фӀэщ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (7)
и фӀэщу
ГушыӀэ, джэгу хэмылъу.
русерьёзно
Ауэ Хьэсаншым и фӀэщу, гушхуэу Ныбжьэгъум Ӏуэхур хуеӀуатэ.
{уи} фӀэщ къигъэкӀын
рувзяться за что-л. всерьез.
{уи} фӀэщ хэлъхьэн
рупроявить настойчивость.
фэщ хъугъуей
руто, во что трудно поверить.
3 ifade daha
{и} фӀэщ хъун
рупринять на веру что-л.
Ӏэминат и фӀэщ хъуат анэм къыхуиӀэтар.— Къущхьэ СулътӀан
+1 örnek
{Дахэнагъуэ МэзылӀым жриӀэу:} - Дэримэсу Ӏэхъуэ щӀалэр Уэ къолынуи си фӀэщ хъуркъым.— Акъсырэ Залымхъан
фӀэщ щӀын
руповерить чему-л.
НапщӀэ гъэгуфӀэр уи фӀэщ умыщӀ, ФэрыщӀ нэпс щӀыӀухэм уахуемыплъэкӀ.— ПащӀэ Бэчмырзэ
{и} фӀэщкӀэ
руизо всех сил.
{Цыжьбанэр} И фӀэщкӀэ кӀуэри ӀуащхьитӀ зэхуакур махуитӀкӀэ икӀуфа къудейщ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
фӀэщ и фӀэщу серьёзно / ГушыӀэ, джэгу хэмылъу. * Ауэ Хьэсаншым и фӀэщу, гушхуэу Ныбжьэгъум Ӏуэхур хуеӀуатэ. {Уи} фӀэщ къигъэкӀын взяться за что-л. всерьез. {Уи} фӀэщ хэлъхьэн проявить настойчивость. Фэщ хъугъуей то, во что трудно поверить. {И} фӀэщ хъун принять на веру что-л. * Ӏэминат и фӀэщ хъуат анэм къыхуиӀэтар. Къу. С. {Дахэнагъуэ МэзылӀым жриӀэу:} - Дэримэсу Ӏэхъуэ щӀалэр Уэ къолынуи си фӀэщ хъуркъым. Акъ. З. ФӀэщ щӀын поверить чему-л. * НапщӀэ гъэгуфӀэр уи фӀэщ умыщӀ, ФэрыщӀ нэпс щӀыӀухэм уахуемыплъэкӀ. П. Б. {И} фӀэщкӀэ изо всех сил. * {Цыжьбанэр} И фӀэщкӀэ кӀуэри ӀуащхьитӀ зэхуакур махуитӀкӀэ икӀуфа къудейщ. КӀ. Т., Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ГушыӀэ хэмылъу, джэгуншэу.
Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуар сытым деж – щӀымахуэм дежщ.— Кхъухь пхэнж, 503
+2 örnek
[Сосрыкъуэ, Лу хуэгъэзауэ:] Инали Къазджэрии укъыщацӀыхукӀэ, Жыраслъэн уи цӀыхугъэн хуейщ, – жиӀащ Сосрыкъуэ и фӀэщ дыдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581
Музыкауэхэр я фӀэщу къэувыӀащ (Лурэ Сосрыкъуэрэ хуэгъэзауэ): – Хэт Жыраслъэн пщӀынур? – жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580
Deyimler (6)
фӀэщ къигъэкӀын
Зыгуэрым гушыӀэншэу яужь ихьэн.
Хьэбибэ и фӀэщ къригъэкӀмэ, еуэу кӀуэнкӀи хъут, ауэ Иринэ зы пэш закъуэ фӀэкӀ къыхуамыгъанэу и фэтэр тӀэкӀур фӀаубыдри Одессэ къикӀыу къагъэӀэпхъуа унагъуэ гуэр щӀагъэтӀысхьащ.— Щынэхужьыкъуэ, 27
[и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыгурымыӀуэн
Зыгуэрым и псалъэр пэж пщыхъунрэ пщымыхъунрэ зэхомыщӀыкӀыфын.
Къущхьэ щӀалэ цӀыкӀум жиӀэр Луи зэхихат, ауэ гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурыӀуакъым, уеблэмэ Лу и фӀэщ хъуххэнтэкъым Таша диным папщӀэ мафӀэм зыхидзэу зигъэсыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517
[и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэн
– Бот хъункъэ хэтх? ЛӀы къекӀущ, макъыфӀ иӀэщ, – жиӀэри Степан Ильич, и фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэу, (хьэщӀэхэм) щӀэупщӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 268
[и] фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу
– Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, жиӀэрт Инал (ТӀутӀэрэ Иналрэ хуэгъэзауэ), гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537
+2 örnek
Лу нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀри Къазджэрий гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу къригъэжьащ: – Иджыпсту сыздэкӀуэр пщӀэрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563
– Абы щыгъуэ уи адэр яхэтащ, иджы уэ укъытхэту, – жиӀэрт Сосрыкъуэ (Лу хуэгъэзауэ), и фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579
2 deyim daha
[уи] фӀэщу жыӀэн
ГушыӀэншэу псэлъэн.
Адакъэ хужьыр къэуӀэбжьащ, и дамэ гуэлэлым еплъри нэхъ Ӏеижу уэ къыфӀэщӀащ [Джэлил хуэгъэзауэ]: – Догуэ, уи фӀэщу жыпӀэрэ?— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487
+2 örnek
[Къыдырым, кърухэм хуэгъэзауэ:] – Си анэ шыбзми, си адэ шыдми я псэ, си фӀэщ дыдэу жызмыӀэмэ!— Кхъухь пхэнж, 496
[Шыгухум, Мэмэт-щӀакъуэ хуэгъэзауэ:] Ар уи фӀэщу жыпӀамэ, зыгуэрт.— Лъапсэ, 49
[я] фӀэщу жаӀэрэ жамыӀэрэ умыщӀэу
«Нэхущ вагъуэу Нартыхур щызымыгъауэр армыра уи гугъэ?!» – жаӀэу къыпызыщэри мащӀэтэкъым, я фӀэщу жаӀэрэ жамыӀэрэ умыщӀэу.— Лъапсэ, 79
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭЩ: И ФӀЭЩУ (16). ГушыӀэ хэмылъу, джэгуншэу. Къыдырым и фӀэщ дыдэт: – Мыщэм тэмэму гу лъитащ: дэ гузэвэгъуэ дыщихуар сытым деж – щӀымахуэм дежщ. Кхъухь пхэнж, 503. [Сосрыкъуэ, Лу хуэгъэзауэ:] Инали Къазджэрии укъыщацӀыхукӀэ, Жыраслъэн уи цӀыхугъэн хуейщ, – жиӀащ Сосрыкъуэ и фӀэщ дыдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581. Музыкауэхэр я фӀэщу къэувыӀащ (Лурэ Сосрыкъуэрэ хуэгъэзауэ): – Хэт Жыраслъэн пщӀынур? – жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 580. ◊ ФӀэщ къигъэкӀын (1). Зыгуэрым гушыӀэншэу яужь ихьэн. Хьэбибэ и фӀэщ къригъэкӀмэ, еуэу кӀуэнкӀи хъут, ауэ Иринэ зы пэш закъуэ фӀэкӀ къыхуамыгъанэу и фэтэр тӀэкӀур фӀаубыдри Одессэ къикӀыу къагъэӀэпхъуа унагъуэ гуэр щӀагъэтӀысхьащ. Щынэхужьыкъуэ, 27. [И] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыгурымыӀуэн (1). Зыгуэрым и псалъэр пэж пщыхъунрэ пщымыхъунрэ зэхомыщӀыкӀыфын. Къущхьэ щӀалэ цӀыкӀум жиӀэр Луи зэхихат, ауэ гушыӀэрэ и фӀэщрэ къыгурыӀуакъым, уеблэмэ Лу и фӀэщ хъуххэнтэкъым Таша диным папщӀэ мафӀэм зыхидзэу зигъэсыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517. [И] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэн (1). Еплъ [и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыгурымыӀуэн. – Бот хъункъэ хэтх? ЛӀы къекӀущ, макъыфӀ иӀэщ, – жиӀэри Степан Ильич, и фӀэщрэ гушыӀэрэ къыпхуэмыщӀэу, (хьэщӀэхэм) щӀэупщӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 268. [И] фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу (5). Еплъ [и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыгурымыӀуэн. – Фи щхьэр щӀэӀуамэ, къыщӀэфхыж, жиӀэрт Инал (ТӀутӀэрэ Иналрэ хуэгъэзауэ), гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537. Лу нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀри Къазджэрий гушыӀэрэ и фӀэщрэ умыщӀэу къригъэжьащ: – Иджыпсту сыздэкӀуэр пщӀэрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 563. – Абы щыгъуэ уи адэр яхэтащ, иджы уэ укъытхэту, – жиӀэрт Сосрыкъуэ (Лу хуэгъэзауэ), и фӀэщрэ гушыӀэрэ умыщӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 579. [Уи] фӀэщу жыӀэн (10). ГушыӀэншэу псэлъэн. Адакъэ хужьыр къэуӀэбжьащ, и дамэ гуэлэлым еплъри нэхъ Ӏеижу уэ къыфӀэщӀащ [Джэлил хуэгъэзауэ]: – Догуэ, уи фӀэщу жыпӀэрэ? Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487. [Къыдырым, кърухэм хуэгъэзауэ:] – Си анэ шыбзми, си адэ шыдми я псэ, си фӀэщ дыдэу жызмыӀэмэ! Кхъухь пхэнж, 496. [Шыгухум, Мэмэт-щӀакъуэ хуэгъэзауэ:] Ар уи фӀэщу жыпӀамэ, зыгуэрт. Лъапсэ, 49. [Я] фӀэщу жаӀэрэ жамыӀэрэ умыщӀэу (1). Еплъ [и] фӀэщрэ гушыӀэрэ къыгурымыӀуэн. «Нэхущ вагъуэу Нартыхур щызымыгъауэр армыра уи гугъэ?!» – жаӀэу къыпызыщэри мащӀэтэкъым, я фӀэщу жаӀэрэ жамыӀэрэ умыщӀэу. Лъапсэ, 79.