жей нэпцӀ зыщӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

жей

русон (состояние покоя и отдыха, но не сновидение); спячка (у животных)

Bu maddedeki ifadeler (19)

жей нэм къемыкӀуэн

рубодрствовать.

ЦӀыхубзым и нэм жейр къемыкӀуэу нэху игъэщащ. Хь. Хь.

жей нэпцӀ зыщӀын

рупритворяться, прикидываться спящим

[и] жей ныкъуэн

руне выспаться. [Аружан и адэ шыпхъум:] –

Си жей ныкъуэщ, си шхын мащӀэщ жысӀакъым, слъэкӀымрэ схузэфӀэкӀымрэ уэсхьэлӀэу успӀащ. Щ. Ӏ.

жей пакӀэфӀ ехьэкӀын

рудолго проспать. Моуэ жей пакӀэфӀ [нартхэм] ирахьэкӀауэ.. унэр зейр къэсыжащ. Нарт.

жей хуэлӀэн

руне досыпать, не высыпаться

жей ӀэфӀым хэтын

рупребывать в глубоком (сладком) сне.

Пщащэр хуабэу щӀэуфауэ, Хэтщ жей ӀэфӀым, Ӏурихауэ. КӀ. А.

жей Ӏув

руглубокий сон

жей Ӏувым хыхьэн

рузаснуть крепким сном.

Къуажэм и дэнэ лъэныкъуэкӀи Ӏэуэлъауэ гуэри къыщыӀуртэкъым, хьэ дыдэхэри жей Ӏувым хыхьам хуэдэу щымт. Къ. Хь.

жейм емызэгъын

руплохо, беспокойно спать. Ауэ ар жейм езэгъакъым, гупсысэу хэлъащ. Къ. Хь.

жейм зыхегъэлъэфэн

рузаснуть. Шакъ жейм зыхригъэлъэфэн хузэфӀэкӀакъым. Къ. Хь.

жейм ихьын

русильно хотеть спать

жейм хилъэфэн (Ӏурихын)

рузасыпать.

Думэсарэ къэтэджу бжэр щыӀуихым, Лу зэхихащ, арщхьэкӀэ аргуэру жейм хилъэфэжати, и нэр къыхузэтехакъым. КӀ. А.

жейр зэпцӀын

руначать засыпать

жейр зэпыудын

рупрервать чей-л. сон, разбудить кого-л.

жейр зытегъэуэн

ру= прогнать сон

жейр къытеуэн жейр зытегъэун

жейр зытехун

ру= = .

жейр зытегъэун жейр зыщхьэщыхун, жейр зытехун

Бэтокъуэ зэуэ къызэщоури, жейр зыщхьэщихуну и дамитӀыр еудыныщӀэ. Ш. А.

[и] жейр къекӀуэн

ру= впасть в сонливость

жейр къытеуэн жейр къытеуэн

жейр пкърыун

рупотерять сон.

Ищхъэрэжь щӀыӀэ къыкъуэуам жейр спкъригъэуащ.

жей уз

Зэпымыууэ и жеин къакӀуэу цӀыхум къыпкърыхьэ уз лӀэужьыгъуэ.

рупатологическая сонливость

Жей уз бзаджэм Къанокъуэ нэфыр хеӀэгуэ. Фольк.

зыщӀын

(зещӀ)

1. Зыгуэр зыгъэхъун.

рустать кем-л. (напр. врачом)

ӀэщӀагъэлӀ зыщӀын. Ар {усакӀуэр} щыцӀыкӀум щыгъуэ, къыщыщӀэдзауэ зауэлӀ зищӀыну хэтащ. Ӏуащхь.

2. Зыгъэпэгэн, зыгъэтӀеин.

рудержаться высокомерно; манерничать; задаваться

Ӏейуэ зыщӀын.

3. Зыкъихын, зыгъэщӀэрэщӀэн.

румодничать, франтить

Bu maddedeki ifadeler (3)

делэ зыщӀын

Еплъ: делэ

жей нэпцӀ зыщӀын

Еплъ: жей

зэхэмых нэпцӀ зыщӀын

Еплъ: зэхэмых

Kitapta geçtiği hali

жей в знач. сущ. сон (состояние покоя и отдыха, но не сновидение); спячка (у животных) жей нэм къемыкӀуэн бодрствовать. ЦӀыхубзым и нэм жейр къемыкӀуэу нэху игъэщащ. Хь. Хь. жей нэпцӀ зыщӀын притворяться, прикидываться спящим [и] жей ныкъуэн не выспаться. [Аружан и адэ шыпхъум:] – Си жей ныкъуэщ, си шхын мащӀэщ жысӀакъым, слъэкӀымрэ схузэфӀэкӀымрэ уэсхьэлӀэу успӀащ. Щ. Ӏ. жей пакӀэфӀ ехьэкӀын долго проспать. Моуэ жей пакӀэфӀ [нартхэм] ирахьэкӀауэ.. унэр зейр къэсыжащ. Нарт. жей хуэлӀэн не досыпать, не высыпаться жей ӀэфӀым хэтын пребывать в глубоком (сладком) сне. Пщащэр хуабэу щӀэуфауэ, Хэтщ жей ӀэфӀым, Ӏурихауэ. КӀ. А. жей Ӏув глубокий сон жей Ӏувым хыхьэн заснуть крепким сном. Къуажэм и дэнэ лъэныкъуэкӀи Ӏэуэлъауэ гуэри къыщыӀуртэкъым, хьэ дыдэхэри жей Ӏувым хыхьам хуэдэу щымт. Къ. Хь. жейм емызэгъын плохо, беспокойно спать. Ауэ ар жейм езэгъакъым, гупсысэу хэлъащ. Къ. Хь. жейм зыхегъэлъэфэн заснуть. Шакъ жейм зыхригъэлъэфэн хузэфӀэкӀакъым. Къ. Хь. жейм ихьын сильно хотеть спать жейм хилъэфэн (Ӏурихын) засыпать. Думэсарэ къэтэджу бжэр щыӀуихым, Лу зэхихащ, арщхьэкӀэ аргуэру жейм хилъэфэжати, и нэр къыхузэтехакъым. КӀ. А. жейр зэпцӀын начать засыпать жейр зэпыудын прервать чей-л. сон, разбудить кого-л. жейр зытегъэуэн = жейр къытеуэн жейр зытегъэун прогнать сон жейр зытехун = жейр зытегъэун жейр зыщхьэщыхун = жейр зытехун. Бэтокъуэ зэуэ къызэщоури, жейр зыщхьэщихуну и дамитӀыр еудыныщӀэ. Ш. А. [и] жейр къекӀуэн = жейр къытеуэн жейр къытеуэн впасть в сонливость жейр пкърыун потерять сон. Ищхъэрэжь щӀыӀэ къыкъуэуам жейр спкъригъэуащ. жей уз патологическая сонливость / Зэпымыууэ и жеин къакӀуэу цӀыхум къыпкърыхьэ уз лӀэужьыгъуэ. Жей уз бзаджэм Къанокъуэ нэфыр хеӀэгуэ. Фольк.

зыщӀын (зещӀ) перех. гл. 1. стать кем-л. (напр. врачом) / Зыгуэр зыгъэхъун. ӀэщӀагъэлӀ зыщӀын. Ар {усакӀуэр} щыцӀыкӀум щыгъуэ, къыщыщӀэдзауэ зауэлӀ зищӀыну хэтащ. Ӏуащхь. 2. переносное держаться высокомерно; манерничать; задаваться / Зыгъэпэгэн, зыгъэтӀеин. Ӏейуэ зыщӀын. 3. переносное модничать, франтить / Зыкъихын, зыгъэщӀэрэщӀэн. Делэ зыщӀын см. делэ. Жей нэпцӀ зыщӀын см. жей. Зэхэмых нэпцӀ зыщӀын см. зэхэмых.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

жеин

(мэжей)

Ӏурихын, жейм хилъэфэн.

СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт.— УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83

+2 örnek

Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэгушыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгейм дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476

Куэдрэ жея, мащӀэрэ жея, Дуду къызэщыурэ зиплъыхьмэ – витӀыр бгъуэтым къащтэ.— ВитӀ, 414

Deyimler (9)

жей нэпцӀ зыщӀын

Жей хуэдэу зыщӀын, жеифэ зытегъэуэн.

Лу зиущэхуат, жей нэпцӀ зищӀауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553

+1 örnek

И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жей нэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм, зыми емыупщӀу, дохутыр жэри къишащ.— Лъапсэ, 27

жейм емызэгъын

Мыжеифын, гупсысэм хэтын.

Нурхьэлий, пэшхьэкум мафӀэ ирищӀэщ, мырамысэ щтар къигъэвыжщ, едзакъэри, зыкъомрэ жейм емызэгъыу щылъа нэужь, Ӏурихауэ арт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 157

+1 örnek

А хъыбарыр зэрызэхих лъандэрэ Локотош жейм емызэгъыжу хэлът.— Нал къута, 244

жейм хилъэфэн

Ӏурихын.

Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609

[и] жеин къэкӀуэн

Жеину хуеин.

Лу гъуэлъыжа иужь, зигъэджэрэзу хэлът, и жеин къэмыкӀуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609

[и] жейр зэпыудын

Къэгъэушын

Сеуэу щхьэ къизмыудрэ мыр жиӀэу Мэмэт-щӀакъуэр нэхъеижу къызэгуэпащ, и жейр къызэпаудащи, модрейри къоупщӀ: – Уа, мэлыхъуэм я мэл хьэм ишхмэ, ари акт щӀын хуей?— Лъапсэ, 50

жейр къытекӀуэн

Егъэлеяуэ и жеин къэкӀуэн.

Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229

жейр къытеуэн

Хуабжьу и жеин къэкӀуэн.

Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм.— Хъуэпсэгъуэ нур, 123

+1 örnek

Жэщыр хэкӀуэтат, Ботэх, гъуэлъыжыгъуэ хъуати, жейр къытеуащ, ауэ ужей хъурэ – укъагъэнэнщи, щакӀуэхэр ежьэнщ.— Лъапсэ, 68

[и] жейр кӀуэдын

Жей имыӀэу къэнэн, жейм емызэгъын, мыжеифын.

Жэщи махуи уи зэхуэдэу УгуитӀщхьитӀу жейр мэкӀуэд, Къуалэбзухэм уахуэзамэ, ДажыбоӀэ я уэрэд.— Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334

[и] жейр тегъэун

Жейр щхьэщыгъэкӀын.

Дадэм хъыбар жиӀэурэ хъыджэбзым и жейр тригъэурт, нэху щымэ, къуршым щхьэдэхыну.— Нал къута, 272

Kitapta geçtiği hali

ЖЕИН (мэжей) лъэмыӀ. (144). Ӏурихын, жейм хилъэфэн. СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ»,83. Иджыри къэс жьауапӀэм щӀэлъу жея хьэ тумэм Ӏусымэр къыщӀихьэри къызэщыуащ, и Ӏэнлъэм Мэзан бгъэдэту щилъагъум идэнт – идакъым, и дзэлыфэр гуэгушыхъум щыхуитӀым, Мэзан шынэри Джэлил зытета жыгейм дэлъейри нэхъ лъагэжу дэкӀуеящ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 476. Куэдрэ жея, мащӀэрэ жея, Дуду къызэщыурэ зиплъыхьмэ – витӀыр бгъуэтым къащтэ. ВитӀ, 414. ◊ Жей нэпцӀ зыщӀын (2). Жей хуэдэу зыщӀын, жеифэ зытегъэуэн. Лу зиущэхуат, жей нэпцӀ зищӀауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. И адэр жэщыбгым фӀэкӀауэщ къыщысыжар, зэанэзэпхъум жей нэпцӀ защӀауэ заущэхури хэкӀуэтауэ къэсыжам гу лъамыта хуэдэу защӀащ, арщхьэкӀэ ар зэрыщӀэкӀыу, хъыджэбзым и анэм, зыми емыупщӀу, дохутыр жэри къишащ. Лъапсэ, 27. Жейм емызэгъын (26). Мыжеифын, гупсысэм хэтын. Нурхьэлий, пэшхьэкум мафӀэ ирищӀэщ, мырамысэ щтар къигъэвыжщ, едзакъэри, зыкъомрэ жейм емызэгъыу щылъа нэужь, Ӏурихауэ арт. Хъуэпсэгъуэ нур, 157. А хъыбарыр зэрызэхих лъандэрэ Локотош жейм емызэгъыжу хэлът. Нал къута, 244. Жейм хилъэфэн (8). Ӏурихын. Ерагъыу Лу жейм хилъэфа къудейуэ, Сосрыкъуэ къыбгъэдэтӀысхьащ, зы бэлыхь гуэр къыжриӀэн и гугъэу, арщхьэкӀэ дэнэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. [И] жеин къэкӀуэн (7). Жеину хуеин. Лу гъуэлъыжа иужь, зигъэджэрэзу хэлът, и жеин къэмыкӀуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 609. [И] жейр зэпыудын (1). Къэгъэушын. Сеуэу щхьэ къизмыудрэ мыр жиӀэу Мэмэт-щӀакъуэр нэхъеижу къызэгуэпащ, и жейр къызэпаудащи, модрейри къоупщӀ: – Уа, мэлыхъуэм я мэл хьэм ишхмэ, ари акт щӀын хуей? Лъапсэ, 50. Жейр къытекӀуэн (1). Егъэлеяуэ и жеин къэкӀуэн. Старшынэр щӀэкӀыжынут, ауэ кӀэзнэшейм ахъшэр иригъэбжу сейфым дригъэлъхьэну абы пэплъэрт, арщхьэкӀэ жейр къытекӀуауэ гъуэгу къритыртэкъым, куэдыӀуэ ефауэ къыщӀэкӀынти къещхьэукъуэхырт, и пэ цӀынэжьри къыпыхуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. Жейр къытеуэн (4). Хуабжьу и жеин къэкӀуэн. Лу абыхэм якӀэщӀэдэӀухьырт, Къылышбий и къуэм и хъыбарыр фӀэгъэщӀэгъуэну, арщхьэкӀэ Жыраслъэн и пащӀэр къызэрытричам и гугъу ящӀа нэужь, куэд дэмыкӀыу жейр къытеуати, и нэр хузэтехыртэкъым, итӀани едаӀуэрт жаӀэм. Хъуэпсэгъуэ нур, 123. Жэщыр хэкӀуэтат, Ботэх, гъуэлъыжыгъуэ хъуати, жейр къытеуащ, ауэ ужей хъурэ – укъагъэнэнщи, щакӀуэхэр ежьэнщ. Лъапсэ, 68. [И] жейр кӀуэдын (1). Жей имыӀэу къэнэн, жейм емызэгъын, мыжеифын. Жэщи махуи уи зэхуэдэу УгуитӀщхьитӀу жейр мэкӀуэд, Къуалэбзухэм уахуэзамэ, ДажыбоӀэ я уэрэд. Лъагъуныгъэр мазэм хуэдэщ. «Вагъуэ махуэ», 334. [И] жейр тегъэун (1). Жейр щхьэщыгъэкӀын. Дадэм хъыбар жиӀэурэ хъыджэбзым и жейр тригъэурт, нэху щымэ, къуршым щхьэдэхыну. Нал къута, 272.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

uyuma-k

Düzeltme Öner

жей нэпцӀ зыщӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.