джэдыгу

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kürk
Ortakджэдыгу
Doğuфэджэдыгу
Batıшъоджэдыгу
Kitapta geçtiği hali

ДЖЭДЫГУ; шъоджэдыгу/фэджэдыгу; KÜRK;

Bu sonuç kitaptaki 1 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

И кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ, хъурыфэм е дыжьым къыхэщӀыкӀа щӀымахуэ щыгъын хуабэ.

рушуба

Дыжь джэдыгу. Хъурыфэ джэдыгу.

+2 örnek

Пщы Аслъэнджэрий... джэгур и плӀэм идзауэ, и лъакъуитӀыр къелэлэхыу пӀэм итӀысхьэжауэ ист.— Шортэн Аскэрбий

ЗылӀыр джэдыгуибгъурэ лӀибгъур джэдыгуншэу.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (3)

джэдыгу пӀарыгъ

ружалкий, невзрачный (о человеке).

{Астемыр:}- Елдар ар къыпхуидэнкъым. {Дисэ:} Джэдыгу пӀарыгъ офицарми? Уи жьэм псы жьэдэгъэжыхь. ЛӀо къыщӀысхуимыдэнур?— КӀыщокъуэ Алим

джэдыгур зэгъэдзэкӀын

рудержать хвост трубой.

джэдыгу кӀэщӀ

И кӀыхьагъыр лъэгуажьэм нэмысу щӀа джэдыгу.

руполушубок

ЩӀалэм и джэдыгу кӀэщӀыр и плӀэм иридзащ.

Kitapta geçtiği hali

джэдыгу шуба / И кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ, хъурыфэм е дыжьым къыхэщӀыкӀа щӀымахуэ щыгъын хуабэ. Дыжь джэдыгу. Хъурыфэ джэдыгу. * Пщы Аслъэнджэрий... джэгур и плӀэм идзауэ, и лъакъуитӀыр къелэлэхыу пӀэм итӀысхьэжауэ ист. Ш. А. ЗылӀыр джэдыгуибгъурэ лӀибгъур джэдыгуншэу. (погов.) Джэдыгу пӀарыгъ жалкий, невзрачный (о человеке). * {Астемыр:}- Елдар ар къыпхуидэнкъым. {Дисэ:} Джэдыгу пӀарыгъ офицарми? Уи жьэм псы жьэдэгъэжыхь. ЛӀо къыщӀысхуимыдэнур? КӀ. А. Джэдыгур зэгъэдзэкӀын держать хвост трубой. Джэдыгу кӀэщӀ полушубок / И кӀыхьагъыр лъэгуажьэм нэмысу щӀа джэдыгу. * ЩӀалэм и джэдыгу кӀэщӀыр и плӀэм иридзащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ЩӀымахуэ щыгъын хуабэ хъурыфэм е хьэкӀэкхъуэкӀэ языныкъуэхэм я фэм къыхэщӀыкӀауэ, и кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ.

Къаплъэн джэдыгур сщыгъкъэ, жыпӀэу Зэпкун хуэмейхэм уэ иумыку— Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110

+2 örnek

Иремэлыфэ уи джэдыгур – Шхы, узэуэнум, дыгъужьыгу.— Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110

А къуажэкум дэт псы цӀыкӀур ещхьт зи адэ и джэдыгу щызытӀэгъа щӀалэ цӀыкӀум.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301

Deyimler (2)

джэдыгу гъур

Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым и щӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 322

Еплъ: джэдыгу пӀаргъ

джэдыгу пӀаргъ

Фэншэ, мыгуакӀуэ, фейцейуэ хуэпа.

Красноармеецхэм нэхъыбэр гуэншырыкът е кӀэрэхът, ящыгъри щӀагъуэтэкъым – джэдыгу пӀаргът.— Щынэхужьыкъуэ, 29

+2 örnek

[Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгу пӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520

ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 153

Kitapta geçtiği hali

ДЖЭДЫГУ (18). ЩӀымахуэ щыгъын хуабэ хъурыфэм е хьэкӀэкхъуэкӀэ языныкъуэхэм я фэм къыхэщӀыкӀауэ, и кӀуэцӀымкӀэ цыр гъэзауэ. Къаплъэн джэдыгур сщыгъкъэ, жыпӀэу Зэпкун хуэмейхэм уэ иумыку. Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110. Иремэлыфэ уи джэдыгур – Шхы, узэуэнум, дыгъужьыгу. Къаплъэныфэ. «Дамыгъэ», 110. А къуажэкум дэт псы цӀыкӀур ещхьт зи адэ и джэдыгу щызытӀэгъа щӀалэ цӀыкӀум. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. ◊ Джэдыгу гъур (1). Еплъ джэдыгу пӀаргъ. Къущхьэ зыбжани я шабырым фэ кӀапсэ цӀыкӀу къешэкӀауэ, я джэдыгу гъурым и щӀыӀукӀэ езыхэм ящӀа сэ, сампӀэм илъу, якӀэрыщӀауэ, нэкӀуплъ хъужауэ зэхэтт; сонэхэр псыгъуэ хъужауэ, я къамэр дахэу, я пащӀэр ину къэкӀуат; татхэр лъахъшэ защӀэу, мычэму зэдауэу, зэныкъуэкъуу, псомкӀи мыарэзыуэ, нэхъ жьантӀэмкӀэ еӀэрт; цӀыхубзхэр щхьэхуэу зэхэувэжауэ я ӀэлъэщӀышхуэхэмкӀэ я нэкӀур щӀахъумэрэ нэ закъуэкӀэ плъэмэ, цӀыхухъум нитӀкӀэ ялъагъум нэхърэ нэхъыбэ ялъагъуу зэӀущащэрт, къэрэхьэлъкъыр щӀызэхуашэсар къагурымыӀуэ хуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 322. Джэдыгу пӀаргъ (6). Фэншэ, мыгуакӀуэ, фейцейуэ хуэпа. Красноармеецхэм нэхъыбэр гуэншырыкът е кӀэрэхът, ящыгъри щӀагъуэтэкъым – джэдыгу пӀаргът. Щынэхужьыкъуэ, 29. [Алим:] Сэ къысщӀэкӀия шур джэдыгу пӀаргъыу, зызыгъэшу уэсым хэтым жьэхолъадэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. ЩӀалэ цӀыкӀухэр, джэдыгу пӀаргъ хъужауэ, я пыӀэр хъуным яшхауэ, къызэщӀэплъауэ зэбэнхэрт, уэсыр лъакъуэкӀи пэкӀи явэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 153.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

gocuk kürk

Düzeltme Öner

джэдыгу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.