къепщэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къопщэ)
Духьэ къэбжын, жин фӀыцӀэхэр Ӏухун папщӀэ.
Сымаджэм къигъэгузэвауэ Инус молэм елъэӀуащ, къакӀуэу тӀэкӀу къепщэну, дыуи къыхуитхыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69
(къопщэ)
Хьэуар, жьыр зекӀуэн.
Мэз защӀэкӀэрэ тенджызым нэсри кхъухь тедзапӀэ къыхихам пэмыжыжьэу увыӀэпӀэ къигъуэтри Ӏуэхум и ужь ихьащ, жьыбгъэ къепщэм щимыгъэтыж щӀыкӀэ Ӏуэхум кӀэ етын хуейщ, жиӀэри [къыдырым].— Кхъухь пхэнж, 497
+2 örnek
– Бади-къэсиф къопщэ, къуэгъэнапӀэ дывгъакӀуэ, - жьапщэр зэрышынагъуэр губгъуэрысым ищӀэу къыщӀэкӀынт.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
Жылэу хэссэм сахуосакъыр, Къопщэр, къопщэр зэм акъужь.— Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375
Kitapta geçtiği hali
КЪЕПЩЭН I (къопщэ) лъэмыӀ. (1). Духьэ къэбжын, жин фӀыцӀэхэр Ӏухун папщӀэ. Сымаджэм къигъэгузэвауэ Инус молэм елъэӀуащ, къакӀуэу тӀэкӀу къепщэну, дыуи къыхуитхыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 69.
КЪЕПЩЭН II (къопщэ) лъэмыӀ. (25). Хьэуар, жьыр зекӀуэн. Мэз защӀэкӀэрэ тенджызым нэсри кхъухь тедзапӀэ къыхихам пэмыжыжьэу увыӀэпӀэ къигъуэтри Ӏуэхум и ужь ихьащ, жьыбгъэ къепщэм щимыгъэтыж щӀыкӀэ Ӏуэхум кӀэ етын хуейщ, жиӀэри [къыдырым]. Кхъухь пхэнж, 497. – Бади-къэсиф къопщэ, къуэгъэнапӀэ дывгъакӀуэ, - жьапщэр зэрышынагъуэр губгъуэрысым ищӀэу къыщӀэкӀынт. ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. Жылэу хэссэм сахуосакъыр, Къопщэр, къопщэр зэм акъужь. Си губгъуэ. «Щхьэлыкъуэ», 375.