адэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ты/адэ (сят/си адэ: babam); BABA
адэ/атӀэ; ELBETTE
атӀэ/адэ; ELBETTE
АДЭ, АДЭБЭГУ; KİST, UR
адэ/ты, тят/дядэ; PEDER
ты/адэ, тят/дядэ, ПОП; PEDER
дядэ/тят, ты/адэ; PEDER
тят/дядэ, ты/адэ; PEDER, BABA-MIZ
адэ → ты; BABA
Bu sonuç kitaptaki 9 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: ты
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Быныр зей цӀыхухъу.
руотец
Си адэм сыдэӀэпыкъуу сэ Аурсэнтх хъупӀэм сыщыӀат зы мазэкӀэ.— Гъубжокъуэ Лиуан
+2 örnek
Си адэм Буденнэм къритауэ сэшхуэ дахэ иӀэщ.— Теунэ Хьэчим
Уи адэ гъуэгужь, жыжьэщ жыпӀэу, умыбгынэ.— Псалъэжьхэр
2. Нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ.
рувежливое обращение к пожилому мужчине
Уа, ди адэ!
ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза.
рутам, туда;
КӀуэ адэ. ӀукӀ адэ.
+2 örnek
Зэ и пыӀэр Хьэбалэ адэ къуэм деутӀыпщхьэри, хьэми, кӀэпкъжьэпкъын фӀэфӀщи, иутхыпщӀурэ дзэкӀэ къехьыж.— Гъубжокъуэ Лиуан
Абы япэ къитхъыр тезыщӀыхьхэм я макъыр адэ хьэсэпэмкӀэ къыщоӀу.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Bu maddedeki ifadeler (4)
адэ къуэш
Адэм къыдалъхуа цӀыхухъу, адэм и шынэхъыжь е шынэхъыщӀэ.
рудядя по отцу
Си адэ къуэшым куэдрэ граждан зауэм зэрыхэтам и гугъу къытхуищӀыжырт.— Ӏуащхьэмахуэ
адэ хэку
Укъыщалъхуа, уи лъэпкъ щыпсэу, абы и тхыдэр зэпха щӀыпӀэ.
руотечество, родина
адэ шыпхъу
Адэм и шыпхъу, адэм къыдалъхуа цӀыхубз.
рутетя по отцу
Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ шыпхъу адэ палъэщ.— Псалъэжьхэр
адэ щӀэин
Адэм къыщӀэна щӀы, мылъку.
рувотчина, имущество умершего отца
Гулъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.)
Kitapta geçtiği hali
адэ I 1. отец / Быныр зей цӀыхухъу. * Си адэм сыдэӀэпыкъуу сэ Аурсэнтх хъупӀэм сыщыӀат зы мазэкӀэ. Гъу. Л. Си адэм Буденнэм къритауэ сэшхуэ дахэ иӀэщ. Т. Хь. Уи адэ гъуэгужь, жыжьэщ жыпӀэу, умыбгынэ. (погов.) 2. вежливое обращение к пожилому мужчине / Нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэ псалъэ. Уа, ди адэ! адэ къуэш дядя по отцу / Адэм къыдалъхуа цӀыхухъу, адэм и шынэхъыжь е шынэхъыщӀэ. * Си адэ къуэшым куэдрэ граждан зауэм зэрыхэтам и гугъу къытхуищӀыжырт. Ӏуащхь. адэ хэку отечество, родина / Укъыщалъхуа, уи лъэпкъ щыпсэу, абы и тхыдэр зэпха щӀыпӀэ. адэ шыпхъу тетя по отцу / Адэм и шыпхъу, адэм къыдалъхуа цӀыхубз. * Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ шыпхъу адэ палъэщ. (погов.) адэ щӀэин вотчина, имущество умершего отца / Адэм къыщӀэна щӀы, мылъку. Гулъэмрэ жеймрэ адэ щӀэиныфӀщ. (погов.) II нареч. там, туда; / ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза. КӀуэ адэ. ӀукӀ адэ. * Зэ и пыӀэр Хьэбалэ адэ къуэм деутӀыпщхьэри, хьэми, кӀэпкъжьэпкъын фӀэфӀщи, иутхыпщӀурэ дзэкӀэ къехьыж. Гъу. Л. Абы япэ къитхъыр тезыщӀыхьхэм я макъыр адэ хьэсэпэмкӀэ къыщоӀу. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Быныр зей цӀыхухъу.
Щыгъащ си адэ сэ цеищхъуэ, хьэзыр Ӏупэхур сэ сощӀэж; А цейр си анэм и ӀэщӀагъэт Идыфырт, ищӀмэ гукъыдэж.— Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238
+2 örnek
Си адэм, сэ сощӀэр, ар и гум щӀыхьэнщ, АрщхьакӀэ и нэпси Нэм щӀэту плъагъун— ЗэныбжьэгъуитӀ! Шум и гъуэгу, 34
Лу нэхъ гъэщӀэгъуэн дыдэу къилъытэр а адэр шы пцӀэгъуэплъ фэкъу дахэм тесу къызэрыкӀуэжар арт— Хъуэпсэгъуэ нур, 308
2. Адэм ехьэлӀа, епха, ей.
Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ… Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ— Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114
+1 örnek
ДэщӀыгъуу гъусэ мис щӀалэр И адэ пщӀантӀэм къыдохьэ— Адэ, 132
Deyimler (2)
уи адэ и бынщ ар
Зыгуэрым жиӀар зэрыхуамыдэр, е фӀэщ зэрымыхъур кърагъэлъагъуэ.
– Культурнэ революцэ жиӀэу къикӀ си гугъэщ, – жиӀэу зыгуэр къэкӀияти, зыкъомым ядакъым; Уи адэ и бынщ ар, цӀыхум я щхьэм революцэ зэрит!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655
Уи адэр сыукӀа?
Щхьэ си ужь ӀейкӀэ укъихьа, щхьэ сомыгъэпсэурэ? – жыхуиӀэщ.
Щхьэ фыкъыскӀэрыхъыжьа, фи адэр сыукӀа?— Хъуэпсэгъуэ нур, 76
Atasözleri (1)
адэфӀ къуэфӀ хуэщкъым
АдэфӀым и къуэр щыщигъэкӀ куэдрэ къохъу, жыхуиӀэщ.
АдэфӀ къуэфӀ хуэщ, жиӀэу япэ дыдэ жызыӀар щӀегъуэжынт, Астемыр и быныр ицӀыхуу щытыгъамэ, сыту жыпӀэмэ Астемыр хуэдэлӀ Щхьэлмывэкъуэ дэмыс дэнэ къэна, Къэбэрдей псом ущигъэлъыхъуэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501
1. ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза.
Адэ жыжьэу сабэр къэхъеящ, плъэмэ, машинэ цӀыкӀу къожэ «форд» жыхуаӀэм хуэдэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
+2 örnek
[ЕтӀуанэ фыз:] Сыкъэплъэгъуакъым, услъагъужакъым икӀи дызэӀыхьэгъукъым, зегъэхь адэ— Тепщэч къэзылъэтыхь, 189
Я куэбжэм пэмыжыжьэу бжей жыг зэрамыщӀэж щытт, адэ лъагэу теувапӀэ гуэри тещӀыхьыжауэ— Лъапсэ, 54
2. ЗэманкӀэ нэхъ жыжьэ, пыӀудза.
АрщхьэкӀэ Лу и щхьэм икӀыртэкъым Елдар адэ нэхъапэм Жыраслъэн къиубыдауэ зэрыщытар— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
+1 örnek
Си гум Ӏэджи къыполъадэ, Нэгум щӀокӀыр адэ япэ Бжэныр пабжьэм сфӀыхэкӀуадэу, Зы жэм закъуэ щызгъэхъуари.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 408
3. Унафэр щӀигъэбыдэу, щӀигъэхуабжьэу къагъэсэбэп.
Лыр упщӀатэ адэ, – жиӀэри Ерул къэпсэлъащ, и псалъэм щӀагъыбзэ гуэр къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 262
+2 örnek
КӀуэжи, еджэ адэ— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
КъеӀых адэ, куэд жумыӀэу— Щынэхужьыкъуэ, 12
Kitapta geçtiği hali
АДЭ I (379). 1. (353). Быныр зей цӀыхухъу. Щыгъащ си адэ сэ цеищхъуэ, хьэзыр Ӏупэхур сэ сощӀэж; А цейр си анэм и ӀэщӀагъэт Идыфырт, ищӀмэ гукъыдэж. Адыгэ цей. «Дамыгъэ», 238. Си адэм, сэ сощӀэр, ар и гум щӀыхьэнщ, АрщхьакӀэ и нэпси Нэм щӀэту плъагъун? ЗэныбжьэгъуитӀ! «Шум и гъуэгу», 34. Лу нэхъ гъэщӀэгъуэн дыдэу къилъытэр а адэр шы пцӀэгъуэплъ фэкъу дахэм тесу къызэрыкӀуэжар арт. Хъуэпсэгъуэ нур, 308. 2. (26). плъыф. Адэм ехьэлӀа, епха, ей. Бий бзаджэр ди щӀым къихьащи, Бийм и лъым адэ бжэщхьэӀур евгъалэ… Ноябрым и 4-м 1942 гъэм. «Шум и гъуэгу», 18. ЩремыӀэххэ дыщэм пащӀыни, Адэ щӀэину гугъэр нэхъ лъапӀэщ. Нэхъ лъапӀэр. «Батырыбжьэ», 114. ДэщӀыгъуу гъусэ мис щӀалэр И адэ пщӀантӀэм къыдохьэ. «Адэ», 132. ◊ Уи адэ и бынщ ар! (2). Зыгуэрым жиӀар зэрыхуамыдэр, е фӀэщ зэрымыхъур кърагъэлъагъуэ. – Культурнэ революцэ жиӀэу къикӀ си гугъэщ, – жиӀэу зыгуэр къэкӀияти, зыкъомым ядакъым; Уи адэ и бынщ ар, цӀыхум я щхьэм революцэ зэрит! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. Уи адэр сыукӀа? Щхьэ си ужь ӀейкӀэ укъихьа, щхьэ сомыгъэпсэурэ? – жыхуиӀэщ. Щхьэ фыкъыскӀэрыхъыжьа, фи адэр сыукӀа? Хъуэпсэгъуэ нур, 76. ☐ АдэфӀ къуэфӀ хуэщкъым (1). АдэфӀым и къуэр щыщигъэкӀ куэдрэ къохъу, жыхуиӀэщ. АдэфӀ къуэфӀ хуэщ, жиӀэу япэ дыдэ жызыӀар щӀегъуэжынт, Астемыр и быныр ицӀыхуу щытыгъамэ, сыту жыпӀэмэ Астемыр хуэдэлӀ Щхьэлмывэкъуэ дэмыс дэнэ къэна, Къэбэрдей псом ущигъэлъыхъуэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501.
АДЭ II (36). нареч. 1. (23). ЩӀыпӀэ нэхъ жыжьэ, нэхъ пыӀудза. Адэ жыжьэу сабэр къэхъеящ, плъэмэ, машинэ цӀыкӀу къожэ «форд» жыхуаӀэм хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559. [ЕтӀуанэ фыз:] Сыкъэплъэгъуакъым, услъагъужакъым икӀи дызэӀыхьэгъукъым, зегъэхь адэ… Тепщэч къэзылъэтыхь, 189. Я куэбжэм пэмыжыжьэу бжей жыг зэрамыщӀэж щытт, адэ лъагэу теувапӀэ гуэри тещӀыхьыжауэ. Лъапсэ, 54. 2. (3). ЗэманкӀэ нэхъ жыжьэ, пыӀудза. АрщхьэкӀэ Лу и щхьэм икӀыртэкъым Елдар адэ нэхъапэм Жыраслъэн къиубыдауэ зэрыщытар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Си гум Ӏэджи къыполъадэ, Нэгум щӀокӀыр адэ япэ Бжэныр пабжьэм сфӀыхэкӀуадэу, Зы жэм закъуэ щызгъэхъуари. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 408. 3. (10). Унафэр щӀигъэбыдэу, щӀигъэхуабжьэу къагъэсэбэп. Лыр упщӀатэ адэ, – жиӀэри Ерул къэпсэлъащ, и псалъэм щӀагъыбзэ гуэр къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 262. КӀуэжи, еджэ адэ. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. КъеӀых адэ, куэд жумыӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 12.