зэщӀэнэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(зэщӀонэ)
1. Къэлыдын, къыпынэн (уэздыгъэр). МафӀэр зэщӀэнащ. Жыгеипхъэр зэщӀэнащи, дрехуейр Ӏугъуэр уафэм. Къэб. п. и ант. МафӀэр зэщӀэнэри ин хъуауэ, мафӀэ бзийр дэлъейуэ лыдырт, Ӏэшэлъашэр игъэнэхуу. Т. Хь.
рузагореться, засветиться, зажечься (напр. о лампе)
2. Ежьэн, зэщӀэплъэн, лажьэу щӀидзэн (мотор). Шоферым стартерыр лъапэкӀэ трикъузэри моторыр зэщӀэнащ.
рузавестись (напр. о моторе)
3. УкӀытэм, гузавэм къыхэкӀыу къызэщӀэплъэн, плъыжь къэхъун.
рупокраснеть, раскраснеться (от волнения, смущения)
Хъыджэбз цӀыкӀум и нэкӀур дыхьэрэну зэщӀэнащ.
4. Гум зыкъиӀэтын, къэгушхуэн.
рувоодушевиться
Дзэпежьэу зэхуэса псори зы гуфӀэгъуэшхуэкӀэ, зэщӀэнащи, дэтхэнэ зыри гурыщӀэ бэтам зэщӀеубыдэ. Ш. А.
5. Къэлыбын, къэгубжьын.
рувспылить, рассердиться
Бэдынокъуэ къэгубжьщ, Дакъэжь мафӀэу зэщӀэнэщ. Къэб. п. и ант.
Bu maddedeki ifadeler (2)
жьэр зэщӀэнэн
Еплъ: жьэ
Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀэнэн
Еплъ: Ӏэпкълъэпкъ
Kitapta geçtiği hali
зэщӀэнэн I (зэщӀонэ) неперех. гл. 1. загореться, засветиться, зажечься (напр. о лампе) / Къэлыдын, къыпынэн (уэздыгъэр). МафӀэр зэщӀэнащ. Жыгеипхъэр зэщӀэнащи, дрехуейр Ӏугъуэр уафэм. Къэб. п. и ант. МафӀэр зэщӀэнэри ин хъуауэ, мафӀэ бзийр дэлъейуэ лыдырт, Ӏэшэлъашэр игъэнэхуу. Т. Хь. 2. завестись (напр. о моторе) / Ежьэн, зэщӀэплъэн, лажьэу щӀидзэн (мотор). Шоферым стартерыр лъапэкӀэ трикъузэри моторыр зэщӀэнащ. 3. переносное покраснеть, раскраснеться (от волнения, смущения) / УкӀытэм, гузавэм къыхэкӀыу къызэщӀэплъэн, плъыжь къэхъун. Хъыджэбз цӀыкӀум и нэкӀур дыхьэрэну зэщӀэнащ. 4. переносное воодушевиться / Гум зыкъиӀэтын, къэгушхуэн. Дзэпежьэу зэхуэса псори зы гуфӀэгъуэшхуэкӀэ, зэщӀэнащи, дэтхэнэ зыри гурыщӀэ бэтам зэщӀеубыдэ. Ш. А. 5. переносное вспылить, рассердиться / Къэлыбын, къэгубжьын. Бэдынокъуэ къэгубжьщ, Дакъэжь мафӀэу зэщӀэнэщ. Къэб. п. и ант. II: жьэр зэщӀэнэн см. жьэ. Ӏэпкълъэпкъыр зэщӀэнэн см. Ӏэпкълъэпкъ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэщӀонэ)
Къэлыдын, къыпынэн.
Зы лӀэщӀыгъуэ зыгъэщӀауэ Рау дадэжьым и махуэшхуэм И саулыкъукӀэ зэхуэсауэ ЦӀыкӀухэр хъуахъуэм фӀыкъэ нахуэу, Костер иныр зэщӀэнауэ, Рауи щӀэсу я жыг жьауэм. «— Тисей, 479
+2 örnek
Уафэм пшэикӀ къимына, ЩӀылъэр мафӀэу зэщӀэнащ.— Акъужь. «Дамыгъэ», 211
Жыгей дакъэжьхэм, зэщӀэнауэ, ЩӀыӀэ хэт лӀами ягъэхуабэ.— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35
Kitapta geçtiği hali
ЗЭЩӀЭНЭН (зэщӀонэ) лъэмыӀ. (7). Къэлыдын, къыпынэн. Зы лӀэщӀыгъуэ зыгъэщӀауэ Рау дадэжьым и махуэшхуэм И саулыкъукӀэ зэхуэсауэ ЦӀыкӀухэр хъуахъуэм фӀыкъэ нахуэу, Костер иныр зэщӀэнауэ, Рауи щӀэсу я жыг жьауэм. «Тисей», 479. Уафэм пшэикӀ къимына, ЩӀылъэр мафӀэу зэщӀэнащ. Акъужь. «Дамыгъэ», 211. Жыгей дакъэжьхэм, зэщӀэнауэ, ЩӀыӀэ хэт лӀами ягъэхуабэ. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35.