егъэувэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэувэлӀащ)
Зыгуэрым бгъэдэту егъэщӀауэ щытын.
Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ:– Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм заубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыгъэкӀэ,– жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: – Мис Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыдыу къыхэхъуар…— Лъапсэ, 89
(ирегъэувалӀэ)
Зыгуэр зыгуэрым бгъэдэгъэувэн, пэрыгъэувэн.
Цыжьбанэм и гъумэтӀымэни щимыгъэту къыпещэ: «Кхъухьыр щӀыгъуейщ зымыщӀэм дежкӀэ, си дежкӀэ зырикӀщ, нобэ сегъэувалӀи, узыхуейм хуэдэу пхуэсщӀынщ».— Кхъухь пхэнж, 508
Kitapta geçtiği hali
ЕГЪЭУВЭЛӀЭН I (егъэувэлӀащ) лъэмыӀ. (2). Зыгуэрым бгъэдэту егъэщӀауэ щытын. Псори къызэхуэсыжу щхьэж и тӀысыпӀэм тӀысыжа нэужь, Кодоевыр къэтэджащ:– Фэ джэгум фыхэтыху, ди лъабжьэм заубгъуащ, ди лъапсэм къару игъуэтащ ди хьэщӀэ лъапӀэм и фӀыгъэкӀэ,– жиӀэри шыхьауэ и шэнтым егъэувэлӀауэ щыт картэр иукъуэдийри псоми яригъэлъэгъуащ: – Мис Мэздэгуи Мэлгъэбэги къиубыдыу къыхэхъуар… Лъапсэ, 89.
ЕГЪЭУВЭЛӀЭН II (ирегъэувалӀэ) лъэӀ. (4). Зыгуэр зыгуэрым бгъэдэгъэувэн, пэрыгъэувэн. Цыжьбанэм и гъумэтӀымэни щимыгъэту къыпещэ: «Кхъухьыр щӀыгъуейщ зымыщӀэм дежкӀэ, си дежкӀэ зырикӀщ, нобэ сегъэувалӀи, узыхуейм хуэдэу пхуэсщӀынщ». Кхъухь пхэнж, 508.