къыхуэнэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(къыхуонэ)

1. Еплъ: къыхуэнэжын

Былыми мылъкуи ямыӀэжу (зэдэлъху-зэшыпхъум) жыг хадэ закъуэр къахуэнащ.— ӀуэрыӀуатэ

2. Зыгуэрым ейуэ щытар нэгъуэщӀым къылъысын (щӀэину). Лъапсэр къыхуэнэн.

рудостаться кому-л. от кого-л. (напр. в наследство)

Kitapta geçtiği hali

къыхуэнэн (къыхуонэ) неперех. гл. 1. см. къыхуэнэжын. * Былыми мылъкуи ямыӀэжу (зэдэлъху-зэшыпхъум) жыг хадэ закъуэр къахуэнащ. фольк. 2. достаться кому-л. от кого-л. (напр. в наследство) / Зыгуэрым ейуэ щытар нэгъуэщӀым къылъысын (щӀэину). Лъапсэр къыхуэнэн. n Ди пщыр хэкум щикӀыжакӀэ пщыгъуэ лъапӀэр сэ къысхуонэ. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(къыхуонэ)

1. Зыгуэрым иужькӀэ къэнэн.

Къандыщэ [Дисэ жреӀэ]: Тхьа, нэмыцэ ямылъагъужынхэр щыдахужам, джэдитӀ къысхуэнати, тхьа, джэд фермэм естам, абы къищынэмыщӀыжу, тхьа, нартыху къэп закъуэ сиӀэти жылапхъэу естам, итӀани, уэри уолъагъу, тхьа, си жьыщхьэ хъыджэбзхэм сахэту солажьэ.— Алъхъо, 52

+2 örnek

Сшэчар къыздащӀэ си уэрэдым – Ар къуалэбзууэ къысхуэнащ.— Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… Щхьэлыкъуэ, 400

ЗгъэщӀэну дапщэ къысхуэнами ХузощӀыр щхьэщэ махуэ къэс.— Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 14

2. Зыгуэрым ейуэ щытар нэгъуэщӀым къылъысын.

Псоми ящӀэрт Къундет адэ щӀэину Ӏэщи мэли куэду къыхуэнауэ зэрыщытар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 90

+2 örnek

[Псэун и анэм жреӀэ:] ЛӀам и мылъкур къызыхуэнар уэращ, щӀумылъхьэжами, уилӀщ, нэчыхьыр ебгъэкъутакъым.— Къалэн, 435

Жьым ар [пшэ чэтхъахэр] къуршым хутемыху, [ЩоджэнцӀыкӀум] Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр Къытхуэнащи тхуэмыух.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий и сурэт. «Мывэ хуабэ», 143

3. Зыгуэрым хуэкӀуэн.

[Къылышбий и къуэм шы зыдыгъуам жреӀэ:] Джыназым джыназ йодыгъуэ. Ара иджы дыкъызыхуэнар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 116

4. Зыгуэр зыгуэрым и пщэ дэлъхьэн.

Райпотребсоюзым я подвалым фадэ щӀэлъар абы [Азрет] къыхуэнауэ ихъумэрт, езым фӀэкӀ еӀусэнӀауэ хуимыту.— Нал къута, 251

+1 örnek

Уей, бетэмал жи, ахъшэу абы [Нурхьэлий] къыхуэнар езым ейуэ щытатэм, сыту мылъкушхуэ иӀэнут, сыту насып мыухи хуэзэнут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 228

Deyimler (1)

къаруи-псэруи къыхуэмынэн

Еплъ: къару

Kitapta geçtiği hali

КЪЫХУЭНЭН (къыхуонэ) лъэӀ. (35). 1. (25). Зыгуэрым иужькӀэ къэнэн. Къандыщэ [Дисэ жреӀэ]: Тхьа, нэмыцэ ямылъагъужынхэр щыдахужам, джэдитӀ къысхуэнати, тхьа, джэд фермэм естам, абы къищынэмыщӀыжу, тхьа, нартыху къэп закъуэ сиӀэти жылапхъэу естам, итӀани, уэри уолъагъу, тхьа, си жьыщхьэ хъыджэбзхэм сахэту солажьэ. Алъхъо, 52. Сшэчар къыздащӀэ си уэрэдым – Ар къуалэбзууэ къысхуэнащ. Си лъапсэр бгъэгъумэ уэ пфӀэфӀати… «Щхьэлыкъуэ», 400. ЗгъэщӀэну дапщэ къысхуэнами ХузощӀыр щхьэщэ махуэ къэс. Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 14. 2. (6). Зыгуэрым ейуэ щытар нэгъуэщӀым къылъысын. Псоми ящӀэрт Къундет адэ щӀэину Ӏэщи мэли куэду къыхуэнауэ зэрыщытар. Хъуэпсэгъуэ нур, 90. [Псэун и анэм жреӀэ:] ЛӀам и мылъкур къызыхуэнар уэращ, щӀумылъхьэжами, уилӀщ, нэчыхьыр ебгъэкъутакъым. Къалэн, 435. Жьым ар [пшэ чэтхъахэр] къуршым хутемыху, [ЩоджэнцӀыкӀум] Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр Къытхуэнащи тхуэмыух. ЩоджэнцӀыкӀу Алий и сурэт. «Мывэ хуабэ», 143. 3. (1). Зыгуэрым хуэкӀуэн. [Къылышбий и къуэм шы зыдыгъуам жреӀэ:] Джыназым джыназ йодыгъуэ. Ара иджы дыкъызыхуэнар? Хъуэпсэгъуэ нур, 116. 4. (2). Зыгуэр зыгуэрым и пщэ дэлъхьэн. Райпотребсоюзым я подвалым фадэ щӀэлъар абы [Азрет] къыхуэнауэ ихъумэрт, езым фӀэкӀ еӀусэнӀауэ хуимыту. Нал къута, 251. Уей, бетэмал жи, ахъшэу абы [Нурхьэлий] къыхуэнар езым ейуэ щытатэм, сыту мылъкушхуэ иӀэнут, сыту насып мыухи хуэзэнут. Хъуэпсэгъуэ нур, 228. ◊ Къаруи-псэруи къыхуэмынэн (1). Еплъ къару.

Düzeltme Öner

къыхуэнэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.