гуфӀакӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Щыгъынымрэ цӀыхум и бгъэмрэ я зэхуаку.
рупазуха
Тыркур и гуфӀакӀэм допэщэщыхь.— Шортэн Аскэрбий
+1 örnek
Мурат гуфӀакӀэм дэӀэбэри письмоуитӀ къыдихащ.— Теунэ Хьэчим
Kitapta geçtiği hali
гуфӀакӀэ пазуха / Щыгъынымрэ цӀыхум и бгъэмрэ я зэхуаку. * Тыркур и гуфӀакӀэм допэщэщыхь. Ш. А. Мурат гуфӀакӀэм дэӀэбэри письмоуитӀ къыдихащ. Т. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Щыгъынымрэ цӀыхум и бгъэмрэ я зэхуаку.
Елдар и гуфӀакӀэм дэлъ къомыр зэригъэзахуэ хуэдэу ищӀри, Астемыр иӀыгъ фочымрэ шэмрэ къыӀихри шыгъуэгу хадэ кӀыфӀым хэкӀуэдэжащ – а гъуэгу дыдэмкӀэ куэд щӀакъым Степани зэрыкӀуэжрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232
+2 örnek
Сосрыкъуэ зыгуэркӀэ зыкъыхигъэщым фӀэфӀу, Дорофеич и командэ тыкӀэ зищӀт, Жансэхъу словарыр и гуфӀакӀэм къыдихауэ цӀыхум къагурыӀуэмкӀэ псалъэ зырыз «Аффект», «Ажиотаж», «Экстраординарность» сыт хуэдэхэр жиӀэу зыкъом къибжырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558
Илас ахъшэр и гуфӀакӀэм дилъхьэурэ дэз хъуащи, ахъшэ къэзыгъэзэж къыхихын щхьэкӀэ, ӀэмыщӀэм изу къыдэпхыурэ ухэплъыхьын хуейщи, и гуфӀакӀэ ахъшэр къыщыдэлъэлъи къохъу— МелыӀыч, 471
Deyimler (2)
гуфӀакӀэр хуабэ хъун
Хэхъуэ иӀэн (мылъку, ахъшэ с.ху.).
Абы [Мэсхьуд] сондэджэрыным фейдэ къригъэщӀауэ и гуфӀакӀэр хуабэ хъумэ, Нурхьэлий и шхапӀэм къакӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 205
[и] гуфӀакӀэр хуэбэн
Ахъшэ, мылъку иӀэн.
И гуфӀакӀэр «хуабэу» хэт рестораным щӀыхьами, сом и жып имылъыжу къыщӀэкӀыжырт, и ахъшэр хъыджэбз дахэхэм я деж екӀуэсэкӀауэ— Лъапсэ, 25
+2 örnek
[Къэрэмырзэ] Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу.— Лыгъэ, 408
Ахъшэ хуэныкъуэм афӀэкӀа хуэхьыжакъым: – АтӀэ апхуэдизу уахъшэншэу ущӀэпсэуни щыӀэкъым, – жиӀэри зыкъызэкъуихащ, къеуэри зи гуфӀакӀэ хуабэу зыхуигъэфэщар пӀэтӀауэу, лъэкъуауэу ежьэжащ.— Лыгъэ, 409
Atasözleri (1)
блэ пӀыщӀар гуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ
Еплъ: блэ
Kitapta geçtiği hali
ГУФӀАКӀЭ (38). Щыгъынымрэ цӀыхум и бгъэмрэ я зэхуаку. Елдар и гуфӀакӀэм дэлъ къомыр зэригъэзахуэ хуэдэу ищӀри, Астемыр иӀыгъ фочымрэ шэмрэ къыӀихри шыгъуэгу хадэ кӀыфӀым хэкӀуэдэжащ – а гъуэгу дыдэмкӀэ куэд щӀакъым Степани зэрыкӀуэжрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. Сосрыкъуэ зыгуэркӀэ зыкъыхигъэщым фӀэфӀу, Дорофеич и командэ тыкӀэ зищӀт, Жансэхъу словарыр и гуфӀакӀэм къыдихауэ цӀыхум къагурыӀуэмкӀэ псалъэ зырыз «Аффект», «Ажиотаж», «Экстраординарность» сыт хуэдэхэр жиӀэу зыкъом къибжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 558. Илас ахъшэр и гуфӀакӀэм дилъхьэурэ дэз хъуащи, ахъшэ къэзыгъэзэж къыхихын щхьэкӀэ, ӀэмыщӀэм изу къыдэпхыурэ ухэплъыхьын хуейщи, и гуфӀакӀэ ахъшэр къыщыдэлъэлъи къохъу. МелыӀыч, 471. ◊ ГуфӀакӀэр хуабэ хъун (1). Хэхъуэ иӀэн (мылъку, ахъшэ с.ху.). Абы [Мэсхьуд] сондэджэрыным фейдэ къригъэщӀауэ и гуфӀакӀэр хуабэ хъумэ, Нурхьэлий и шхапӀэм къакӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 205. [и] гуфӀакӀэр хуэбэн (3). Ахъшэ, мылъку иӀэн. И гуфӀакӀэр «хуабэу» хэт рестораным щӀыхьами, сом и жып имылъыжу къыщӀэкӀыжырт, и ахъшэр хъыджэбз дахэхэм я деж екӀуэсэкӀауэ. Лъапсэ, 25. [Къэрэмырзэ] Уэрам еуэкӀыпӀэм деж увауэ бэзэрым кӀуэ-къэкӀуэжым еплъу щытт, ахъшэ зи куэд зи гуфӀакӀэ хуабэмрэ зыщыгугъ мыхъунумрэ зэхигъэкӀыу. Лыгъэ, 408. Ахъшэ хуэныкъуэм афӀэкӀа хуэхьыжакъым: – АтӀэ апхуэдизу уахъшэншэу ущӀэпсэуни щыӀэкъым, – жиӀэри зыкъызэкъуихащ, къеуэри зи гуфӀакӀэ хуабэу зыхуигъэфэщар пӀэтӀауэу, лъэкъуауэу ежьэжащ. Лыгъэ, 409. ☐ Блэ пӀыщӀар гуфӀакӀэм дэплъхьэм, къоуэнщ (1). Еплъ блэ I.