арэзы
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
идащ/ыдагъ, къезэгъыгъ/къезэгъа, къеуцолӀагъ/къеувэлӀа, РАЗЭ/АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
къезэгъа/къезэгъыгъ, къеуцолӀагъ/ къеувэлӀа, ыдагъ/идащ, РАЗЭ/ АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
къезэгъыгъ/къезэгъа, къеуцолӀагъ/ къеувэлӀа, ыдагъ/идащ, РАЗЭ/ АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
къеувэлӀа/къеуцолӀагъ, ыдагъ/идащ, къезэгъыгъ/къезэгъа, РАЗЭ/АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
къеуцолӀагъ/къеувэлӀа, ыдагъ/идащ, къезэгъыгъ/къезэгъа, РАЗЭ/АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
ыдагъ/идащ, къезэгъыгъ/къезэгъа, къеуцолӀагъ/къеувэлӀа, РАЗЭ/АРЭЗЫ; RAZI (oldu)
АРЭЗЫ/РАЗЭ шӀын/щӀын → ЕГЪЭДЭН; RAZI ETMEK
АРЭЗЫ/РАЗЭ ХЪУН/техъон/ техъуэн, АРЭЗЫН/РЭЗЭН → ДЭН; RAZI OLMAK
Bu sonuç kitaptaki 8 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Гузэгъэгъуэ зыгъуэта.
рутот, кто доволен
2. Зыгуэрым къуэувэ, зыгуэр пэжу, хъуну зылъытэ.
рутот, кто согласен с чем-л.
- ЖысӀамкӀэ арэзыр фыкъыхэкӀ, - жиӀащ лейтенантым.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (4)
арэзы къэщӀын
арэзы щӀын
арэзы техъуэн (техъухьын)
ру1) быть довольным, удовлетвориться чем-л. 2) быть согласным с чем-л.
ЩӀалэм жиӀахэм хьэщӀэ къэкӀуахэр арэзы техъуакъым.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
арэзы хъун
ру1) быть довольным 2) согласиться, решиться на что-л.
ФатӀимэ гуфӀэу, арэзы хъуауэ анэм гуапэу еплъащ.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн
+1 örnek
Районым щыщу Ӏэминат и закъуэ механикыу еджэну арэзы хъуащ.— Къэбэрдей
арэзы щӀын
руудовлетворить кого-л., сделать кого-л. довольным.
Kitapta geçtiği hali
арэзы 1. тот, кто доволен / Гузэгъэгъуэ зыгъуэта. 2. тот, кто согласен с чем-л. / Зыгуэрым къуэувэ, зыгуэр пэжу, хъуну зылъытэ. * - ЖысӀамкӀэ арэзыр фыкъыхэкӀ, - жиӀащ лейтенантым. Ӏуащхь. Арэзы къэщӀын = арэзы щӀын. Арэзы техъуэн (техъухьын) 1) быть довольным, удовлетвориться чем-л. 2) быть согласным с чем-л. * ЩӀалэм жиӀахэм хьэщӀэ къэкӀуахэр арэзы техъуакъым. Хь. Хь. Арэзы хъун 1) быть довольным 2) согласиться, решиться на что-л. * ФатӀимэ гуфӀэу, арэзы хъуауэ анэм гуапэу еплъащ. Къу. Хь. Районым щыщу Ӏэминат и закъуэ механикыу еджэну арэзы хъуащ. Къэб. Арэзы щӀын удовлетворить кого-л., сделать кого-л. довольным.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (4)
арэзы къэщӀын
Гузэгъэгъуэ етын, зыхуей хуэщӀэн.
Арати, псоми Ӏэ традзащ, псоми Локотош арэзы къащӀу— Нал къута, 259
+1 örnek
Кадоевым жиӀа хъуэхъуми хьэщӀэр араэзы къищӀат, сыту жыпӀэмэ, Ӏуащхьэ лъагитӀу зи гугъу ищӀам зыр вождышхуэм ейщи, гурыӀуэгъуэщ, адрейр Берие и цӀэкӀэ цӀыхум я гум къинэмэ, зауэм Ӏут маршалми, инералхэми къалъыса щӀыхьым нэхърэ зыкӀи нэхъ мащӀэкъым— Лъапсэ, 90
арэзы техъуэн
Зыгуэр пэжу, тэмэму къэлъытэн.
Гуэгушыхъу Мэзани и акъылкӀэ егупсысати, арэзы техъуащ адакъэм жиӀам.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
арэзы техъухьын
Игу зэгъэн, зэрыхуейм хуэдэ хъун.
Сэ къыпхуэсхьым арэзы утехъухьынщ, жыжьэкъым сыздэкӀуэнур [жреӀэ Алыджыкъуэ комендантым]. МелыӀыч, 463.
алыхьыр арэзы къыпхухъу
Еплъ: алыхь
Kitapta geçtiği hali
АРЭЗЫ: ◊ арэзы къэщӀын (49). Гузэгъэгъуэ етын, зыхуей хуэщӀэн. Арати, псоми Ӏэ традзащ, псоми Локотош арэзы къащӀу. Нал къута, 259. Кадоевым жиӀа хъуэхъуми хьэщӀэр араэзы къищӀат, сыту жыпӀэмэ, Ӏуащхьэ лъагитӀу зи гугъу ищӀам зыр вождышхуэм ейщи, гурыӀуэгъуэщ, адрейр Берие и цӀэкӀэ цӀыхум я гум къинэмэ, зауэм Ӏут маршалми, инералхэми къалъыса щӀыхьым нэхърэ зыкӀи нэхъ мащӀэкъым. Лъапсэ, 90. Арэзы техъуэн (1). Зыгуэр пэжу, тэмэму къэлъытэн. Гуэгушыхъу Мэзани и акъылкӀэ егупсысати, арэзы техъуащ адакъэм жиӀам. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. Арэзы техъухьын (1). Игу зэгъэн, зэрыхуейм хуэдэ хъун. Сэ къыпхуэсхьым арэзы утехъухьынщ, жыжьэкъым сыздэкӀуэнур [жреӀэ Алыджыкъуэ комендантым]. МелыӀыч, 463. Алыхьыр арэзы къыпхухъу (4). Еплъ Алыхь I.