ешэкӀын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

sarmak
DoğuшыхьынзэкӀуэцӀышыхьынешэкӀынкъешэкӀынтещыхьынкъытещыхьын
BatıщыхьэнзэкӀоцӀыщыхьэнещэкӀынкъещэкӀынтещыхьанкъытещыхьан
Kitapta geçtiği hali

щыхьэн/шыхьын (ещыхьэ/ешыхь); зэкӀоцӀыщыхьэн/зэкӀуэцӀышыхьын (зэкӀоцӀещыхьэ/зэкӀуэцӀешыхь); ещэкӀын/ешэкӀын (рещэкӀы/ирешэкӀ); къещэкӀын/къешэкӀын (къырещэкӀы/кърешэкӀ); тещыхьан/тещыхьын (тырещыхьэ /трешыхь); къытещыхьан/къытещыхьын (къытырещыхьэ/къытрешыхь); SARMAK

ешэкӀын/ещэкӀын → щыхьэн; SARMAK (bir şeyın üzerine/uzağa doğru ~)

ещэкӀын/ешэкӀын → щыхьэн; SARMAK (bir şeyın üzerine/uzağa doğru ~)

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: щыхьэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ирешэкӀ)

Зыгуэрым и щӀыбагъым къуэшэн, лъэныкъуэ гуэркӀэ шэн.

рузавести, повести кого-что-л. куда-л. (напр. за угол)

(ирешэкӀ)

Зыгуэрым и хъуреягъкӀэ зыгуэр къешэкӀын, ешыхьэкӀын.

руобвить, обмотать кого-что-л. чем-л.

Пщэдэлъыр пщэм ешэкӀын. ӀэлъэщӀыр плӀэм ешэкӀын.

+1 örnek

Аслъэныкъуэ и Ӏэ гъур цӀыкӀуитӀыр и адэм ирешэкӀри ӀэплӀэ хуещӀ.— Теунэ Хьэчим

Bu maddedeki ifadeler (1)

ӀэплӀэ ешэкӀын

Еплъ: ӀэплӀэ

Kitapta geçtiği hali

ешэкӀын I (ирешэкӀ) перех. гл. завести, повести кого-что-л. куда-л. (напр. за угол) / Зыгуэрым и щӀыбагъым къуэшэн, лъэныкъуэ гуэркӀэ шэн. II (ирешэкӀ) перех. гл. обвить, обмотать кого-что-л. чем-л. / Зыгуэрым и хъуреягъкӀэ зыгуэр къешэкӀын, ешыхьэкӀын. Пщэдэлъыр пщэм ешэкӀын. ӀэлъэщӀыр плӀэм ешэкӀын. * Аслъэныкъуэ и Ӏэ гъур цӀыкӀуитӀыр и адэм ирешэкӀри ӀэплӀэ хуещӀ. Т. Хь. ӀэплӀэ ешэкӀын см. ӀэплӀэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ирешэкӀ)

Зыгуэрым къекӀуэкӀыу зыгуэр тешэн, ешыхьэкӀын.

Выфэм къыхэщӀыкӀауэ гуэншэрыкъитӀ, фӀыцӀабзэу бэрэжьейкӀэ иӀэжауэ, ӀэкӀуэлъакӀуэу Ӏуэтауэ, вакъэ лъэпсыр уи лъэдийм къепшэкӀ хъуну кӀыхьу къыщритым, фызым жиӀащ: – Мастэпэбдзищ тескъутащ.— Къалэн, 426

(ирешэкӀ)

ЛъэныкъуэкӀэ зыгуэр шэн, къуэшэн.

Тамарэ кӀэлындорым тету Пыжьынэ къыхуэзати, лъэныкъуэкӀэ иришэкӀри къыжриӀащ: «А делэжь, запискэ тӀэкӀу мыгъуэр зыщӀыпӀи кӀуакъым, Сэлимэ ӀэщӀэкӀыу, щӀыхьэ абы дежи адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъи, къэбгъуэтынщ», – жиӀэри, арщхьэкӀэ идакъым, щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтри зигъэкӀуэдыжащ.— Лъапсэ, 23

+1 örnek

Псы къежэхыр хадэм яшэу Ӏуащхьэ лъагэм ирашэкӀ.— Псы къежэхыр хадэм яшэу. «Щхьэлыкъуэ», 46

Kitapta geçtiği hali

ЕШЭКӀЫН I (ирешэкӀ) лъэӀ. (7). Зыгуэрым къекӀуэкӀыу зыгуэр тешэн, ешыхьэкӀын. Выфэм къыхэщӀыкӀауэ гуэншэрыкъитӀ, фӀыцӀабзэу бэрэжьейкӀэ иӀэжауэ, ӀэкӀуэлъакӀуэу Ӏуэтауэ, вакъэ лъэпсыр уи лъэдийм къепшэкӀ хъуну кӀыхьу къыщритым, фызым жиӀащ: – Мастэпэбдзищ тескъутащ. Къалэн, 426.

ЕШЭКӀЫН II (ирешэкӀ) лъэӀ. (3). ЛъэныкъуэкӀэ зыгуэр шэн, къуэшэн. Тамарэ кӀэлындорым тету Пыжьынэ къыхуэзати, лъэныкъуэкӀэ иришэкӀри къыжриӀащ: «А делэжь, запискэ тӀэкӀу мыгъуэр зыщӀыпӀи кӀуакъым, Сэлимэ ӀэщӀэкӀыу, щӀыхьэ абы дежи адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъи, къэбгъуэтынщ», – жиӀэри, арщхьэкӀэ идакъым, щхьэусыгъуэ гуэр къигъуэтри зигъэкӀуэдыжащ. Лъапсэ, 23. Псы къежэхыр хадэм яшэу Ӏуащхьэ лъагэм ирашэкӀ. Псы къежэхыр хадэм яшэу. «Щхьэлыкъуэ», 46.

Düzeltme Öner

ешэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.