъун. КъакӀуэу -586.
Лъэмыж телъар къутати, нэмыцэм псым къыхыхьэн дзыхь ящӀакъым.— Нал къута, 232
+2 örnek
Мис ныщхьэбэ гуэдзыр зыӀуэу ПщылӀхэм паныр къахыхьащ, Езэшахэм зы жамыӀэу Щхьэщэ ящӀу къэувыӀащ: - Щхьэ фыщытхэ? «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
[Ӏурарэ Инал зыхуигъазэу хъуахъуэрт:] Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм тхуищӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585
2. Уз гуэрым зэщӀищтэн.
Къэзыгъэгузавэр сыт жыпӀэмэ, [пащтыхьым] и фыз тхьэӀухуд къомым емынэр къахыхьащи, Ӏисраф мэхъу.— Лъапсэ, 120
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] Тырку пащтыхьым и гаремым щӀэс фыз къомым емынэр къащыхыхьэм, сулътӀаным кхъухь къигъакӀуэри си анэшхуэр иригъэшауэ щытащ: «Истамбыл дэлъ мылъкур узот, емынэм цӀыхубз дахэ къомыр къебгъэлмэ», - жиӀэри.— Лъапсэ, 28
Deyimler (1)
Ӏуэхум къыхыхьэн
Еплъ: Ӏуэху
Kitapta geçtiği hali
КЪЫХЫХЬЭН (къыхохьэ) лъэмыӀ. (36). 1. (33). КӀуэурэ зыгуэрым хэт хъун, зыгуэрым я гъусэ хъун. Лъэмыж телъар къутати, нэмыцэм псым къыхыхьэн дзыхь ящӀакъым. Нал къута, 232. КъакӀуэу Мис ныщхьэбэ гуэдзыр зыӀуэу ПщылӀхэм паныр къахыхьащ, Езэшахэм зы жамыӀэу Щхьэщэ ящӀу къэувыӀащ: - Щхьэ фыщытхэ? «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. [Ӏурарэ Инал зыхуигъазэу хъуахъуэрт:] Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм тхуищӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585-586. 2. (2). Уз гуэрым зэщӀищтэн. Къэзыгъэгузавэр сыт жыпӀэмэ, [пащтыхьым] и фыз тхьэӀухуд къомым емынэр къахыхьащи, Ӏисраф мэхъу. Лъапсэ, 120. [Дэфэрэдж:] Тырку пащтыхьым и гаремым щӀэс фыз къомым емынэр къащыхыхьэм, сулътӀаным кхъухь къигъакӀуэри си анэшхуэр иригъэшауэ щытащ: «Истамбыл дэлъ мылъкур узот, емынэм цӀыхубз дахэ къомыр къебгъэлмэ», - жиӀэри. Лъапсэ, 28. ◊ Ӏуэхум къыхыхьэн (1). Еплъ Ӏуэху.