джэдыгу пӀаргъ

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

джэдыгу

ЩӀымахуэ щыгъын хуабэ хъурыфэм е хьэкӀэкхъуэкӀэ языныкъуэхэм я фэм къыхэщӀыкӀауэ, и кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ.

Къаплъэн джэдыгур сщыгъкъэ, жыпӀэу Зэпкун хуэмейхэм уэ иумыку— Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110

+2 örnek

Иремэлыфэ уи джэдыгур – Шхы, узэуэнум, дыгъужьыгу.— Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110

А къуажэкум дэт псы цӀыкӀур ещхьт зи адэ и джэдыгу щызытӀэгъа щӀалэ цӀыкӀум.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301

Deyimler (2)

джэдыгу гъур

Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым и щӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 322

Еплъ: джэдыгу пӀаргъ

джэдыгу пӀаргъ

Фэншэ, мыгуакӀуэ, фейцейуэ хуэпа.

Красноармеецхэм нэхъыбэр гуэншырыкът е кӀэрэхът, ящыгъри щӀагъуэтэкъым – джэдыгу пӀаргът.— Щынэхужьыкъуэ, 29

+2 örnek

[Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгу пӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520

ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 153

пӀаргъ

Deyimler (1)

джэдыгу пӀаргъ

Еплъ: джэдыгу

Kitapta geçtiği hali

ДЖЭДЫГУ (18). ЩӀымахуэ щыгъын хуабэ хъурыфэм е хьэкӀэкхъуэкӀэ языныкъуэхэм я фэм къыхэщӀыкӀауэ, и кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ. Къаплъэн джэдыгур сщыгъкъэ, жыпӀэу Зэпкун хуэмейхэм уэ иумыку. Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110. Иремэлыфэ уи джэдыгур – Шхы, узэуэнум, дыгъужьыгу. Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110. А къуажэкум дэт псы цӀыкӀур ещхьт зи адэ и джэдыгу щызытӀэгъа щӀалэ цӀыкӀум. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. ◊ Джэдыгу гъур (1). Еплъ джэдыгу пӀаргъ. Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым и щӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Джэдыгу пӀаргъ (6). Фэншэ, мыгуакӀуэ, фейцейуэ хуэпа. Красноармеецхэм нэхъыбэр гуэншырыкът е кӀэрэхът, ящыгъри щӀагъуэтэкъым – джэдыгу пӀаргът. Щынэхужьыкъуэ, 29. [Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгу пӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 153.

ПӀАРГЪ: ◊ джэдыгу пӀаргъ (6). Еплъ джэдыгу.

Düzeltme Öner

джэдыгу пӀаргъ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.