ӀэщӀэкӀуэдэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ӀэщӀокӀуадэ)

1. Мылъку, ахъшэ с. ху. пщӀэншэу ӀэщӀэухэн, Ӏисраф ӀэщӀэхъуыхьын.

рубез толку истратиться, израсходоваться (обычно о деньгах)

Мылъкур ӀэщӀэкӀуэдащ.

2. Зыгуэрым къиукӀын, и гъащӀэр игъэнын.

рупогибнуть от чьей-л. руки

Андемыркъан, умыкӀуэж, уэ Къэбэрдейм фӀы ягу къыпхуилъкъым, уаӀэщӀэкӀуэдэнщ, - жиӀащ хъаным.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр

Kitapta geçtiği hali

ӀэщӀэкӀуэдэн (ӀэщӀокӀуадэ) неперех. гл. 1. без толку истратиться, израсходоваться (обычно о деньгах) / Мылъку, ахъшэ с. ху. пщӀэншэу ӀэщӀэухэн, Ӏисраф ӀэщӀэхъуыхьын. Мылъкур ӀэщӀэкӀуэдащ. 2. переносное погибнуть от чьей-л. руки / Зыгуэрым къиукӀын, и гъащӀэр игъэнын. * - Андемыркъан, умыкӀуэж, уэ Къэбэрдейм фӀы ягу къыпхуилъкъым, уаӀэщӀэкӀуэдэнщ, - жиӀащ хъаным. Ад. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ӀэщӀокӀуадэ)

1. Мылъку, ахъшэ с.ху. сэбэпыншэу ӀэщӀэухэн, Ӏисраф ӀэщӀэхъухьын.

А илъэсищым и кӀуэцӀкӀэ щэ фыз къишати, къишэху уасэу итмэ, фызышэ ищӀурэ, мылъкур зы лӀым ӀэщӀэкӀуэдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 90

+1 örnek

Диныр зезымыхьэр бгъэгузавэми зыгуэрщ, атӀэ Мухьэмэд бегъымбарыр зыщыгъупщэжхэм я жып къикӀа ахъшэр старшынэм щхьэ ӀэщӀэкӀуадэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 227

2. Зыгуэрым къиукӀын, и гъащӀэр игъэнын.

Мы щӀалэ цӀыкӀу Сосрыкъуэ бгъэдэтри Аркашэщ, и адэри и анэри Серебряков ӀэщӀэкӀуэдащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561

+2 örnek

«ФыздэкӀуэж» жаӀа щхьэкӀэ, Мариами Назифи ядакъым: «Дыхуейкъым, зэдэпсэуа дыхъунукъым, дыӀэщӀэкӀуэдэнущ [Исуф]», – жаӀэри.— Лэчымэ, 397

МафӀэм нэхъ Ӏей сыт щыӀэ – пэщӀэхуэр ӀэщӀокӀуадэ, – жаӀэрт.— ГущӀэгъу, 425

Kitapta geçtiği hali

ӀЭЩӀЭКӀУЭДЭН (ӀэщӀокӀуадэ) лъэӀ. (28). 1. (2). Мылъку, ахъшэ с.ху. сэбэпыншэу ӀэщӀэухэн, Ӏисраф ӀэщӀэхъухьын. А илъэсищым и кӀуэцӀкӀэ щэ фыз къишати, къишэху уасэу итмэ, фызышэ ищӀурэ, мылъкур зы лӀым ӀэщӀэкӀуэдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 90. Диныр зезымыхьэр бгъэгузавэми зыгуэрщ, атӀэ Мухьэмэд бегъымбарыр зыщыгъупщэжхэм я жып къикӀа ахъшэр старшынэм щхьэ ӀэщӀэкӀуадэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 227. 2. (26). зэхь. Зыгуэрым къиукӀын, и гъащӀэр игъэнын. Мы щӀалэ цӀыкӀу Сосрыкъуэ бгъэдэтри Аркашэщ, и адэри и анэри Серебряков ӀэщӀэкӀуэдащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561. «ФыздэкӀуэж» жаӀа щхьэкӀэ, Мариами Назифи ядакъым: «Дыхуейкъым, зэдэпсэуа дыхъунукъым, дыӀэщӀэкӀуэдэнущ [Исуф]», – жаӀэри. Лэчымэ, 397. МафӀэм нэхъ Ӏей сыт щыӀэ – пэщӀэхуэр ӀэщӀокӀуадэ, – жаӀэрт. ГущӀэгъу, 425.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

el heba

Düzeltme Öner

ӀэщӀэкӀуэдэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.