Ӏэр кӀэщӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏэ

1. ЦӀыхум и дамэм щегъэжьауэ ӀэпхъуамбэхэмкӀэ иух Ӏэпкълъэпкъ.

А дакъикъэ дыдэм Лу махъсымэ шынакъышхуэр зы ӀэкӀэ иӀыгъыу, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ мэлыл гъэва ӀыхьэфӀ зэрылъ тепщэчыр иӀыгъыу жыг хадэмкӀэ кӀуэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596

+2 örnek

Тенджызи къурши къызэпачри, Ныбжьэгъу, фи лӀыкӀуэр къысхуэкӀуащ, Зытхам и ӀитӀым хэлъ хуабагъэр МыкӀуэду къихьри къызатащ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 178

Зи Ӏэ къутауэ шхэпсым хэлъым и Ӏэ къутар сабий цӀыкӀу ихь хуэдэу и ӀэплӀэм илъу макӀуэ.— Нал къута, 211

2. Тхыгъэр езым зэриӀэдакъэщӀэкӀыр, е тхыгъэм, документ сыт хуэдэхэм ярытымкӀэ зэрыарэзым и щыхьэту щӀатхэж (тратхэ) я цӀэ-унэцӀэ. [

Бахъуэм жиӀэу:] Сталиным и Ӏэкъэ мыр?— Нал къута, 258

Deyimler (35)

Ӏэр гъэдэлъэн

Зэрыгубжьар, зыгуэркӀэ зэрымыарэзыр къэбгъэлъагъуэу Ӏэр гъэсысын.

ЛӀыжьым и Ӏэр егъэдалъэ: – Пан Ӏуэхузехьэр къысхуэкӀуат, Дэ димыӀэр къыспеубыд, Схуэмыфащи къызжиӀат, Иджы си гур зэгуоуд. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150

+1 örnek

АрщхьэкӀэ Матренэ абыкӀэ пхуэгъэбэяунт, шхыдэныр аргуэру къеублэ, и ныбэшхуэр къригъэувыкӀауэ, фыз пшэр иныр зэщӀосысэ, и Ӏэр игъэдалъэу щыпсалъэкӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556

Ӏэ дэлъэн

ЕдэхэщӀэн, ӀэкӀэ щабэу зыгуэрым телъэщӀыхьын.

– А тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ, уи фэр пыкӀаи… – жиӀэри Думэсарэ сымаджэм бгъэдыхьауэ Ӏэ дилъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 74

+2 örnek

Иужь лӀэщӀыгъуэм ар идакъым – И пащӀэ фӀыцӀэм Ӏэ дилъауэ Игу илъыр щэхуу къиӀуэтащ: Насып жыхуаӀэр уэ зэгъащӀэ – Насып щӀэкъуныр – арщ насыпыр.— Насып. «Шум и гъуэгу», 85

Сэ сщӀэркъым пӀащӀэу шынелыр Лэгъунэ щӀыхьэу зыщихыу, НысащӀэ гуапэм и нэкӀум Псалъэншэу Ӏэ дэзылъэнур.— Сэ сщӀэркъым зауэм никӀыжу… Шум и гъуэгу, 63

Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэн

ЗыгъэпсэхупӀэ имыӀэн, зэпымыууэ Ӏуэху пэрытын, хэтын. – 30.

Япэм Ӏэ дэхьеигъуэ яӀэтэкъым: «Чопракъдэсхэр оборонэ линэ щащӀым фынакӀуэ», «танк къызэрытщэхун ахъшэ зэхуэфхьэс», «пионер цыщым фынакӀуэ», «хъыджэбзхэм трактористу зывгъасэ» жаӀэми, зы Ӏуэхур ямыухыу нэгъуэщӀ Ӏуэхум и ужь ихьэрт.— Нал къута, 275

+1 örnek

«Си убых къэбышх жиӀэмэ», и лӀыр арат зи гугъу ищӀыр [Дэфэрэдж], къэбышхкӀэ абы уеджэнри тэмэмтэкъым, мычэму пщыр зекӀуэ кӀуэху ар и мыгъусэну Ӏэмал иӀэтэкъым, къыщыдэхуэм вэрт, пщӀэрт, мэкъу пыупщӀт, мэш къихырт, гуэдзыр Ӏуихыжырт – Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу Ӏуэхум и ужь итт.— Лъапсэ, 29

Ӏэ дэхьеигъуэ имыхуэн

[Бахъуэм жеӀэ:] Ӏэ дэхьеигъуэ димыхуэу жэщ хъухукӀэ идохьэкӀ.— Нал къута, 253

Еплъ: Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэн

Ӏэ емыӀусэн

Емылэжьын, и гугъу земыхуэн, ӀэщӀыб щӀын.

Топышэ унэм техуати, Я унэ къуапэр гуихауэ, Иджыри къэскӀэ зым и Ӏэ ЕмыӀусауэ къэнат.— Адэ, 132

[я] Ӏэр зэрыубыдыжын

Сэлам зэрахыжын.

Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226

+2 örnek

Бекъанрэ ТӀалибрэ я Ӏэр зэрыубыдыжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 15

Плъэмэ [Ботэх]– гуп зэхэсам Нартыхур яхэсыжтэкъым, адрейхэри къотэджыж зэбгрыкӀыжыну, я Ӏэри зэроубыдыж.— Лъапсэ, 77

[я] Ӏэр зэрыубыдын

Сэлам зэрахын.

Псори къэтэджыжри я Ӏэр зэрыубыдащ, зэщыгуфӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225

Ӏэр кӀэщӀын

ХузэфӀэмыкӀын, лъэмыкӀын, хунэмысын.

Пшэ хужь дахэу нэм уелъагъур, СынэӀэбэм – си Ӏэр кӀэщӀщ.— Дыгъэр мазэм и гъусамэ. «Вагъуэ махуэ», 369

[и] Ӏэ къэмысын

Зулкъэрней сымэ я Ӏэ ди дей къэмысынкӀи мэхъу.— Щынэхужьыкъуэ, 14

Еплъ: Ӏэр кӀэщӀын

[и] Ӏэ къэткъым, [и] лъэ к ъэ т к ъы м

Ӏэпс ол ъэпсощ, ныкъуэдыкъуэкъым, узыншэщ.

[Алыджыкъуэ:] Си Ӏэ къэткъым, си лъэ къэткъым, тхьэм и шыкуркӀэ си щхьэ закъуэр зрикъун си ӀитӀым къалэжьыжын хуейщ.— МелыӀыч, 406

+1 örnek

[Хьэшым Исуф къыжреӀэ:] Дэри ди Ӏэ къэткъым, ди лъэ къэткъым, ди щхьэ тпӀыжыфынщ.— Лэчымэ, 389

Ӏэр къэубыдыжын

ЯжесӀар зэрыпэжыр къагурыӀуати, Ӏэджэми си Ӏэ къаубыдыжащ.— Нал къута, 225

+1 örnek

Ар [узыр] уэфыкӀыу къуажэ сыздэкӀуэжым укъащӀэмэ, цӀыхум уи Ӏэ къиубыдыжынкъым.— МелыӀыч, 443

Еплъ: [и] Ӏэр убыдыжын

[и] Ӏэр къэубыдын

1. Еплъ: [и] Ӏэр убыдын 1

Елдар нэжэгужэу Астемыр и Ӏэр къиубыдащ: – Бжьэцу фызэрызехьэ хуэдэщ, Астемыр?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660

+1 örnek

Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри, хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ къеплъырыкъым, «дауэ ущыт?» жаӀэу зыри къыщӀэупщӀэркъым, дунейм тетми темытми, зыуи кърадзэркъым, и Ӏэ къудей къэзубыд щыӀэкъым [Дахэуэус].— ГущӀэгъу, 420

2. Еплъ: [и] Ӏэр убыдын 2

Ин ухъумэ, лӀыгъэ зехьэ, фӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ.— Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39

+1 örnek

Астемыр, Степан Ильич, Елдар гъуэрыгъуэурэ псалъэрт, жылэ къызэхуэсари а щым къабгъэдыхьэурэ я Ӏэр къаубыдырт, лӀыжьхэр хъуахъуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 246

Ӏэ къыдэлъэн

Пшэм и жьауэр щӀым толъащӀэ, Ӏэ къыдилъэу къыпфӀэщӀынщ.— Жьауэ зыщӀ. «Мывэ хуабэ», 268

+1 örnek

Мэтхъэным Лу Ӏэ къыдилъащ, игу къыщӀэгъуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513

Еплъ: Ӏэ дэлъэн

Ӏэ къыхуэщӀын

Хэт абыхэм къахуэзами, Къеплъмэ, гуфӀэу Ӏэ къыхуащӀыр, ЗэрыцӀыхухэм гу лъатами, Я мурадым фӀыщӀэ хуащӀыр.— Тисей, 477

Еплъ: Ӏэ хуэщӀын

Ӏэр къузын

Сэлам быдэу ехын.

КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр.— Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71

+1 örnek

Уэрэд зэрыптхыу уэ уи Ӏэр Скъузыныр быдэу сэ сфӀэфӀщ; Сэ лъагъуныгъэ пхузиӀэщ, Уи псалъэр – усэр сфӀэӀэфӀщ.— Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 119

Ӏэ нэмысын

Зыгуэр блэжьыну, пщӀэну хущӀыхьэгъуэ уимыхуэн, зэман умыгъуэтын.

[Бахъуэм:] Ди Ӏэ здынэмыса щыӀэщ.— Нал къута, 302

+1 örnek

Япэм и Ӏэ нэмысу щытамэ, иджы фыз Ӏэзэу и цӀэ мэӀу, гъэмахуэу удзыр щыгъагъэм деж губгъуэм кӀуэурэ удз хущхъуэ зэхуехьэс, пкӀэунэм уихьэрэ уиплъэмэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ удз Ӏэрамэхэр фӀэдзауэ щегъэгъу, удз лъабжьэ, пхъафэ зэмылӀэужьыгъуэ – зи фӀэмылъ щыӀэкъым.— Лъапсэ, 19

Ӏэр псывэ хэӀун

Ӏуэху шынагъуэ, гугъуехь хыхьэн.

Елдар и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуауэ къедаӀуэу гу щылъитэм, Думэсарэ нэхъри къызэрыкӀащ: – Си Ӏэр псывэм хэсӀунтэкъым, Астемыр, псы къэкъуалъэм лажьэ зимыӀэ хэвыхьу сымылъэгъуатэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

[и] Ӏэр пытщ, [и] лъэр пытщ

Ныкъуэдыкъуагъ иӀэкъым, узыншэщ.

УнэӀут цӀыхубзу Ӏуувэми, и Ӏэр пытщ, и лъэр пытщ, ягъашхэ закъуэмэ, зыхуей яхуищӀэфынущ.— Лъапсэ, 56

Ӏэ пцӀанэ лъэ пцӀанэ

Щыгъыныджэу, ӀэпцӀэлъапцӀэу, бэлэбанэу. -511.

[Чачэ Нахъуэ жреӀэ:] Си унэри гъуанэу, сыӀэ пцӀанэ лъэ пцӀанэу уэрамым сыдэтрэт, сомитӀ сиӀатэмэ!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 510

Ӏэ телъын

Ӏэ щӀэдзауэ (тедзауэ) щытын. -406.

Директорым игъэзэжщ, стӀол къыдэгъэжыр къыдигъэжри, абы гъуабжэ хъуауэ тхылъ къыдипхъуэтар Астемыр занщӀэу къищӀащ: ар Лениныр и Ӏэр зытелъ тхылът, сэлэтхэм къахуитхыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 185

+2 örnek

Локотош приказыр Шэндар ирегъэлъагъу, Сталиным и Ӏэ зытелъым ӀэпэкӀэ теӀэбэу.— Нал къута, 258

Дэри машинэкӀэ дыщежалӀэм, хъумакӀуэхэр къытпэуващ, дыщӀагъэхьэн ямыдэу, арщхьэкӀэ сэ тхылъ сӀыгът дзэпщым и Ӏэ телъу, сащӀэкӀиещ, сепщэдыкъауэри унэм сыщӀэуащ, си гъусэхэр зэрызигъусэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405

Ӏэр теӀэбэн

Зыхуей гуэр къехъулӀэн, зыӀэригъэхьэн.

ЩӀалэр зыщӀэкъум и Ӏэр тоӀэбэ: – Ди драмкружокыр нобэ зэхуосри, Мадинэ, клубым къэсыт ныщхьэбэ, – жиӀэу а щӀалэм радиом къетыр.— Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 98

Ӏэр убыдыжын

Сэлам ехыжын.

Степан Ильич нэху къызэрекӀыу, и ныбжьэгъу Астемыр и Ӏэр иубыдыжри, ПсыхубэкӀэ игъэзэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 217

+1 örnek

Абы фӀэкӀ хэмылъу Ахъсар тхылъымпӀэ тӀэкӀу иуцӀырхъри, ар зэстынур къызжиӀэри бысымым и Ӏэр сыубыдыжащ, кӀыфӀ мыхъуу сыздэкӀуэм сынэсмэ, нэхъ сфӀэигъуэу.— МелыӀыч, 449

[и] Ӏэр убыдын

1. Сэлам ехын.

Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ.— Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100

+2 örnek

[Инал:] ТӀутӀэ, мы ди гъусэ щӀалэм и Ӏэр бубыдыркъэ – Ботэщ Астемыр и къуэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537

– ФӀэхъус апщий, си къуэш. Дауэ ущыт, тхьэм жиӀэмэ? – жызоӀэри и Ӏэр соубыд [комендантым], сэлам гуапэ есхыу.— МелыӀыч, 463

2. И гуфӀэгъуэ, и гуауэ с.ху. дэпӀыгъыу, фӀыщӀэ хуэпщӀу сэлам етын.

Бгъэжьым хуэдэу ди бынхэм уащхьэщытыну дыпщогугъ, – жиӀэри лӀыжьыр инэралым дежкӀэ екӀуэкӀри и Ӏэр иубыдащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126

+2 örnek

Верэ Павловнэ, Саримэ сымэ зэгъусэу сценэмкӀэ дэкӀуеящ, Тинэ къагъуэту ӀэплӀэ хуащӀыну, адрей джэгуа псоми я Ӏэр яубыдыну, ехъуэхъуну, псалъэ дахэ жраӀэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670

Гуауэм гъыбзэр зэхелъхьэжыр, Гуауэм и бзэр пхуэмубыд, Гуауэм щабэущ зэрепсалъэр – Хуэму и Ӏэр яубыд.— УсиплӀ. «Вагъуэ махуэ», 371

Ӏэр худэлъэн

И пхъур гъыуэ бгъэдолъадэ, ЛӀыжьым и щхьэм Ӏэ худелъэ: – Си адэ, жыӀэт къыпщыщӀахэр, си адэ!— Бдзэжьеящэм ипхъу, 150

Еплъ: Ӏэ дэлъэн

Ӏэ хуэщӀын

Зыгуэрым зыгуэркӀэ зыкъебгъащӀэу, зыгуэр хуэпӀуэхуу уи Ӏэр зыгуэру щӀын.

Албиян зэхихщ ари къеплъэкӀащ, къыпыгуфӀыкӀыу, къицӀыхужщ къеджари, псоми Ӏэ къахуищӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 38

+1 örnek

Нэмыцэ фащэкӀэ хуэпа офицерым зрилъэфыхьу щымытын щхьэкӀэ, Локотош и мотоциклым бгъурыщӀа люлькэм Ӏэ хуищӀри: – ПсынщӀэу.— Нал къута, 232

Ӏэр щӀын

Зыгуэрым зыгуэр хуэпӀуэхуу уи Ӏэр зыгуэру гъэхъеин.

Щэрданым и Ӏэр аргуэру ищӀри, шу гъусэ къомыр къежьэри ебгъэрыкӀуэу лӀыжь гупыр ирагъэкӀуэту хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 295

+2 örnek

«КъитӀысхьэ» жиӀэу Инал Ӏэ ищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526

Красноармеецхэр вагонхэм къикӀиикӀыу, Ӏэ ящӀу, къоплъэ.— Щынэхужьыкъуэ, 43

Ӏэр Ӏуэтын

ЗыгуэркӀэ узэрыарэзыр, зыгуэр щхьэкӀэ узэрыгуфӀэр къигъэлъагъуэу уи ӀитӀыр зэщыхъун.

– Уэлэхьи, хъарзынэу къэбгупсысам, Дисэ, – жиӀэрт Рахьим, и Ӏэр иӀуэту.— Хъуэпсэгъуэ нур, 142

+1 örnek

Мет тепкъузэм нэху къыщӀонэ, А ди клубу дыздыӀутым Доплъыр дэри ар дгъэщӀагъуэу, Щытщ Аслъэни Ӏэр иӀуэту.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32

[и] ӀэкӀэ

Езым и щхьэкӀэ, и къарукӀэ, нэгъуэщӀ хэмыту, къыхэмыхьэу.

Фронтым сыщыӀэу си ӀэкӀэ изгъэсыкӀащ и командирым емыдэӀуа дезертир.— Нал къута, 307

+2 örnek

ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ [ЛӀыгъур], езым и ӀэкӀэ ищӀурэ.— Лъапсэ, 111

Нысэм гузавэ хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, и гуащэр къэмыхъужмэ, нэхъ къызэрищтэр белджылыт, арщхьэкӀэ езым и ӀэкӀэ унэм мафӀэ иридзауэ зыми и жьэ къекӀуэртэкъым.— ГущӀэгъу, 424

ӀэкӀэ зехьэн

ПӀэхэнэ хъуа, земыкӀуэжыф сымаджэм кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн.

Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу.— Къалэн, 430

[уи] ӀэкӀэ лъапсэр пычыжын

Уи унагъуэр хэгъэкӀуэдэжын, лӀэужьыншэ хъун.

[Марием:] Дэ мылъкуи диӀэкъым, дызыщыщ лъэпкъым дакъыхэкӀащи, ди лъапсэр ди ӀэкӀэ пытчыжащ.— Лэчымэ, 395

[уи] ӀэкӀэ [уи] напэр техыжын

Езым уи зэраныжкӀэ емыкӀу къэхьын.

– Ди напэр ди ӀэкӀэ тетхыжащ, – жиӀэри щӀигъуащ Астемыр, и щӀакӀуэр зыщихыурэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 261

[уи] ӀэкӀэ псэр хэхыжын

ЗыукӀыжын.

Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287

[уи] ӀэкӀэ и псэр хэхын

Зыгуэр укӀын, зыгуэрым и псэр гъэнын.

И псэр си ӀэкӀэ хэсхынщ [Саримэ], – жиӀэрт Дисэ, мафӀэм хуэдэу къызэщӀэнауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137

+1 örnek

[Марием Назифэ жреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым!— Лэчымэ, 394

ӀэкӀэ теӀэбэн

КъохъулӀэн, къыпщыщӀын (узыхуея, уи гум къэкӀа, къыбжаӀа гуэр). «

АтӀэ, фи ӀэкӀэ фытеӀэбэнщ сэ жысӀэм, бэлшэвычхэм фащыгугъыурэ кӀэдетыр къэмысмэ, сыахьмакъщ», – жиӀэу уэрамым дэтт Долэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 244

+2 örnek

[Думэсарэ:] Къаплъи-къэдаӀуэ, Астемыр, Хъуашэ и Ӏэтэу, уэри укъыдэхуауэ ӀэкӀэ утемыӀэбэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641

АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мыхъутарыр зытегузэвыхьым ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури.— Кхъэлэгъунэ, 377

ӀитӀыр зэтедзауэ щысын

Зыри мылэжьын, Ӏуэхуншэу зэманыр гъэкӀуэн.

[Думэсарэ:] Алыхь, Инал и ӀитӀыр зэтедзауэ щымыс.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

Kitapta geçtiği hali

ӀЭ (297). 1. (114). ЦӀыхум и дамэм щегъэжьауэ ӀэпхъуамбэхэмкӀэ иух Ӏэпкълъэпкъ. А дакъикъэ дыдэм Лу махъсымэ шынакъышхуэр зы ӀэкӀэ иӀыгъыу, адрей Ӏэ лъэныкъуэмкӀэ мэлыл гъэва ӀыхьэфӀ зэрылъ тепщэчыр иӀыгъыу жыг хадэмкӀэ кӀуэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596. Тенджызи къурши къызэпачри, Ныбжьэгъу, фи лӀыкӀуэр къысхуэкӀуащ, Зытхам и ӀитӀым хэлъ хуабагъэр МыкӀуэду къихьри къызатащ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 178. Зи Ӏэ къутауэ шхэпсым хэлъым и Ӏэ къутар сабий цӀыкӀу ихь хуэдэу и ӀэплӀэм илъу макӀуэ. Нал къута, 211. 2. (1). Тхыгъэр езым зэриӀэдакъэщӀэкӀыр, е тхыгъэм, документ сыт хуэдэхэм ярытымкӀэ зэрыарэзым и щыхьэту щӀатхэж (тратхэ) я цӀэ-унэцӀэ. [Бахъуэм жиӀэу:] Сталиным и Ӏэкъэ мыр? Нал къута, 258. ◊ Ӏэр гъэдэлъэн (3). Зэрыгубжьар, зыгуэркӀэ зэрымыарэзыр къэбгъэлъагъуэу Ӏэр гъэсысын. ЛӀыжьым и Ӏэр егъэдалъэ: – Пан Ӏуэхузехьэр къысхуэкӀуат, Дэ димыӀэр къыспеубыд, Схуэмыфащи къызжиӀат, Иджы си гур зэгуоуд. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. АрщхьэкӀэ Матренэ абыкӀэ пхуэгъэбэяунт, шхыдэныр аргуэру къеублэ, и ныбэшхуэр къригъэувыкӀауэ, фыз пшэр иныр зэщӀосысэ, и Ӏэр игъэдалъэу щыпсалъэкӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Ӏэ дэлъэн (15). ЕдэхэщӀэн, ӀэкӀэ щабэу зыгуэрым телъэщӀыхьын. – А тхьэмыщкӀэжь мыгъуэ, уи фэр пыкӀаи… – жиӀэри Думэсарэ сымаджэм бгъэдыхьауэ Ӏэ дилъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 74. Иужь лӀэщӀыгъуэм ар идакъым – И пащӀэ фӀыцӀэм Ӏэ дилъауэ Игу илъыр щэхуу къиӀуэтащ: Насып жыхуаӀэр уэ зэгъащӀэ – Насып щӀэкъуныр – арщ насыпыр. Насып. «Шум и гъуэгу», 85. Сэ сщӀэркъым пӀащӀэу шынелыр Лэгъунэ щӀыхьэу зыщихыу, НысащӀэ гуапэм и нэкӀум Псалъэншэу Ӏэ дэзылъэнур. Сэ сщӀэркъым зауэм никӀыжу… «Шум и гъуэгу», 63. Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэн (4). ЗыгъэпсэхупӀэ имыӀэн, зэпымыууэ Ӏуэху пэрытын, хэтын. Япэм Ӏэ дэхьеигъуэ яӀэтэкъым: «Чопракъдэсхэр оборонэ линэ щащӀым фынакӀуэ», «танк къызэрытщэхун ахъшэ зэхуэфхьэс», «пионер цыщым фынакӀуэ», «хъыджэбзхэм трактористу зывгъасэ» жаӀэми, зы Ӏуэхур ямыухыу нэгъуэщӀ Ӏуэхум и ужь ихьэрт. Нал къута, 275. «Си убых къэбышх жиӀэмэ», и лӀыр арат зи гугъу ищӀыр [Дэфэрэдж], къэбышхкӀэ абы уеджэнри тэмэмтэкъым, мычэму пщыр зекӀуэ кӀуэху ар и мыгъусэну Ӏэмал иӀэтэкъым, къыщыдэхуэм вэрт, пщӀэрт, мэкъу пыупщӀт, мэш къихырт, гуэдзыр Ӏуихыжырт – Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу Ӏуэхум и ужь итт. Лъапсэ, 29 – 30. Ӏэ дэхьеигъуэ имыхуэн (1). Еплъ Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэн. [Бахъуэм жеӀэ:] Ӏэ дэхьеигъуэ димыхуэу жэщ хъухукӀэ идохьэкӀ. Нал къута, 253. Ӏэ емыӀусэн (1). Емылэжьын, и гугъу земыхуэн, ӀэщӀыб щӀын. Топышэ унэм техуати, Я унэ къуапэр гуихауэ, Иджыри къэскӀэ зым и Ӏэ ЕмыӀусауэ къэнат. «Адэ», 132. [Я] Ӏэр зэрыубыдыжын (3). Сэлам зэрахыжын. Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. Бекъанрэ ТӀалибрэ я Ӏэр зэрыубыдыжащ. Щынэхужьыкъуэ, 15. Плъэмэ [Ботэх]– гуп зэхэсам Нартыхур яхэсыжтэкъым, адрейхэри къотэджыж зэбгрыкӀыжыну, я Ӏэри зэроубыдыж. Лъапсэ, 77. [Я] Ӏэр зэрыубыдын (2). Сэлам зэрахын. Псори къэтэджыжри я Ӏэр зэрыубыдащ, зэщыгуфӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. Ӏэр кӀэщӀын (1). ХузэфӀэмыкӀын, лъэмыкӀын, хунэмысын. Пшэ хужь дахэу нэм уелъагъур, СынэӀэбэм – си Ӏэр кӀэщӀщ. Дыгъэр мазэм и гъусамэ. «Вагъуэ махуэ», 369. [И] Ӏэ къэмысын (1). Еплъ Ӏэр кӀэщӀын. Зулкъэрней сымэ я Ӏэ ди дей къэмысынкӀи мэхъу. Щынэхужьыкъуэ, 14. [И] Ӏэ къэткъым, [и] лъэ к ъэ т к ъы м ( 3) .Ӏэпс ол ъэпсощ, ныкъуэдыкъуэкъым, узыншэщ. [Алыджыкъуэ:] Си Ӏэ къэткъым, си лъэ къэткъым, тхьэм и шыкуркӀэ си щхьэ закъуэр зрикъун си ӀитӀым къалэжьыжын хуейщ. МелыӀыч, 406. [Хьэшым Исуф къыжреӀэ:] Дэри ди Ӏэ къэткъым, ди лъэ къэткъым, ди щхьэ тпӀыжыфынщ. Лэчымэ, 389. Ӏэр къэубыдыжын (3). Еплъ [и] Ӏэр убыдыжын. ЯжесӀар зэрыпэжыр къагурыӀуати, Ӏэджэми си Ӏэ къаубыдыжащ. Нал къута, 225. Ар [узыр] уэфыкӀыу къуажэ сыздэкӀуэжым укъащӀэмэ, цӀыхум уи Ӏэ къиубыдыжынкъым. МелыӀыч, 443. [И] Ӏэр къэубыдын (12). 1. (5). Еплъ [и] Ӏэр убыдын 1. Елдар нэжэгужэу Астемыр и Ӏэр къиубыдащ: – Бжьэцу фызэрызехьэ хуэдэщ, Астемыр? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри, хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ къеплъырыкъым, «дауэ ущыт?» жаӀэу зыри къыщӀэупщӀэркъым, дунейм тетми темытми, зыуи кърадзэркъым, и Ӏэ къудей къэзубыд щыӀэкъым [Дахэуэус]. ГущӀэгъу, 420. 2. Еплъ [и] Ӏэр убыдын 2. Ин ухъумэ, лӀыгъэ зехьэ, фӀыкӀэ уи Ӏэр къаубыдынщ, Уи нэ цӀыкӀухэри зэтелъхьэ, Уэ уи гъащӀэр икъукӀэ инщ. Жей, си щӀалэ. «Бгы лъапэхэм деж», 39. Астемыр, Степан Ильич, Елдар гъуэрыгъуэурэ псалъэрт, жылэ къызэхуэсари а щым къабгъэдыхьэурэ я Ӏэр къаубыдырт, лӀыжьхэр хъуахъуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 246 – 247. Ӏэ къыдэлъэн (4). Еплъ Ӏэ дэлъэн. Пшэм и жьауэр щӀым толъащӀэ, Ӏэ къыдилъэу къыпфӀэщӀынщ. Жьауэ зыщӀ. «Мывэ хуабэ», 268. Мэтхъэным Лу Ӏэ къыдилъащ, игу къыщӀэгъуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513. Ӏэ къыхуэщӀын (2). Еплъ Ӏэ хуэщӀын. Хэт абыхэм къахуэзами, Къеплъмэ, гуфӀэу Ӏэ къыхуащӀыр, ЗэрыцӀыхухэм гу лъатами, Я мурадым фӀыщӀэ хуащӀыр. «Тисей», 477. Ӏэр къузын (2). Сэлам быдэу ехын. КъызжепӀэ псалъэр сэркӀэ ткӀыбжьми, СыпщогуфӀыкӀыр, скъузмэ уи Ӏэр, Сэ сигу пхуэмыфӀу сыпхуэгубжьми, Сыт щыгъуи дахэщ сэ пхузиӀэр. Уи псалъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 71. Уэрэд зэрыптхыу уэ уи Ӏэр Скъузыныр быдэу сэ сфӀэфӀщ; Сэ лъагъуныгъэ пхузиӀэщ, Уи псалъэр – усэр сфӀэӀэфӀщ. Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 119. Ӏэ нэмысын (2). Зыгуэр блэжьыну, пщӀэну хущӀыхьэгъуэ уимыхуэн, зэман умыгъуэтын. [Бахъуэм:] Ди Ӏэ здынэмыса щыӀэщ. Нал къута, 302. Япэм и Ӏэ нэмысу щытамэ, иджы фыз Ӏэзэу и цӀэ мэӀу, гъэмахуэу удзыр щыгъагъэм деж губгъуэм кӀуэурэ удз хущхъуэ зэхуехьэс, пкӀэунэм уихьэрэ уиплъэмэ, адэкӀэ-мыдэкӀэ удз Ӏэрамэхэр фӀэдзауэ щегъэгъу, удз лъабжьэ, пхъафэ зэмылӀэужьыгъуэ – зи фӀэмылъ щыӀэкъым. Лъапсэ, 19. Ӏэр псывэ хэӀун (2). Ӏуэху шынагъуэ, гугъуехь хыхьэн. Елдар и тхьэкӀумитӀыр тригъэхуауэ къедаӀуэу гу щылъитэм, Думэсарэ нэхъри къызэрыкӀащ: – Си Ӏэр псывэм хэсӀунтэкъым, Астемыр, псы къэкъуалъэм лажьэ зимыӀэ хэвыхьу сымылъэгъуатэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. [И] Ӏэр пытщ, [и] лъэр пытщ (1). Ныкъуэдыкъуагъ иӀэкъым, узыншэщ. УнэӀут цӀыхубзу Ӏуувэми, и Ӏэр пытщ, и лъэр пытщ, ягъашхэ закъуэмэ, зыхуей яхуищӀэфынущ. Лъапсэ, 56. Ӏэ пцӀанэ лъэ пцӀанэ (1). Щыгъыныджэу, ӀэпцӀэлъапцӀэу, бэлэбанэу. [Чачэ Нахъуэ жреӀэ:] Си унэри гъуанэу, сыӀэ пцӀанэ лъэ пцӀанэу уэрамым сыдэтрэт, сомитӀ сиӀатэмэ! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 510-511. Ӏэ телъын (8). Ӏэ щӀэдзауэ (тедзауэ) щытын. Директорым игъэзэжщ, стӀол къыдэгъэжыр къыдигъэжри, абы гъуабжэ хъуауэ тхылъ къыдипхъуэтар Астемыр занщӀэу къищӀащ: ар Лениныр и Ӏэр зытелъ тхылът, сэлэтхэм къахуитхыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 185. Локотош приказыр Шэндар ирегъэлъагъу, Сталиным и Ӏэ зытелъым ӀэпэкӀэ теӀэбэу. Нал къута, 258. Дэри машинэкӀэ дыщежалӀэм, хъумакӀуэхэр къытпэуващ, дыщӀагъэхьэн ямыдэу, арщхьэкӀэ сэ тхылъ сӀыгът дзэпщым и Ӏэ телъу, сащӀэкӀиещ, сепщэдыкъауэри унэм сыщӀэуащ, си гъусэхэр зэрызигъусэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405-406. Ӏэр теӀэбэн (1). Зыхуей гуэр къехъулӀэн, зыӀэригъэхьэн. ЩӀалэр зыщӀэкъум и Ӏэр тоӀэбэ: – Ди драмкружокыр нобэ зэхуосри, Мадинэ, клубым къэсыт ныщхьэбэ, – жиӀэу а щӀалэм радиом къетыр. Хьэрун и лъагъуныгъэр. «Партыр ди пашэу», 98. Ӏэр убыдыжын (2). Сэлам ехыжын. Степан Ильич нэху къызэрекӀыу, и ныбжьэгъу Астемыр и Ӏэр иубыдыжри, ПсыхубэкӀэ игъэзэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 217. Абы фӀэкӀ хэмылъу Ахъсар тхылъымпӀэ тӀэкӀу иуцӀырхъри, ар зэстынур къызжиӀэри бысымым и Ӏэр сыубыдыжащ, кӀыфӀ мыхъуу сыздэкӀуэм сынэсмэ, нэхъ сфӀэигъуэу. МелыӀыч, 449. [И] Ӏэр убыдын (18). 1. (7). Сэлам ехын. Хэт и пщӀантӀи къыдэлъадэ, Ди хэку хьэщӀэ мыпудын, Ди нэхъыжьу ди тхьэмадэм ХьэщӀэм уи Ӏэр иубыдынщ. Фыкъеблагъэ, хьэщӀэ. «Партыр ди пашэу», 100. [Инал:] ТӀутӀэ, мы ди гъусэ щӀалэм и Ӏэр бубыдыркъэ – Ботэщ Астемыр и къуэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 537. – ФӀэхъус апщий, си къуэш. Дауэ ущыт, тхьэм жиӀэмэ? – жызоӀэри и Ӏэр соубыд [комендантым], сэлам гуапэ есхыу. МелыӀыч, 463. 2. (11). И гуфӀэгъуэ, и гуауэ с.ху. дэпӀыгъыу, фӀыщӀэ хуэпщӀу сэлам етын. Бгъэжьым хуэдэу ди бынхэм уащхьэщытыну дыпщогугъ, – жиӀэри лӀыжьыр инэралым дежкӀэ екӀуэкӀри и Ӏэр иубыдащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Верэ Павловнэ, Саримэ сымэ зэгъусэу сценэмкӀэ дэкӀуеящ, Тинэ къагъуэту ӀэплӀэ хуащӀыну, адрей джэгуа псоми я Ӏэр яубыдыну, ехъуэхъуну, псалъэ дахэ жраӀэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Гуауэм гъыбзэр зэхелъхьэжыр, Гуауэм и бзэр пхуэмубыд, Гуауэм щабэущ зэрепсалъэр – Хуэму и Ӏэр яубыд. УсиплӀ. «Вагъуэ махуэ», 371. Ӏэр худэлъэн (1). Еплъ Ӏэ дэлъэн. И пхъур гъыуэ бгъэдолъадэ, ЛӀыжьым и щхьэм Ӏэ худелъэ: – Си адэ, жыӀэт къыпщыщӀахэр, си адэ! «Бдзэжьеящэм ипхъу», 150. Ӏэ хуэщӀын (3). Зыгуэрым зыгуэркӀэ зыкъебгъащӀэу, зыгуэр хуэпӀуэхуу уи Ӏэр зыгуэру щӀын. Албиян зэхихщ ари къеплъэкӀащ, къыпыгуфӀыкӀыу, къицӀыхужщ къеджари, псоми Ӏэ къахуищӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 38. Нэмыцэ фащэкӀэ хуэпа офицерым зрилъэфыхьу щымытын щхьэкӀэ, Локотош и мотоциклым бгъурыщӀа люлькэм Ӏэ хуищӀри: – ПсынщӀэу. Нал къута, 232. Ӏэр щӀын (8). Зыгуэрым зыгуэр хуэпӀуэхуу уи Ӏэр зыгуэру гъэхъеин. Щэрданым и Ӏэр аргуэру ищӀри, шу гъусэ къомыр къежьэри ебгъэрыкӀуэу лӀыжь гупыр ирагъэкӀуэту хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 295. «КъитӀысхьэ» жиӀэу Инал Ӏэ ищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526. Красноармеецхэр вагонхэм къикӀиикӀыу, Ӏэ ящӀу, къоплъэ. Щынэхужьыкъуэ, 43. Ӏэр Ӏуэтын (3). ЗыгуэркӀэ узэрыарэзыр, зыгуэр щхьэкӀэ узэрыгуфӀэр къигъэлъагъуэу уи ӀитӀыр зэщыхъун. – Уэлэхьи, хъарзынэу къэбгупсысам, Дисэ, – жиӀэрт Рахьим, и Ӏэр иӀуэту. Хъуэпсэгъуэ нур, 142. Мет тепкъузэм нэху къыщӀонэ, А ди клубу дыздыӀутым Доплъыр дэри ар дгъэщӀагъуэу, Щытщ Аслъэни Ӏэр иӀуэту. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32. [И] ӀэкӀэ (7). Езым и щхьэкӀэ, и къарукӀэ, нэгъуэщӀ хэмыту, къыхэмыхьэу. Фронтым сыщыӀэу си ӀэкӀэ изгъэсыкӀащ и командирым емыдэӀуа дезертир. Нал къута, 307. ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ [ЛӀыгъур], езым и ӀэкӀэ ищӀурэ. Лъапсэ, 111. Нысэм гузавэ хуэдэу зищӀ щхьэкӀэ, и гуащэр къэмыхъужмэ, нэхъ къызэрищтэр белджылыт, арщхьэкӀэ езым и ӀэкӀэ унэм мафӀэ иридзауэ зыми и жьэ къекӀуэртэкъым. ГущӀэгъу, 424. ӀэкӀэ зехьэн (1). ПӀэхэнэ хъуа, земыкӀуэжыф сымаджэм кӀэлъыплъын, зыхуей хуэгъэзэн. Сымаджэ хьэлъэу къыдашэжам и Ӏэпкълъэпкъым узыр хыхьауэ къыщӀэкӀынти, зигъэхъей мыхъуу, ӀэкӀэ зэрахьэу куэдрэ хэлъащ, хущхъуэу ягъуэтыр ирахьэлӀэ пэтми, сэбэп щӀагъуэу хуэмыхъуу. Къалэн, 430. [Уи] ӀэкӀэ лъапсэр пычыжын (1). Уи унагъуэр хэгъэкӀуэдэжын, лӀэужьыншэ хъун. [Марием:] Дэ мылъкуи диӀэкъым, дызыщыщ лъэпкъым дакъыхэкӀащи, ди лъапсэр ди ӀэкӀэ пытчыжащ. Лэчымэ, 395. [Уи] ӀэкӀэ [уи] напэр техыжын (2). Езым уи зэраныжкӀэ емыкӀу къэхьын. – Ди напэр ди ӀэкӀэ тетхыжащ, – жиӀэри щӀигъуащ Астемыр, и щӀакӀуэр зыщихыурэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 261. [Уи] ӀэкӀэ псэр хэхыжын (3). ЗыукӀыжын. Щэрданхэ я махуэр сэри къысхуагъэкӀуэну хэтащ, сэ Щхьэлмывэкъуэр ныбапхъэкӀэ фызмыгъэгъуэлъым, си псэр си ӀэкӀэ хэсхыжынщ, жиӀэу Гъуумар къэгубжьауэ и пэщхъыным гъуэзыр кърихырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. [Уи] ӀэкӀэ и псэр хэхын (3). Зыгуэр укӀын, зыгуэрым и псэр гъэнын. И псэр си ӀэкӀэ хэсхынщ [Саримэ], – жиӀэрт Дисэ, мафӀэм хуэдэу къызэщӀэнауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. [Марием Назифэ жреӀэ:] Алыхьыр си бийщ, уи адэм деж унэзмыгъэсу уи псэр си ӀэкӀэ хэзмыхым! Лэчымэ, 394. ӀэкӀэ теӀэбэн (4). КъохъулӀэн, къыпщыщӀын (узыхуея, уи гум къэкӀа, къыбжаӀа гуэр). «АтӀэ, фи ӀэкӀэ фытеӀэбэнщ сэ жысӀэм, бэлшэвычхэм фащыгугъыурэ кӀэдетыр къэмысмэ, сыахьмакъщ», – жиӀэу уэрамым дэтт Долэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 244. [Думэсарэ:] Къаплъи-къэдаӀуэ, Астемыр, Хъуашэ и Ӏэтэу, уэри укъыдэхуауэ ӀэкӀэ утемыӀэбэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641. АрщхьэкӀэ уи гур зэрыгъум дыгъур ирокӀуэ жыхуаӀэрати, къалэ мыхъутарыр зытегузэвыхьым ӀэкӀэ теӀэбащ, ямыщӀэххэу зэрызехьэшхуэ къэхъури. Кхъэлэгъунэ, 377. ӀитӀыр зэтедзауэ щысын (1). Зыри мылэжьын, Ӏуэхуншэу зэманыр гъэкӀуэн. [Думэсарэ:] Алыхь, Инал и ӀитӀыр зэтедзауэ щымыс. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519.

Düzeltme Öner

Ӏэр кӀэщӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.