къытелъэдэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къытолъадэ)
1. Еплъ: телъэдэн
Мылым щӀалэ цӀыкӀур къытолъадэ. Псыр гъуэгум къытолъадэ. Къытелъэдау къэфэн.
2. Зыгуэрым теухуэн, зыгуэр къабыл щӀын.
рувнезапно принять решение, решиться на что-л.
ЛӀыр къытелъэдащ Ӏуэхур зэфӀигъэкӀыну.
(къытолъадэ)
Лхугъэм зэуэ зыкъыуигъэщӀэн.
рувнезапно и быстро начаться у кого-л. (о родовых схватках)
Зэгуэр, щӀэрыкӀуэхьэ дыкъикӀыжу си нысэм къытелъэдащ.— Къэрмокъуэ Хьэмид
Bu maddedeki ifadeler (1)
нэм лъы къытелъэдэн
Еплъ: нэ
Kitapta geçtiği hali
къытелъэдэн I (къытолъадэ) неперех. гл. 1. см. телъэдэн. Мылым щӀалэ цӀыкӀур къытолъадэ. Псыр гъуэгум къытолъадэ. Къытелъэдау къэфэн. 2. внезапно принять решение, решиться на что-л. / Зыгуэрым теухуэн, зыгуэр къабыл щӀын. ЛӀыр къытелъэдащ Ӏуэхур зэфӀигъэкӀыну. Нэм лъы къытелъэдэн см. нэ. II (къытолъадэ) неперех. гл. внезапно и быстро начаться у кого-л. (о родовых схватках) / Лхугъэм зэуэ зыкъыуигъэщӀэн. * Зэгуэр, щӀэрыкӀуэхьэ дыкъикӀыжу си нысэм къытелъэдащ. Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къытолъадэ)
1. ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и гущӀыӀум жэрыгъэкӀэ техьэн.
МафӀэгу гуэр, вагонхэр зэхэкъутауэ, зэхэцӀэлауэ, нэхъыбэм я щхьэгъубжэр хэмылъыжу къытелъэдащи, псори абы итӀысхьэну йоӀэ, зэрогъэкӀий, зэрызохьэ.— Нал къута, 217
+2 örnek
ЦӀыкӀущэ гуфӀэщати къытелъадэу къэфэн тӀэу еплъынтэкъым, арщхьэкӀэ утыку укъихьэу уи гуэншэрыкъым илъ шабийр къибгъэлъэлъын?— Нэгъуху, 19
Лу къэуӀэбжьащ, и напэм бэдж зэрамыщӀэж къытелъадэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579
2. ТкӀуаткӀуэ гуэр зыгуэрым и гущӀыӀум ихьэн.
Лы Ӏыхьэр ӀэкӀэ къащтэри гуахъуэм фӀаӀурт, итӀанэ, мэкъу Ӏэмбатэ гуахъуэкӀэ къаӀэта хуэдэ, яӀыгъыу гуахъуэм фӀэлъыр зэрыфӀэлъу яшхырт, зэзэмызэ лыр шыпсым хагъауэрэ къыхахыжмэ, шыпсыр я Ӏэщхьэм къытелъадэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588
+2 örnek
Мис абдежым къошхыр уэшх, Псыр мыл щӀыӀум къытолъадэ, Иныжь хьэдэри хокӀуадэ.— Елбэздыкъуэ, 21
Лъыр Жыраслъэн и жьэпкъым къыпыжурэ дыщэкӀэ ла хьэзырым къытелъадэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117
Kitapta geçtiği hali
КЪЫТЕЛЪЭДЭН (къытолъадэ) лъэмыӀ. (14). 1. (7). ЗыщӀыпӀэ, зыгуэрым и гущӀыӀум жэрыгъэкӀэ техьэн. МафӀэгу гуэр, вагонхэр зэхэкъутауэ, зэхэцӀэлауэ, нэхъыбэм я щхьэгъубжэр хэмылъыжу къытелъэдащи, псори абы итӀысхьэну йоӀэ, зэрогъэкӀий, зэрызохьэ. Нал къута, 217. ЦӀыкӀущэ гуфӀэщати къытелъадэу къэфэн тӀэу еплъынтэкъым, арщхьэкӀэ утыку укъихьэу уи гуэншэрыкъым илъ шабийр къибгъэлъэлъын? Нэгъуху, 19. Лу къэуӀэбжьащ, и напэм бэдж зэрамыщӀэж къытелъадэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579. 2. (7). ТкӀуаткӀуэ гуэр зыгуэрым и гущӀыӀум ихьэн. Лы Ӏыхьэр ӀэкӀэ къащтэри гуахъуэм фӀаӀурт, итӀанэ, мэкъу Ӏэмбатэ гуахъуэкӀэ къаӀэта хуэдэ, яӀыгъыу гуахъуэм фӀэлъыр зэрыфӀэлъу яшхырт, зэзэмызэ лыр шыпсым хагъауэрэ къыхахыжмэ, шыпсыр я Ӏэщхьэм къытелъадэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. Мис абдежым къошхыр уэшх, Псыр мыл щӀыӀум къытолъадэ, Иныжь хьэдэри хокӀуадэ. «Елбэздыкъуэ», 21. Лъыр Жыраслъэн и жьэпкъым къыпыжурэ дыщэкӀэ ла хьэзырым къытелъадэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 117.