епщэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(йопщэ)

1. ӀукӀэ зыгуэрым жьы жьэхегъэхуэн.

руподуть на что-л.

МафӀэм епщэн. Шей пщтырым епщэн.

+2 örnek

ЩхьэфӀэхыным щыхуежьэм, къопщэ иныжьыр Сосрыкъуэм махуэ гъуэгукӀэ къыӀуедз.— Нартхэр

Шэм исар шхум йопщэ.— Псалъэжьхэр

2. Накъырэм, бжьамийм ӀукӀэ жьы гъакӀуэурэ макъ къигъэкӀын.

руиграть на чем-л. (на духовом инструменте)

Лу накъырэм епщэрт икӀи къафэрт.— КӀыщокъуэ Алим

+1 örnek

Бжьамий епщэнкӀэ зыри зытемыкӀуэжыр Ашэмэзщ.— Нартхэр

Kitapta geçtiği hali

епщэн (йопщэ) неперех. гл. 1. подуть на что-л. / ӀукӀэ зыгуэрым жьы жьэхегъэхуэн. МафӀэм епщэн. Шей пщтырым епщэн. * ЩхьэфӀэхыным щыхуежьэм, къопщэ иныжьыр Сосрыкъуэм махуэ гъуэгукӀэ къыӀуедз. Нарт. Шэм исар шхум йопщэ. (погов.) 2. играть на чем-л. (на духовом инструменте) / Накъырэм, бжьамийм ӀукӀэ жьы гъакӀуэурэ макъ къигъэкӀын. * Лу накъырэм епщэрт икӀи къафэрт. КӀ. А. Бжьамий епщэнкӀэ зыри зытемыкӀуэжыр Ашэмэзщ. Нарт.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(йопщэ)

1. ӀукӀэ зыгуэрым жьы жьэхегъэхуэн.

ЩӀалэ цӀыкӀур, Бот хуэдэу, и Ӏэ диям епщэрт, игъэхуэбэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 292

+1 örnek

Дэпыр мыукӀыфӀыжыпэн папщӀэ, хуэм дыдэурэ епщэмэ, плъыжьыбзэу къызэщӀэнэрт, Ӏугъуэ мащӀэ къыдрихуейурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

2. ӀукӀэ жьы гъакӀуэурэ макъ къигъэкӀын (бжьамий, накъырэ с.ху.).

ЩӀалэ, хъыджэбз къызыхуэсами Ӏэгур щӀауду джэгу ящӀащ, пшынэ еуэри еуэу, бжамийм епщэри епщэу, шыкӀэпшынэри абы хуэдэу, жылэр зэхэтт, хьэщӀэм пэплъэу, зэрызэпсэлъамкӀэ, хьэщӀэхэр къуажэ гъунэм щыт щхьэлым деж къекӀуэлӀэн хуейт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 58

3. Узыр, нэ техуар щхьэщыхын мурадкӀэ сымаджэм духьэ къыубжурэ ӀукӀэ жьы жьэхегъэхуэн.

И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

Kitapta geçtiği hali

ЕПЩЭН (йопщэ) лъэмыӀ. (9). 1. (4). ӀукӀэ зыгуэрым жьы жьэхегъэхуэн. ЩӀалэ цӀыкӀур, Бот хуэдэу, и Ӏэ диям епщэрт, игъэхуэбэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Дэпыр мыукӀыфӀыжыпэн папщӀэ, хуэм дыдэурэ епщэмэ, плъыжьыбзэу къызэщӀэнэрт, Ӏугъуэ мащӀэ къыдрихуейурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. 2. (2). ӀукӀэ жьы гъакӀуэурэ макъ къигъэкӀын (бжьамий, накъырэ с.ху.). ЩӀалэ, хъыджэбз къызыхуэсами Ӏэгур щӀауду джэгу ящӀащ, пшынэ еуэри еуэу, бжамийм епщэри епщэу, шыкӀэпшынэри абы хуэдэу, жылэр зэхэтт, хьэщӀэм пэплъэу, зэрызэпсэлъамкӀэ, хьэщӀэхэр къуажэ гъунэм щыт щхьэлым деж къекӀуэлӀэн хуейт. Хъуэпсэгъуэ нур, 58. 3. (3). Узыр, нэ техуар щхьэщыхын мурадкӀэ сымаджэм духьэ къыубжурэ ӀукӀэ жьы жьэхегъэхуэн. И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 69.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

üflemek

Düzeltme Öner

епщэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.