къыпыхын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыпех)
1. Зыгуэрым фӀэдзауэ, пыту щытыр къыфӀэхын, къыпычын.
руснять что-л. с чего-л.
Къэрэжау и къуэм джатэр къыпихри, зиплъыхьащ.— ӀуэрыӀуатэ
+1 örnek
А жыгыжьым махуэ къэс зы мыӀэрысэт къыпыкӀэр. Зэшыпхъуищыр лъатэрти А мыӀэрысэр къыпахырт.— Нартхэр
2. Зыгуэр зыӀэрыгъэхьэн, зыгуэрым ей зыӀэщӀэгъэхьэн.
руполучить, добиться чего-л. от кого-чего-л.
Молэми ищӀэрт Хужьэ зэрымыхъужынур, ауэ псэуху тӀэкӀу къыпыкӀынур къыпысхынщ, жери пыкӀыжыныр и гум къыхуидэртэкъым.— Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ
3. Дэплъеин, щапхъэ къытехын. Акъыл къыпех.
руперенять, воспринять что-л. от кого-л.
4. Зыгуэрым укъицӀэлэн (узым). Уз зэрыцӀэлэ къыпихащ.
рузаразиться от кого-л. (какой-л. болезнью)
(къыпех)
Пыхауэ зыгуэрым и Ӏыхьэ пыгъэщхьэхукӀын.
руотпилить, отрезать, отделить что-л. от чего-л.
Пхъэбгъу кӀапэр къыпыхын. Жыг щхьэкӀэр къыпыхын.
Kitapta geçtiği hali
къыпыхын I (къыпех) перех. гл. 1. снять что-л. с чего-л. / Зыгуэрым фӀэдзауэ, пыту щытыр къыфӀэхын, къыпычын. * Къэрэжау и къуэм джатэр къыпихри, зиплъыхьащ. фольк. А жыгыжьым махуэ къэс зы мыӀэрысэт къыпыкӀэр. Зэшыпхъуищыр лъатэрти А мыӀэрысэр къыпахырт. Нарт. 2. переносное получить, добиться чего-л. от кого-чего-л. / Зыгуэр зыӀэрыгъэхьэн, зыгуэрым ей зыӀэщӀэгъэхьэн. * Молэми ищӀэрт Хужьэ зэрымыхъужынур, ауэ псэуху тӀэкӀу къыпыкӀынур къыпысхынщ, жери пыкӀыжыныр и гум къыхуидэртэкъым. Таур. хъыб. 3. переносное к.-з. перенять, воспринять что-л. от кого-л. / Дэплъеин, щапхъэ къытехын. Акъыл къыпех. 4. переносное к.-з. заразиться от кого-л. (какой-л. болезнью) / Зыгуэрым укъицӀэлэн (узым). Уз зэрыцӀэлэ къыпихащ. Жэуап къыпыхын см. жэуап. Фейдэ къыпыхын см. фейдэ. Хъер къыпыхын см. хъер. II (къыпех) перех. гл. отпилить, отрезать, отделить что-л. от чего-л. / Пыхауэ зыгуэрым и Ӏыхьэ пыгъэщхьэхукӀын. Пхъэбгъу кӀапэр къыпыхын. Жыг щхьэкӀэр къыпыхын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыпех)
Зыгуэрым узыхуейр къыӀэщӀэгъэкӀын, егъэщӀэн.
Апчарэ зоотехникым зыгуэр къыпихмэ, фӀэфӀт.— Щынэхужьыкъуэ, 57
+2 örnek
Директорым мафӀэр къыӀурылъэлъ зэпытт, абы уедауэкӀэ сыт къыпыпхын, зы жепӀэмэ, тӀощӀ къыбжеӀэ, уимыгъэпсалъэу.— МелыӀыч, 468
Абы [Джихьад] къыкӀэлъыкӀуэр Ӏэхьмэдщ, щхьэц фӀыцӀэщ, и адэр хьэрыпщ, и анэр адыгэщ, ауэ адыгэбзэкӀэ къыпыпхын щӀагъуэ щыӀэкъым, зыгуэркӀэ уеупщӀмэ, хьэрыпыбзэкӀэ жэуапыр къует, адыгэбзэр къызэрыгурыӀуам гу лъыуигъатэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 401
Kitapta geçtiği hali
КЪЫПЫХЫН (къыпех) лъэӀ. (16) зэхь. Зыгуэрым узыхуейр къыӀэщӀэгъэкӀын, егъэщӀэн. Апчарэ зоотехникым зыгуэр къыпихмэ, фӀэфӀт. Щынэхужьыкъуэ, 57. Директорым мафӀэр къыӀурылъэлъ зэпытт, абы уедауэкӀэ сыт къыпыпхын, зы жепӀэмэ, тӀощӀ къыбжеӀэ, уимыгъэпсалъэу. МелыӀыч, 468. Абы [Джихьад] къыкӀэлъыкӀуэр Ӏэхьмэдщ, щхьэц фӀыцӀэщ, и адэр хьэрыпщ, и анэр адыгэщ, ауэ адыгэбзэкӀэ къыпыпхын щӀагъуэ щыӀэкъым, зыгуэркӀэ уеупщӀмэ, хьэрыпыбзэкӀэ жэуапыр къует, адыгэбзэр къызэрыгурыӀуам гу лъыуигъатэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 401.