жеин
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
жеин/чъыен; UYUMAK
чъыен/жеин; UYUMAK (чъыягъэ/ жеящ: uyudu; мэчъые/мэжей: uyuyor);
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэжей)
руспать; заснуть
Kitapta geçtiği hali
жеин (мэжей) неперех. спать; заснуть
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэжей)
Ӏурихын, жейм хилъэфэн.
СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт.— УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83
+2 örnek
Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэгушыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгейм дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476
Куэдрэ жея, мащӀэрэ жея, Дуду къызэщыурэ зиплъыхьмэ – витӀыр бгъуэтым къащтэ.— ВитӀ, 414
Deyimler (9)
жей нэпцӀ зыщӀын
Жей хуэдэу зыщӀын, жеифэ зытегъэуэн.
Лу зиущэхуат, жей нэпцӀ зищӀауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553
+1 örnek
И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жей нэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм, зыми емыупщӀу, дохутыр жэри къишащ.— Лъапсэ, 27
жейм емызэгъын
Мыжеифын, гупсысэм хэтын.
Нурхьэлий, пэшхьэкум мафӀэ ирищӀэщ, мырамысэ щтар къигъэвыжщ, едзакъэри, зыкъомрэ жейм емызэгъыу щылъа нэужь, Ӏурихауэ арт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 157
+1 örnek
А хъыбарыр зэрызэхих лъандэрэ Локотош жейм емызэгъыжу хэлът.— Нал къута, 244
жейм хилъэфэн
Ӏурихын.
Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
[и] жеин къэкӀуэн
Жеину хуеин.
Лу гъуэлъыжа иужь, зигъэджэрэзу хэлът, и жеин къэмыкӀуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609
5 deyim daha
[и] жейр зэпыудын
Къэгъэушын
Сеуэу щхьэ къизмыудрэ мыр жиӀэу Мэмэт-щӀакъуэр нэхъеижу къызэгуэпащ, и жейр къызэпаудащи, модрейри къоупщӀ: – Уа, мэлыхъуэм я мэл хьэм ишхмэ, ари акт щӀын хуей?— Лъапсэ, 50
жейр къытекӀуэн
Егъэлеяуэ и жеин къэкӀуэн.
Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229
жейр къытеуэн
Хуабжьу и жеин къэкӀуэн.
Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм.— Хъуэпсэгъуэ нур, 123
+1 örnek
Жэщыр хэкӀуэтат, Ботэх, гъуэлъыжыгъуэ хъуати, жейр къытеуащ, ауэ ужей хъурэ – укъагъэнэнщи, щакӀуэхэр ежьэнщ.— Лъапсэ, 68
[и] жейр кӀуэдын
Жей имыӀэу къэнэн, жейм емызэгъын, мыжеифын.
Жэщи махуи уи зэхуэдэу УгуитӀщхьитӀу жейр мэкӀуэд, Къуалэбзухэм уахуэзамэ, ДажыбоӀэ я уэрэд.— Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334
[и] жейр тегъэун
Жейр щхьэщыгъэкӀын.
Дадэм хъыбар жиӀэурэ хъыджэбзым и жейр тригъэурт, нэху щымэ, къуршым щхьэдэхыну.— Нал къута, 272
Kitapta geçtiği hali
ЖЕИН (мэжей) лъэмыӀ. (144). Ӏурихын, жейм хилъэфэн. СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ»,83. Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэгушыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгейм дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. Куэдрэ жея, мащӀэрэ жея, Дуду къызэщыурэ зиплъыхьмэ – витӀыр бгъуэтым къащтэ. ВитӀ, 414. ◊ Жей нэпцӀ зыщӀын (2). Жей хуэдэу зыщӀын, жеифэ зытегъэуэн. Лу зиущэхуат, жей нэпцӀ зищӀауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жей нэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм, зыми емыупщӀу, дохутыр жэри къишащ. Лъапсэ, 27. Жейм емызэгъын (26). Мыжеифын, гупсысэм хэтын. Нурхьэлий, пэшхьэкум мафӀэ ирищӀэщ, мырамысэ щтар къигъэвыжщ, едзакъэри, зыкъомрэ жейм емызэгъыу щылъа нэужь, Ӏурихауэ арт. Хъуэпсэгъуэ нур, 157. А хъыбарыр зэрызэхих лъандэрэ Локотош жейм емызэгъыжу хэлът. Нал къута, 244. Жейм хилъэфэн (8). Ӏурихын. Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. [И] жеин къэкӀуэн (7). Жеину хуеин. Лу гъуэлъыжа иужь, зигъэджэрэзу хэлът, и жеин къэмыкӀуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. [И] жейр зэпыудын (1). Къэгъэушын. Сеуэу щхьэ къизмыудрэ мыр жиӀэу Мэмэт-щӀакъуэр нэхъеижу къызэгуэпащ, и жейр къызэпаудащи, модрейри къоупщӀ: – Уа, мэлыхъуэм я мэл хьэм ишхмэ, ари акт щӀын хуей? Лъапсэ, 50. Жейр къытекӀуэн (1). Егъэлеяуэ и жеин къэкӀуэн. Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. Жейр къытеуэн (4). Хуабжьу и жеин къэкӀуэн. Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. Жэщыр хэкӀуэтат, Ботэх, гъуэлъыжыгъуэ хъуати, жейр къытеуащ, ауэ ужей хъурэ – укъагъэнэнщи, щакӀуэхэр ежьэнщ. Лъапсэ, 68. [И] жейр кӀуэдын (1). Жей имыӀэу къэнэн, жейм емызэгъын, мыжеифын. Жэщи махуи уи зэхуэдэу УгуитӀщхьитӀу жейр мэкӀуэд, Къуалэбзухэм уахуэзамэ, ДажыбоӀэ я уэрэд. Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334. [И] жейр тегъэун (1). Жейр щхьэщыгъэкӀын. Дадэм хъыбар жиӀэурэ хъыджэбзым и жейр тригъэурт, нэху щымэ, къуршым щхьэдэхыну. Нал къута, 272.