къыдэхуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(къыдехуэ)
ЗыщӀыпӀэ, зэхуаку гуэрым дэгъэхьэн, къэпхуурэ.
рузагнать кого-что-л. куда-л. (сюда)
Былымыр псыхъуэм къыдахуащ.
(къыдохуэ)
1. Лей хъун, щӀигъун.
руостаться в избытке
ЩэкӀым къыдэхуащ.
2. Хуит къэхъун (Ӏуэхугъуэ гуэрым къыдэхуэу).
руосвободиться от чего-л. для чего-л.
НасыпыфӀэ ухъу, Фаризэт, лэжьыгъэм дыкъыдэхуакъым, жэщым довэ, махуэм досэ...— ЛъэбакъуэщӀэхэр
+1 örnek
КъэкӀухьыным укъыдэхуэу улажьэркъым.— Д. кӀанэ. Дыщэ КӀ.
(къыдохуэ)
Зэхуаку гуэрым къыщехуэхын, къыдэукӀуриен, къыдэджэлэн.
руупасть куда-л., в пространство между чем-л.
КъэрапцӀэм тесыр зэфӀэщӀэри щӀытӀым къыдэхуащ. ӀуэрыӀу.
Bu maddedeki ifadeler (1)
{и} пщэ къыдэхуэн
Еплъ: пщэ
Kitapta geçtiği hali
къыдэхуэн I (къыдехуэ) перех. гл. загнать кого-что-л. куда-л. (сюда) / ЗыщӀыпӀэ, зэхуаку гуэрым дэгъэхьэн, къэпхуурэ. Былымыр псыхъуэм къыдахуащ. II (къыдохуэ) неперех. гл. 1. остаться в избытке / Лей хъун, щӀигъун. ЩэкӀым къыдэхуащ. 2. переносное освободиться от чего-л. для чего-л. / Хуит къэхъун (Ӏуэхугъуэ гуэрым къыдэхуэу). * НасыпыфӀэ ухъу, Фаризэт, лэжьыгъэм дыкъыдэхуакъым, жэщым довэ, махуэм досэ... Лъэб. КъэкӀухьыным укъыдэхуэу улажьэркъым. Д. кӀанэ. Дыщэ КӀ. III (къыдохуэ) неперех. гл. упасть куда-л., в пространство между чем-л. / Зэхуаку гуэрым къыщехуэхын, къыдэукӀуриен, къыдэджэлэн. * КъэрапцӀэм тесыр зэфӀэщӀэри щӀытӀым къыдэхуащ. ӀуэрыӀу. {И} пщэ къыдэхуэн см. пщэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къыдехуэ)
ЗыщӀыпӀэ зыгуэр дэгъэхьэн.
Абдулрэ Рахьимрэ унэм щӀэуэу хъыджэбзыр къыщӀахауэ къыщагъэзэжкӀэ, Дисэ куэбжэр Ӏуихыу МутӀэ гур къыдихуэну арат зэрызэпсэлъар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143
(къыдохуэ)
1. Лей хъун, щӀигъун.
Зэанэзэпхъур я ныбэ изу шхащ, загъэпсэхуащ, къыдэхуари гъуэмылэу здащтэмэ, ПӀатӀыкъуей нэс яхурикъунущ, гъуэгур къагъуэт закъуэмэ.— Лъапсэ, 56
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Ахъшэ тӀэкӀуи къыщыдэхуэм иджыри зыгуэр къэсщэхун, жысӀа щхьэкӀэ сыщӀогъуэжри къызогъэзэж, ахъшэри къызохьыжри.— МелыӀыч, 447
Къадэхуэр банкым хилъхьэурэ Абу-Деруиш мелуаным нигъэсащ.— Кхъэлэгъунэ, 375
2. Ӏуэхухэр зэфӀэкӀа иужькӀэ зэман къыхуэнэн.
Ӏуэхухэм пщащэр къыдэхуати ТӀэкӀу теуну садым кӀуат, Удз гъэгъахэм хуэзэшати Къищыпыным егуэкӀуащ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152
+1 örnek
Якъуб нэхъыбэу щакӀуэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ.— Нал къута, 249
Deyimler (1)
[и] пщэ къыдэхуэн
Еплъ: пщэ
Kitapta geçtiği hali
КЪЫДЭХУЭН I (къыдехуэ) лъэӀ. (1). ЗыщӀыпӀэ зыгуэр дэгъэхьэн. Абдулрэ Рахьимрэ унэм щӀэуэу хъыджэбзыр къыщӀахауэ къыщагъэзэжкӀэ, Дисэ куэбжэр Ӏуихыу МутӀэ гур къыдихуэну арат зэрызэпсэлъар. Хъуэпсэгъуэ нур, 143.
КЪЫДЭХУЭН II (къыдохуэ) лъэмыӀ. (16). 1. (5). Лей хъун, щӀигъун. Зэанэзэпхъур я ныбэ изу шхащ, загъэпсэхуащ, къыдэхуари гъуэмылэу здащтэмэ, ПӀатӀыкъуей нэс яхурикъунущ, гъуэгур къагъуэт закъуэмэ. Лъапсэ, 56. [Алыджыкъуэ:] Ахъшэ тӀэкӀуи къыщыдэхуэм иджыри зыгуэр къэсщэхун, жысӀа щхьэкӀэ сыщӀогъуэжри къызогъэзэж, ахъшэри къызохьыжри. МелыӀыч, 447. Къадэхуэр банкым хилъхьэурэ Абу-Деруиш мелуаным нигъэсащ. Кхъэлэгъунэ, 375. 2. (4). зэхь. Ӏуэхухэр зэфӀэкӀа иужькӀэ зэман къыхуэнэн. Ӏуэхухэм пщащэр къыдэхуати ТӀэкӀу теуну садым кӀуат, Удз гъэгъахэм хуэзэшати Къищыпыным егуэкӀуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152. Якъуб нэхъыбэу щакӀуэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ. Нал къута, 249. ◊ Хъуэжэ и Ӏэтэу къыдэхуэн (1). Еплъ Хъуэжэ. Хъуашэ и Ӏэтэу къыдэхуэн (4). Еплъ Хъуашэ.
КЪЫДЭХУЭН III: ◊ [и] пщэ къыдэхуэн (3). Еплъ пщэ.