адэфӀ къуэфӀ хуэщкъым

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

адэ

1. Быныр зей цӀыхухъу.

Щыгъащ си адэ сэ цеищхъуэ, хьэзыр Ӏупэхур сэ сощӀэж; А цейр си анэм и ӀэщӀагъэт Идыфырт, ищӀмэ гукъыдэж.— Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238

+2 örnek

Си адэм, сэ сощӀэр, ар и гум щӀыхьэнщ, АрщхьакӀэ и нэпси Нэм щӀэту плъагъун— ЗэныбжьэгъуитӀ! Шум и гъуэгу, 34

Лу нэхъ гъэщӀэгъуэн дыдэу къилъытэр а адэр шы пцӀэгъуэплъ фэкъу дахэм тесу къызэрыкӀуэжар арт— Хъуэпсэгъуэ нур, 308

2. Адэм ехьэлӀа, епха, ей.

Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ… Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ— Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114

+1 örnek

ДэщӀыгъуу гъусэ мис щӀалэр И адэ пщӀантӀэм къыдохьэ— Адэ, 132

Deyimler (2)

уи адэ и бынщ ар

Зыгуэрым жиӀар зэрыхуамыдэр, е фӀэщ зэрымыхъур кърагъэлъагъуэ.

– Культурнэ революцэ жиӀэу къикӀ си гугъэщ, – жиӀэу зыгуэр къэкӀияти, зыкъомым ядакъым; Уи адэ и бынщ ар, цӀыхум я щхьэм революцэ зэрит!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655

Уи адэр сыукӀа?

Щхьэ си ужь ӀейкӀэ укъихьа, щхьэ сомыгъэпсэурэ? – жыхуиӀэщ.

Щхьэ фыкъыскӀэрыхъыжьа, фи адэр сыукӀа?— Хъуэпсэгъуэ нур, 76

Atasözleri (1)

адэфӀ къуэфӀ хуэщкъым

АдэфӀым и къуэр щыщигъэкӀ куэдрэ къохъу, жыхуиӀэщ.

АдэфӀ къуэфӀ хуэщ, жиӀэу япэ дыдэ жызыӀар щӀегъуэжынт, Астемыр и быныр ицӀыхуу щытыгъамэ, сыту жыпӀэмэ Астемыр хуэдэлӀ Щхьэлмывэкъуэ дэмыс дэнэ къэна, Къэбэрдей псом ущигъэлъыхъуэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501

къуэ

Адэ-анэм я бын щӀалэ цӀыкӀу, цӀыхухъу.

Дзэшу и къуэ закъуэ Валерэ къалэм щылажьэрт, иджыблагъэ къыщыкӀуам и адэ-анэр къигъэгугъат: къурмэн хьидым деж фыкъытпэплъэ, сабий цӀыкӀухэри ди гъусэу дыкъэкӀуэжынщ, жиӀэри— КӀапсэ кӀапэ, 5

+2 örnek

Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм Зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэщ къозыгъащӀэр— Ущие. «Партыр ди пашэу», 89

ГъавэкӀэ унагъуэр

Atasözleri (3)

къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ

ЩӀалэхэр лъэпкъым и зиужьыныгъэщ.

Къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ, - щытащ ар жаӀэу пасэрейм.— Анэдэлъхубзэ. «Дамыгъэ», 97

адэфӀ къуэфӀ хуэщкъым

Еплъ: адэ

лӀыфӀ къуэфӀ хуэщкъым

Еплъ: лӀы

Kitapta geçtiği hali

АДЭ I (379). 1. (353). Быныр зей цӀыхухъу. Щыгъащ си адэ сэ цеищхъуэ, хьэзыр Ӏупэхур сэ сощӀэж; А цейр си анэм и ӀэщӀагъэт Идыфырт, ищӀмэ гукъыдэж. Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238. Си адэм, сэ сощӀэр, ар и гум щӀыхьэнщ, АрщхьакӀэ и нэпси Нэм щӀэту плъагъун? ЗэныбжьэгъуитӀ! «Шум и гъуэгу», 34. Лу нэхъ гъэщӀэгъуэн дыдэу къилъытэр а адэр шы пцӀэгъуэплъ фэкъу дахэм тесу къызэрыкӀуэжар арт. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. 2. (26). плъыф. Адэм ехьэлӀа, епха, ей. Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ… Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ. Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114. ДэщӀыгъуу гъусэ мис щӀалэр И адэ пщӀантӀэм къыдохьэ. «Адэ», 132. ◊ Уи адэ и бынщ ар! (2). Зыгуэрым жиӀар зэрыхуамыдэр, е фӀэщ зэрымыхъур кърагъэлъагъуэ. – Культурнэ революцэ жиӀэу къикӀ си гугъэщ, – жиӀэу зыгуэр къэкӀияти, зыкъомым ядакъым; Уи адэ и бынщ ар, цӀыхум я щхьэм революцэ зэрит! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. Уи адэр сыукӀа? Щхьэ си ужь ӀейкӀэ укъихьа, щхьэ сомыгъэпсэурэ? – жыхуиӀэщ. Щхьэ фыкъыскӀэрыхъыжьа, фи адэр сыукӀа? Хъуэпсэгъуэ нур, 76. ☐ АдэфӀ къуэфӀ хуэщкъым (1). АдэфӀым и къуэр щыщигъэкӀ куэдрэ къохъу, жыхуиӀэщ. АдэфӀ къуэфӀ хуэщ, жиӀэу япэ дыдэ жызыӀар щӀегъуэжынт, Астемыр и быныр ицӀыхуу щытыгъамэ, сыту жыпӀэмэ Астемыр хуэдэлӀ Щхьэлмывэкъуэ дэмыс дэнэ къэна, Къэбэрдей псом ущигъэлъыхъуэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501.

КЪУЭ I (288). Адэ-анэм я бын щӀалэ цӀыкӀу, цӀыхухъу. Дзэшу и къуэ закъуэ Валерэ къалэм щылажьэрт, иджыблагъэ къыщыкӀуам и адэ-анэр къигъэгугъат: къурмэн хьидым деж фыкъытпэплъэ, сабий цӀыкӀухэри ди гъусэу дыкъэкӀуэжынщ, жиӀэри. КӀапсэ кӀапэ, 5. Анэм ещӀэ къуэр жыӀэщӀэм Зыдынэсыр иӀэ фӀыщӀэр, Адэм ещӀэ къуэм гухэлъу И щӀалэгъуэм зыхуэпӀащӀэр, Ауэ щӀалэм лӀыгъэу хэлъыр ГугъуехьыпӀэщ къозыгъащӀэр. Ущие. «Партыр ди пашэу», 89. ГъавэкӀэ унагъуэр ☐ Къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ (1). ЩӀалэхэр лъэпкъым и зиужьыныгъэщ. Къуэр лъэпкъым дежкӀэ къупщхьэм хуэдэщ, - щытащ ар жаӀэу пасэрейм. Анэдэлъхубзэ. «Дамыгъэ», 97. АдэфӀ къуэфӀ хуэщкъым (2). Еплъ адэ I. ЛӀыфӀ къуэфӀ хуэщкъым (1). Еплъ лӀы.

Düzeltme Öner

адэфӀ къуэфӀ хуэщкъым
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.