жегъэӀэн

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

dedir mekbirine dedirtmek
DoğuжегъэӀэн
dedirmekdedirtmek
DoğuжегъэӀэнжайгъэӀэн
BatıегъэӀонягъэӀон
Kitapta geçtiği hali

жегъэӀэн → егъэӀон; DEDİR(T)MEK (birine ~)

егъэӀон/жегъэӀэн (регъаӀо/жрегъэӀэ), ягъэӀон/жайгъэӀэн (арегъаӀо/жарегъэӀэ), DEDİRMEKDEDİRTMEK

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: егъэӀон

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ЖыӀэн псалъэм и каузатив.

рукаузатив к жыӀэн

Bu maddedeki ifadeler (7)

къэкӀухь жегъэӀэн

къэкӀухь къэт жегъэӀэн

къэт [уи]фӀ жегъэӀэн

фӀы хьет жегъэӀэн

3 ifade daha

хьет чау жегъэӀэн

чау [уи] Ӏей жегъэӀэн

Ӏей

Kitapta geçtiği hali

жегъэӀэн каузатив к жыӀэн / ЖыӀэн псалъэм и каузатив. къэкӀухь жегъэӀэн см. къэкӀухь къэт жегъэӀэн см. къэт [уи]фӀ жегъэӀэн см. фӀы хьет жегъэӀэн см. хьет чау жегъэӀэн см. чау [уи] Ӏей жегъэӀэн см. Ӏей

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(жрегъэӀэ)

1. Гъэпсэлъэн, къегъэӀуэтэн. –522.

Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521

+2 örnek

– Ей, псалъэ закъуэ жызывгъэӀэт, псалъэ закъуэ, фыкъэдаӀуэт,- жиӀэри зыгуэр къэпсэлъащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173

Мэжджытым щӀэсхэри къыщӀэжащ, молэм жиӀэнур жрамыгъэӀэу.— Нал къута, 210

2. Зыгуэрым и щытыкӀэм, зыщӀыкӀэм гупсысэ гуэрым ухуишэн, гугъэ уигъэщӀын.

Жансэхъу псэлъэну зигъэхьэзырат, мыр сыту урысыбзэ Ӏэзэ жригъэӀэн и хьисэпу словарым кърищыпыкӀри хамэбзэу псалъэ зыкъом зригъэщӀат, арщхьэкӀэ, гужьейри и нэхъыбитӀыр щыгъупщэжати, и мурадыр къехъулӀакъым…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560

+1 örnek

Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 152

3. Зыгуэр пхужаӀэну щхьэусыгъуэ етын.

ЦӀыхубзым и адэр лъхукъуэлӀыр бгъэкӀэсмэ, уанэгум укъредз жезыгъэӀэм хуэдэми, езым сыт и лажьэ?— Лъапсэ, 9

+1 örnek

ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

Deyimler (1)

къэт жегъэӀэн

Еплъ: къэтын

Kitapta geçtiği hali

ЖЕГЪЭӀЭН (жрегъэӀэ) лъэӀ. (36). 1. (17). Гъэпсэлъэн, къегъэӀуэтэн. Дэри ди нэ къикӀырт Тыркум щыӀэ адыгэхэм я хъыбар Алий жедгъэӀэну. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521–522. – Ей, псалъэ закъуэ жызывгъэӀэт, псалъэ закъуэ, фыкъэдаӀуэт,- жиӀэри зыгуэр къэпсэлъащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Мэжджытым щӀэсхэри къыщӀэжащ, молэм жиӀэнур жрамыгъэӀэу. Нал къута, 210. 2. (15). Зыгуэрым и щытыкӀэм, зыщӀыкӀэм гупсысэ гуэрым ухуишэн, гугъэ уигъэщӀын. Жансэхъу псэлъэну зигъэхьэзырат, мыр сыту урысыбзэ Ӏэзэ жригъэӀэн и хьисэпу словарым кърищыпыкӀри хамэбзэу псалъэ зыкъом зригъэщӀат, арщхьэкӀэ, гужьейри и нэхъыбитӀыр щыгъупщэжати, и мурадыр къехъулӀакъым… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 152. 3. (4). Зыгуэр пхужаӀэну щхьэусыгъуэ етын. ЦӀыхубзым и адэр лъхукъуэлӀыр бгъэкӀэсмэ, уанэгум укъредз жезыгъэӀэм хуэдэми, езым сыт и лажьэ? Лъапсэ, 9. ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. ◊ Къэт жегъэӀэн (1). Еплъ къэтын I.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

ettirgen söyletmek

Düzeltme Öner

жегъэӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.