зегъэхьын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(зрегъэхь)

1. Зыгуэрым уихьу зыщӀыпӀэкӀэ кӀуэн.

рупозволить кому-л., попросить кого-л. нести себя

Сабийр яхуэмыуву анэм зрегъэхь. Узыпэмылъэщ псым зегъэхь. (погов.)

2. Зырегъэхьэжьэн (жьым, псым).

рупозволить унести себя (ветру, течению)

3. ӀукӀын, зыщӀыпӀэкӀэ зыӀуегъэхын.

рупросторечие убраться, уйти прочь

- АтӀэ, зегъэхь, - жиӀэри Астемыр шыр иутӀыпщри чы лантӀэ иӀыгъымкӀэ къытеуӀуащ. КӀ. А. Хьэхэм япэщӀэхуа ӀыхьэфӀ зырызыр я жьэм жьэдэлъу къуэгъэнапӀэ зырызкӀэ зрагъэхьащ. Ж. Б.

Bu maddedeki ifadeler (2)

гугъу зегъэхьын

Еплъ: гугъу

лӀыгъэм зегъэхьын

Еплъ: лӀыгъэ

Kitapta geçtiği hali

зегъэхьын (зрегъэхь) перех. гл. 1. позволить кому-л., попросить кого-л. нести себя / Зыгуэрым уихьу зыщӀыпӀэкӀэ кӀуэн. Сабийр яхуэмыуву анэм зрегъэхь. Узыпэмылъэщ псым зегъэхь. (погов.) 2. позволить унести себя (ветру, течению) / Зырегъэхьэжьэн (жьым, псым). 3. просторечие убраться, уйти прочь / ӀукӀын, зыщӀыпӀэкӀэ зыӀуегъэхын. - АтӀэ, зегъэхь, - жиӀэри Астемыр шыр иутӀыпщри чы лантӀэ иӀыгъымкӀэ къытеуӀуащ. КӀ. А. Хьэхэм япэщӀэхуа ӀыхьэфӀ зырызыр я жьэм жьэдэлъу къуэгъэнапӀэ зырызкӀэ зрагъэхьащ. Ж. Б. Гугъу зегъэхьын см. гугъу. ЛӀыгъэм зегъэхьын см. лӀыгъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(зрегъэхь)

1. УнэтӀын, кӀуэн.

Ӏэджэм къуршым адэкӀэ зрагъэхьащ, фронтымкӀэ ямыгъазэу.— Нал къута, 230

+2 örnek

Уакъ-уакъ-уакъ, псымкӀэ зевгъэхь, – жаӀэри къебэ-небэу лъэбышэ къомыр [бабыщхэр] псыӀэрышэмкӀэ еӀащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490

Лу щӀэпхъуэри жэрыгъэкӀэ пщэфӀапӀэмкӀэ зригъэхьащ, фызыжьхэм псы шынакъ къаӀихыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595

2. ӀукӀын, зыщӀыпӀэ зыӀуегъэхын.

[Комендантым Алыджыкъуэ къыжриӀэу:] – КӀуэ, уэри зегъэхь.— МелыӀыч, 473

+2 örnek

[Дэфэрэдж:] ЛэтӀифэ нэхъ зэгуэпауэ мэпапщэ, зретӀыхь-зрелъэфыхьри къызощ: - Зумыумысыжынумэ, зегъэхь, - жеӀэри.— Лъапсэ, 26

–КӀуэ, зегъэхь! – жиӀэри Къылышбий и къуэр къыщӀэкӀиящ [Астемыр].— Хъуэпсэгъуэ нур, 120

Kitapta geçtiği hali

ЗЕГЪЭХЬЫН (зрегъэхь) лъэӀ. (43). 1. (12). УнэтӀын, кӀуэн. Ӏэджэм къуршым адэкӀэ зрагъэхьащ, фронтымкӀэ ямыгъазэу. Нал къута, 230. Уакъ-уакъ-уакъ, псымкӀэ зевгъэхь, – жаӀэри къебэ-небэу лъэбышэ къомыр [бабыщхэр] псыӀэрышэмкӀэ еӀащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 490. Лу щӀэпхъуэри жэрыгъэкӀэ пщэфӀапӀэмкӀэ зригъэхьащ, фызыжьхэм псы шынакъ къаӀихыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. 2. (30). зэхь. ӀукӀын, зыщӀыпӀэ зыӀуегъэхын. [Комендантым Алыджыкъуэ къыжриӀэу:] – КӀуэ, уэри зегъэхь. МелыӀыч, 473. [Дэфэрэдж:] ЛэтӀифэ нэхъ зэгуэпауэ мэпапщэ, зретӀыхь-зрелъэфыхьри къызощ: - Зумыумысыжынумэ, зегъэхь, - жеӀэри. Лъапсэ, 26. –КӀуэ, зегъэхь! – жиӀэри Къылышбий и къуэр къыщӀэкӀиящ [Астемыр]. Хъуэпсэгъуэ нур, 120.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

yollanmak

Düzeltme Öner

зегъэхьын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.