къыдэхуэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыдехуэж)
Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыдэгъэхьэжын, къэхуурэ.
рузагнать обратно кого-что-л. куда-л. (сюда)
ЕтӀуанэ махуэм аслъэн и Ӏэхъушэр нэхъ пасэу къыдихуэжри езыр мэжджытым кӀуащ.— Теунэ Хьэчим
(къыдохуэж)
1. Еплъ: къыдэхуэн
1.
Пхъэбгъур куэбжэ ирикъури къыдэхуэжащ.
2. Лей хъужын, Ӏуэхуншэу къыдэнэжын.
руоказаться не у дел, лишним
Нэхъ щӀалэхэр къыкъуэкӀыу езыр къыдэхуэжын.
Bu maddedeki ifadeler (1)
ирикъунщи къыдэхуэжынщ
Еплъ: ирикъун
Kitapta geçtiği hali
къыдэхуэжын I (къыдехуэж) перех. гл. загнать обратно кого-что-л. куда-л. (сюда) / Зыгуэр зыщӀыпӀэ къыдэгъэхьэжын, къэхуурэ. * ЕтӀуанэ махуэм аслъэн и Ӏэхъушэр нэхъ пасэу къыдихуэжри езыр мэжджытым кӀуащ. Т. Хь. II (къыдохуэж) неперех. гл. 1. см. къыдэхуэн II 1. Пхъэбгъур куэбжэ ирикъури къыдэхуэжащ. 2. к.-з. оказаться не у дел, лишним / Лей хъужын, Ӏуэхуншэу къыдэнэжын. Нэхъ щӀалэхэр къыкъуэкӀыу езыр къыдэхуэжын. Ирикъунщи къыдэхуэжынщ см. ирикъун.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдехуэж)
Зыгуэр зыщӀыпӀэ къэхуурэ къыдэгъэхьэжын.
Хьэкурынэри къокӀуэжыр, Бжэныр къуажэм къыдехуэжыр.— Тисей, 505
+1 örnek
[Хьэжумар Хьэтау зыхуигъазэу]: ИтӀ бетэмал, зауэм и пэм шы миным щӀигъу къыдэтхуэжырт, иджы сыт шы щитӀ къудейщ!— Алъхъо, 92
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЭХУЭЖЫН (къыдехуэж) лъэӀ. (2). Зыгуэр зыщӀыпӀэ къэхуурэ къыдэгъэхьэжын. Хьэкурынэри къокӀуэжыр, Бжэныр къуажэм къыдехуэжыр. «Тисей», 505. [Хьэжумар Хьэтау зыхуигъазэу]: ИтӀ бетэмал, зауэм и пэм шы миным щӀигъу къыдэтхуэжырт, иджы сыт шы щитӀ къудейщ! Алъхъо, 92.