Ӏэ Ӏэтын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Хэхыныгъэм, унафэ, хабзэ гуэр къыщащтэм уи арэзыныгъэ е мыарэзыныгъэ къыщыгъэлъэгъуэн (ӀэӀэткӀэ, бюллетеным иптхэкӀэрэ, н. къ.). «
Выгухэр гъунэгъу дыдэу къэувыӀэри, гублащхьэдэсыр щӀэупщӀащ: Дэнэ мы цӀыхубзхэм Ӏэ щаӀэтынур?— Хъуэпсэгъуэ нур, 321
+2 örnek
Нахъуэ утыкум кърилъхьат мэжджыт Ӏуэхур, мэжджыт дыхуейкъым, жызыӀэм фи Ӏэр фӀэт, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628
Мыр хэзыхыну арэзым и Ӏэр иреӀэт», щыжаӀэм зы аӀужыж-мыӀужыж гуэр зэӀущӀэм къахэкӀиикӀащ: «Хьэрун партым хэт?»— Нэгъуху, 20
Kitapta geçtiği hali
ӀЭ ӀЭТЫН (20). Хэхыныгъэм, унафэ, хабзэ гуэр къыщащтэм уи арэзыныгъэ е мыарэзыныгъэ къыщыгъэлъэгъуэн (ӀэӀэткӀэ, бюллетеным иптхэкӀэрэ, н. къ.). Выгухэр гъунэгъу дыдэу къэувыӀэри, гублащхьэдэсыр щӀэупщӀащ: Дэнэ мы цӀыхубзхэм Ӏэ щаӀэтынур? Хъуэпсэгъуэ нур, 321. Нахъуэ утыкум кърилъхьат мэжджыт Ӏуэхур, мэжджыт дыхуейкъым, жызыӀэм фи Ӏэр фӀэт, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. «Мыр хэзыхыну арэзым и Ӏэр иреӀэт», щыжаӀэм зы аӀужыж-мыӀужыж гуэр зэӀущӀэм къахэкӀиикӀащ: «Хьэрун партым хэт?» Нэгъуху, 20.