гъавэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЛЭЖЬЫГЪ(Э), мэщ(ы)/мэш, гъажъо/гъавэ; EKİN, ZAHİRE
ЛЪЭЖЬЫГЪЭ, гъэмэщ/гъэмэш, гъажъо/гъавэ; MAHSUL (çalışılıp üretilen)
гъавэ/гъажъо → ЛЪЭЖЬЫГЪЭ; EKİN, HUBUBAT, MAHSUL, TAHIL, ZAHİRE
гъажъо/гъавэ → ЛЪЭЖЬЫГЪЭ; EKİN, HUBUBAT, MAHSUL, TAHIL, ZAHİRE
мэш/мэщ(ы), гъажъо/гъавэ, → ЛЭЖЬЫГЪ(Э); EKİN, HUBUBAT
мэщ(ы)/мэш, гъажъо/гъавэ → ЛЭЖЬЫГЪ(Э); EKİN, HUBUBAT
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъэжьыгъэ, лэжьыгъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зи хьэдзэм ерыскъы къыхащӀыкӀ къэкӀыгъэ.
рухлеб; зерновые культуры
Гъавэ бэв. Гъавэ щӀапӀэ. Гъавэр Ӏухыжын.
+3 örnek
Гъавэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу къэбэрдейхэм нэхъыбэу ящӀэу щытар мэшщ.— Нэгумэ Шорэ
Уэгъу гъавэр дыгъэрыжьэщи, уэлбанэ гъавэр дошэсей.— Псалъэжьхэр
ГъавэщӀэ къыпӀэрымыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ.— Псалъэжьхэр
2. Апхуэдэ къэкӀыгъэхэм я хьэдзэ.
рузерно
Зи вакъэ зэвымрэ зи гъавэ мащӀэмрэ гузэвэгъуэ щыщӀэркъым.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (4)
гъавэ къехьэлӀэжьыгъуэ
гъавэ Ӏухыжыгъуэ
гъавэ щӀапӀэ
Гъавэ щагъэкӀ щӀыпӀэ; хьэсэ.
руполе, предназначенное для возделывания зерновых культур
Гъавэ щӀапӀэ псори яващ. ХъупӀэмрэ гъавэ щӀапӀэмрэ зэпылъщ.
гъавэ ӀыхыпӀэ
Нартыху, гуэдз. с. ху. зырашалӀэ, зрат мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэ.
руэлеватор (зернохранилище)
АдэӀуэкӀэ щытщ гъавэ ӀыхыпӀэр, вокзалыщӀэр, ӀуэхущӀапэ Ӏэджэ...— Ӏуащхьэмахуэ
гъавэ Ӏухыжыгъуэ
Гъавэ щыӀуахыж зэман.
рухлебоуборка, пора уборки урожая
Гъавэ Ӏухыжыгъуэ зэманыр къэсащ.
Kitapta geçtiği hali
гъавэ I 1. хлеб; зерновые культуры / Зи хьэдзэм ерыскъы къыхащӀыкӀ къэкӀыгъэ. Гъавэ бэв. Гъавэ щӀапӀэ. Гъавэр Ӏухыжын. * Гъавэ лъэпкъыгъуэхэм щыщу къэбэрдейхэм нэхъыбэу ящӀэу щытар мэшщ. Н. Ш. Уэгъу гъавэр дыгъэрыжьэщи, уэлбанэ гъавэр дошэсей. (погов.) ГъавэщӀэ къыпӀэрымыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ. (погов.) 2. зерно / Апхуэдэ къэкӀыгъэхэм я хьэдзэ. * Зи вакъэ зэвымрэ зи гъавэ мащӀэмрэ гузэвэгъуэ щыщӀэркъым. (погов.) гъавэ къехьэлӀэжьыгъуэ = гъавэ Ӏухыжыгъуэ. гъавэ щӀапӀэ поле, предназначенное для возделывания зерновых культур / Гъавэ щагъэкӀ щӀыпӀэ; хьэсэ. Гъавэ щӀапӀэ псори яващ. ХъупӀэмрэ гъавэ щӀапӀэмрэ зэпылъщ. гъавэ ӀыхыпӀэ элеватор (зернохранилище) / Нартыху, гуэдз. с. ху. зырашалӀэ, зрат мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэ. * АдэӀуэкӀэ щытщ гъавэ ӀыхыпӀэр, вокзалыщӀэр, ӀуэхущӀапэ Ӏэджэ... Ӏуащхь. гъавэ Ӏухыжыгъуэ хлебоуборка, пора уборки урожая / Гъавэ щыӀуахыж зэман. Гъавэ Ӏухыжыгъуэ зэманыр къэсащ. II к.-з. см. ху II.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЩӀым къытрах шхын, зи хьэдзэм ерыскъы къыхащӀыкӀ къэкӀыгъэ. –463.
Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъуакъэ – пщӀар кӀуэдащ— Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343
+2 örnek
ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ— Кхъэлэгъунэ, 375
А лӀыр гъавэкӀэ, дэшхынкӀэ зэрымыбэлэрыгъар нэрылъагъут, и унэм щӀэхуэр щӀэлът, дзажэ гъэгъуахэри фӀэлът, джэдкъази джэдэщым щӀэзт, хыви жэми Ӏуэм итт— МелыӀыч, 462
2. Ерыскъы къызыхащӀыкӀ къэкӀыгъэхэм я хьэдзэ.
Сэри жыласэм зыхуэзгъадэу Уэгу щхъуантӀэм гъавэр щытессэнт— Пшэм мазэр хохьэр, къыхокӀыжыр… Батырыбжьэ, 26
+2 örnek
Гъавэ зытепсэн дэнэ къэна, мэкъупӀи хъупӀи къолыжу урикъунущ— Лъапсэ, 87
Дэ гъавэ тхуэзысэр и вапӀэ щымыщӀэ, Жылапхъэм хэплъыхьу зимыӀэм ярет.— Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397
Kitapta geçtiği hali
ГЪАВЭ (76). 1. (67). ЩӀым къытрах шхын, зи хьэдзэм ерыскъы къыхащӀыкӀ къэкӀыгъэ. Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъуакъэ – пщӀар кӀуэдащ. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343. ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ. Кхъэлэгъунэ, 375. А лӀыр гъавэкӀэ, дэшхынкӀэ зэрымыбэлэрыгъар нэрылъагъут, и унэм щӀэхуэр щӀэлът, дзажэ гъэгъуахэри фӀэлът, джэдкъази джэдэщым щӀэзт, хыви жэми Ӏуэм итт. МелыӀыч, 462–463. 2. (9). Ерыскъы къызыхащӀыкӀ къэкӀыгъэхэм я хьэдзэ. Сэри жыласэм зыхуэзгъадэу Уэгу щхъуантӀэм гъавэр щытессэнт. Пшэм мазэр хохьэр, къыхокӀыжыр… «Батырыбжьэ», 26. Гъавэ зытепсэн дэнэ къэна, мэкъупӀи хъупӀи къолыжу урикъунущ. Лъапсэ, 87. Дэ гъавэ тхуэзысэр и вапӀэ щымыщӀэ, Жылапхъэм хэплъыхьу зимыӀэм ярет. Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397.