инэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ИНЭН (гъуанэм ~) (енэ/йонэ); SIKIŞIP KALMAK (delikte ~)
Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(йонэ)
1. Зыгуэр зэрылъым, зрытым къимыкӀыжу къыщынэн.
рузастрять где-л., внутри чего-л.
Псыр кумблӀэмбхэм инащ.
2. ИмыкӀыжын (бжьыгъэр).
руне оттираться, не выводиться (о пятне)
Кхъужьыпсыр Сэлихь и джанэм инат.— Къущхьэ СулътӀан
Bu maddedeki ifadeler (1)
лъэданэ инэн
Еплъ: лъэданэ
Kitapta geçtiği hali
инэн (йонэ) неперех. гл. 1. застрять где-л., внутри чего-л. / Зыгуэр зэрылъым, зрытым къимыкӀыжу къыщынэн. Псыр кумблӀэмбхэм инащ. 2. не оттираться, не выводиться (о пятне) / ИмыкӀыжын (бжьыгъэр). * Кхъужьыпсыр Сэлихь и джанэм инат. Къу. С. Лъэданэ инэн см. лъэданэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(йонэ)
Зыгуэр зэрылъым, зэрытым къимыкӀыжыфын.
Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
+2 örnek
Уэшхыпс ина ухуэзэмэ, уефэ хъуну Ӏэмал зимыӀэщ, уи Ӏэр хэплъхьэрэ къыхэпхыжмэ, тӀэкӀу дэкӀмэ, Ӏэлъэ хужь мэхъу, шыгъу трещӀэри.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 400
Къуажэм псыдзэ къыщӀэуа хуэдэу, дэнэкӀи гъазэ, псы инар уэрамхэм дэзт, бжыхьри, жыгхэри, унэхэри, уафэ щхъуантӀэ пшэ хужь Ӏэрамэхэр щызэрызехьэу къищу.— КӀапсэ кӀапэ, 5
Deyimler (1)
[и] пӀэм инэн
Еплъ: пӀэ
Kitapta geçtiği hali
ИНЭН (йонэ) лъэмыӀ. (4). Зыгуэр зэрылъым, зэрытым къимыкӀыжыфын. Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. Уэшхыпс ина ухуэзэмэ, уефэ хъуну Ӏэмал зимыӀэщ, уи Ӏэр хэплъхьэрэ къыхэпхыжмэ, тӀэкӀу дэкӀмэ, Ӏэлъэ хужь мэхъу, шыгъу трещӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 400. Къуажэм псыдзэ къыщӀэуа хуэдэу, дэнэкӀи гъазэ, псы инар уэрамхэм дэзт, бжыхьри, жыгхэри, унэхэри, уафэ щхъуантӀэ пшэ хужь Ӏэрамэхэр щызэрызехьэу къищу. КӀапсэ кӀапэ, 5. ◊ [И] пӀэм инэн (1). Еплъ пӀэ I.