гъэджэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(егъэджэн)
Зыгуэрым гу зылъебгъэтэн, зыкъебгъэщӀэн, уи дежкӀэ къэбгъэплъэн щхьэкӀэ зыгуэрым макъ егъэщӀын.
Шу блэкӀыр а пщащэм теплъэхукӀэ, Егъаджэр фэрыщӀу и щӀопщыр.— Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72
+2 örnek
Инал кърита сигналыр Лу къипхъуэтауэ шоферым и сигналым нэхърэ нэхъеижу игъаджэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538
Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
Kitapta geçtiği hali
ГЪЭДЖЭН (егъэджэн) лъэӀ. (4). Зыгуэрым гу зылъебгъэтэн, зыкъебгъэщӀэн, уи дежкӀэ къэбгъэплъэн щхьэкӀэ зыгуэрым макъ егъэщӀын. Шу блэкӀыр а пщащэм теплъэхукӀэ, Егъаджэр фэрыщӀу и щӀопщыр. Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72. Инал кърита сигналыр Лу къипхъуэтауэ шоферым и сигналым нэхърэ нэхъеижу игъаджэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538. Старшынэм дежкӀэ гурыӀуэгъуэт пристафыр ӀукӀыжмэ, ар къызэрыхуимыгъэгъунури, зэрылъэкӀкӀэ и пэр игъэджащ, сывмыгъэунэхъу, зыгуэр фыпсалъэ, жиӀэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 91.