Ӏэджэ щӀащ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэджэ
Куэдыр, куэдым.
Сэр щхьэкӀэ Ӏэджэм Ӏэджэ жаӀэр: Жагъуэгъу зимыӀэ тет дунейм.— Сыжейми, си нэр зэтесхами … Щхьэлыкъуэ, 383
+2 örnek
А махуэм къыщыщӀэдзауэ Дэфэрэджи хьэгъуэлӀыгъуэм зыхуигъэхьэзырын хуейщ жиӀэу, Ӏэджэми яужь итщ.— Лъапсэ, 110
Тшхам шей тӀэкӀу тетфыхьыжурэ дыздэщысым, гугъу дызэрехьар тщыгъупщэжри Ӏэджэм я щхьэфэ диӀэбащ.— МелыӀыч, 441
Deyimler (5)
Ӏэджэ дэкӀын
Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящыгъупщакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
Еплъ: Ӏэджэ щӀащ
Ӏэджэ я зэхуакущ
Куэд дыдэкӀэ зэтехуэркъым, зэщхькъым, жыжьэуи зэкӀуалӀэркъым.
И щӀалэгъуэ дыдэу Къазджэрий Истамбыл япэ дыдэ щыщыӀамрэ иджырэ Ӏэджэ я зэхуакут.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
эджэ иӀэн
Зэман куэд, пӀалъэ кӀыхь иджыри дэкӀын хуейщ (зыгуэр къэхъун ипэ).
УдзыщӀэр къэкӀыным иджыри Ӏэджэ иӀэщ, нэгъабэрей удзыр гъужри фащ, ӀэфӀ щӀэтыжкъым, щӀэмытыжми Ӏэщым ягъуэтащэрэт, гъури щэщэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 18
Ӏэджэ хъун
И бжыгъэкӀэ куэдын.
Дэфэрэдж зыхуейуэ хъуам ущӀэмыупщӀэ: зэмыфэгъуу шылэ, кӀыщмыр, дарий моф, къэдабэ, дыщэ Ӏуданэ – Ӏэджэ мэхъу, езыри хэдыкӀынкӀэ, уагъэ щэнкӀэ ахъырзэманщ.— Лъапсэ, 115
Ӏэджэ щӀащ
Зэман куэд дэкӀащ.
Уэр щхьэкӀи зыгуэр къыздэсхьащ, Астемыр, – жиӀэри Мэтхъэныр Астемыр дежкӀэ еплъэкӀащ, –Ӏэджи щӀащ
Kitapta geçtiği hali
ӀЭДЖЭ I (126). Куэдыр, куэдым. Сэр щхьэкӀэ Ӏэджэм Ӏэджэ жаӀэр: Жагъуэгъу зимыӀэ тет дунейм. Сыжейми, си нэр зэтесхами … «Щхьэлыкъуэ», 383. А махуэм къыщыщӀэдзауэ Дэфэрэджи хьэгъуэлӀыгъуэм зыхуигъэхьэзырын хуейщ жиӀэу, Ӏэджэми яужь итщ. Лъапсэ, 110. Тшхам шей тӀэкӀу тетфыхьыжурэ дыздэщысым, гугъу дызэрехьар тщыгъупщэжри Ӏэджэм я щхьэфэ диӀэбащ. МелыӀыч, 441. ◊ Ӏэджэ дэкӀын (1). Еплъ Ӏэджэ щӀащ. Абы лъандэрэ илъэс Ӏэджэ дэкӀами, къуажэм ящыгъупщакъым Кургъуокъуэ и мылъкум нэхъыбэр хабзэкӀэ Къасбот и бынунэм къахуигъанэу и пщӀантӀэр зэрибгынар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Ӏэджэ я зэхуакущ (1). Куэд дыдэкӀэ зэтехуэркъым, зэщхькъым, жыжьэуи зэкӀуалӀэркъым. И щӀалэгъуэ дыдэу Къазджэрий Истамбыл япэ дыдэ щыщыӀамрэ иджырэ Ӏэджэ я зэхуакут. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Iэджэ иӀэн (1). Зэман куэд, пӀалъэ кӀыхь иджыри дэкӀын хуейщ (зыгуэр къэхъун ипэ). УдзыщӀэр къэкӀыным иджыри Ӏэджэ иӀэщ, нэгъабэрей удзыр гъужри фащ, ӀэфӀ щӀэтыжкъым, щӀэмытыжми Ӏэщым ягъуэтащэрэт, гъури щэщэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 18. Ӏэджэ хъун (2). И бжыгъэкӀэ куэдын. Дэфэрэдж зыхуейуэ хъуам ущӀэмыупщӀэ: зэмыфэгъуу шылэ, кӀыщмыр, дарий моф, къэдабэ, дыщэ Ӏуданэ – Ӏэджэ мэхъу, езыри хэдыкӀынкӀэ, уагъэ щэнкӀэ ахъырзэманщ. Лъапсэ, 115. Ӏэджэ щӀащ (5). Зэман куэд дэкӀащ. Уэр щхьэкӀи зыгуэр къыздэсхьащ, Астемыр, – жиӀэри Мэтхъэныр Астемыр дежкӀэ еплъэкӀащ, –Ӏэджи щӀащ