гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гушыӀэн

(мэгушыӀэ)

ГушыӀэ хэлъу псэлъэн, зыщӀын.

– Тобэ ярэби, Инус хьэжым и унэм бэлшэвыч сымаджэ щӀэлъу ищӀамэ, зиукӀыжынт, – гушыӀэрт Бот, цы лъэпкъ зытемыт и щхьэм пщӀэнтӀэпсыр кърилъэщӀэхыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 275

+2 örnek

Я гур къэжанауэ лӀы зэбгъэдэтхэр гушыӀэрт, хьэкъувыкъут, дыхьэшхэн гуэрхэр жаӀэу— Нал къута, 268

Зауэшхуэ кӀыхьыр дыухауэ, ТекӀуэныгъэшхуэм лъэпкъыу щыӀэр ГуфӀэгъуэ инкӀэ дихьэхауэ ХуэгуфӀэт, дэни щыгушыӀэт.— Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 91

Deyimler (7)

гушыӀэ имылэжьэн

ГушыӀэну гукъыдэж имыӀэн.

– Хьэкъурт хъуащ ар, – жаӀэу дыхьэшхырт кърихьэлӀахэр, арщхьэкӀэ Нурхьэлий гушыӀэн и лажьэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 207

гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурымыӀуэн

Къущхьэ щӀалэ цӀыкӀум жиӀэр Луи зэхихат, ауэ гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурыӀуакъым, уеблэмэ Лу и фӀэщ хъуххэнтэкъым Таша диным папщӀэ мафӀэм зыхидзэу зигъэсыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517

Еплъ: гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу

гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыхуэмыщӀэн

Ӏуэхум е жаӀэм джэгу хэлърэ хэмылърэ къыгурымыӀуэн.

Зыкъегъэлъагъу, нэгъуэщӀ пхузэфӀэмыкӀми, – жеӀэ [Джэлил], гушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ къыпхуэмыщӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491

гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу

ГушыӀэ, джэгу хэлъу жиӀэрэ жимыӀэрэ шэч къытехьэн.

– Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, – жиӀэрт Инал, гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537

+1 örnek

Лу нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀри Къазджэрий гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу къригъэжьащ: – Иджыпсту сыздэкӀуэр пщӀэрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563

гушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ умыщӀэну

ЖиӀэр щӀыжиӀэр къыбгурымыӀуэу.

Лъэпкъ я нэхъыжьыр кърихьэлӀати, гушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ умыщӀэну, Нартыхум зыкъыхуигъазэри жиӀащ: – Зы хэку уикӀыу нэгъуэщӀ хэку ущыкӀуэкӀэ шулӀыгъусэ гуэри уиӀэн хуейщ.— Лъапсэ, 75

[и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэн

Еплъ: фӀэщ

[и] фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу

Еплъ: фӀэщ

Kitapta geçtiği hali

ГУШЫӀЭН (мэгушыӀэ) лъэмыӀ. (52). ГушыӀэ хэлъу псэлъэн, зыщӀын. – Тобэ ярэби, Инус хьэжым и унэм бэлшэвыч сымаджэ щӀэлъу ищӀамэ, зиукӀыжынт, – гушыӀэрт Бот, цы лъэпкъ зытемыт и щхьэм пщӀэнтӀэпсыр кърилъэщӀэхыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 275. Я гур къэжанауэ лӀы зэбгъэдэтхэр гушыӀэрт, хьэкъувыкъут, дыхьэшхэн гуэрхэр жаӀэу. Нал къута, 268. Зауэшхуэ кӀыхьыр дыухауэ, ТекӀуэныгъэшхуэм лъэпкъыу щыӀэр ГуфӀэгъуэ инкӀэ дихьэхауэ ХуэгуфӀэт, дэни щыгушыӀэт. Ныбжьэгъу. «Партыр ди пашэу», 91. ◊ ГушыӀэ имылэжьэн (1). ГушыӀэну гукъыдэж имыӀэн. – Хьэкъурт хъуащ ар, – жаӀэу дыхьэшхырт кърихьэлӀахэр, арщхьэкӀэ Нурхьэлий гушыӀэн и лажьэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 207. ГушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурымыӀуэн (1). Еплъ гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу. Къущхьэ щӀалэ цӀыкӀум жиӀэр Луи зэхихат, ауэ гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурыӀуакъым, уеблэмэ Лу и фӀэщ хъуххэнтэкъым Таша диным папщӀэ мафӀэм зыхидзэу зигъэсыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517. ГушыӀэрэ и фӀэщрэ къыхуэмыщӀэн (2). Ӏуэхум е жаӀэм джэгу хэлърэ хэмылърэ къыгурымыӀуэн. Зыкъегъэлъагъу, нэгъуэщӀ пхузэфӀэмыкӀми, – жеӀэ [Джэлил], гушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ къыпхуэмыщӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491. ГушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу (2). ГушыӀэ, джэгу хэлъу жиӀэрэ жимыӀэрэ шэч къытехьэн. – Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, – жиӀэрт Инал, гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537. Лу нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀри Къазджэрий гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу къригъэжьащ: – Иджыпсту сыздэкӀуэр пщӀэрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563. ГушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ умыщӀэну (1). ЖиӀэр щӀыжиӀэр къыбгурымыӀуэу. Лъэпкъ я нэхъыжьыр кърихьэлӀати, гушыӀэрэ и фӀэщу жиӀэрэ умыщӀэну, Нартыхум зыкъыхуигъазэри жиӀащ: – Зы хэку уикӀыу нэгъуэщӀ хэку ущыкӀуэкӀэ шулӀыгъусэ гуэри уиӀэн хуейщ. Лъапсэ, 75. [И] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэн (1). Еплъ фӀэщ. [И] фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу (1). Еплъ фӀэщ.

Düzeltme Öner

гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.