ӀэштӀымыр гъэдэлъэн

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ӀэштӀым

Ӏэпхъуамбэ зэтекъузахэр.

Къуажэм куэд лъандэрэ полицэуи, хабзэуи, судуи яӀэр Гъуумар и ӀэштӀымыр арат, ауэ нобэ хабзэм къемызэгъ зыми ищӀэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 55

+1 örnek

Сосрыкъуэ и ӀэштӀымыжьыр зыхуэдэр зымыщӀэ щӀагъуэ школым щӀэстэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549

Deyimler (4)

ӀэштӀымкӀэ бгъэгум еуэжын

ЗыгъэпӀиин, зыкъыхэбгъэщыну иужь уитын.

Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум и нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541

ӀэштӀымыр гъэдэлъэн

Зыгуэр ирибгъэшынэну ӀэштӀымыр гъэлъэгъуэн.

ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэрыгъэдыхьэшхыу, афицарым зифыщӀыжу хъущӀэу, зэ зым бгъэдэлъадэрэ ехъуэну, и ӀэштӀымыр игъэдалъэу, сэлэтхэр къэгубжьауэ я нэм щӀы имылъагъужу, къагурыӀуэми къагурымыӀуэу зыкъыфӀагъэщӀыу къаущыхьырт, уэсыр зэхаутэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 301

ӀэштӀымыр хуэгъэдэлъэн

Зыгуэр бгъэшынэну хэтын.

Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэщ, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж…— Бдзэжьеящэм ипхъу, 151

ӀэштӀым щӀын

Хэт кӀапсэм йопхъуэ, хэти ӀэштӀым ещӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 99

Еплъ: ӀэштӀымыр гъэдэлъэн

Atasözleri (1)

гушыӀэкӀэ зымыщӀэр ӀэштӀымкӀэ мауэ

Еплъ: гушыӀэкӀэ

Kitapta geçtiği hali

ӀЭШТӀЫМ (12). Ӏэпхъуамбэ зэтекъузахэр. Къуажэм куэд лъандэрэ полицэуи, хабзэуи, судуи яӀэр Гъуумар и ӀэштӀымыр арат, ауэ нобэ хабзэм къемызэгъ зыми ищӀэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 55. Сосрыкъуэ и ӀэштӀымыжьыр зыхуэдэр зымыщӀэ щӀагъуэ школым щӀэстэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549. ◊ ӀэштӀымкӀэ бгъэгум еуэжын (1). ЗыгъэпӀиин, зыкъыхэбгъэщыну иужь уитын. Дотий дэнэкӀэ къыщыпсалъэми и бгъэгум ӀэштӀымкӀэ еуэжырт: сэ схуэдэу цӀыхум фӀы къехъулӀэмэ зыфӀэфӀ щымыӀэ, сэри сызэщэр хэкум и нэр згъэплъэну, я дунейр нэху сщӀыну аращ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. ӀэштӀымыр гъэдэлъэн (1). Зыгуэр ирибгъэшынэну ӀэштӀымыр гъэлъэгъуэн. ЩӀалэ цӀыкӀухэр зэрыгъэдыхьэшхыу, афицарым зифыщӀыжу хъущӀэу, зэ зым бгъэдэлъадэрэ ехъуэну, и ӀэштӀымыр игъэдалъэу, сэлэтхэр къэгубжьауэ я нэм щӀы имылъагъужу, къагурыӀуэми къагурымыӀуэу зыкъыфӀагъэщӀыу къаущыхьырт, уэсыр зэхаутэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 301. ӀэштӀымыр хуэгъэдэлъэн (1). Зыгуэр бгъэшынэну хэтын. Бийм ӀэштӀымыр хуэдгъэдалъэщ, БампӀэр тӀысу дэ долӀэж… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 151. ӀэштӀым щӀын (1). Еплъ ӀэштӀымыр гъэдэлъэн. Хэт кӀапсэм йопхъуэ, хэти ӀэштӀым ещӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 99. ☐ ГушыӀэкӀэ зымыщӀэр ӀэштӀымкӀэ мауэ (2). Еплъ гушыӀэкӀэ.

Düzeltme Öner

ӀэштӀымыр гъэдэлъэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.