Ӏутын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(Ӏутщ)
1. Зыгуэрым и гупэм, и ӀухьэпӀэм деж щытын.
рустоять перед чем-л., около чего-л.
2. ЛэжьапӀэ, къулыкъу с. ху. гуэр зехьэн.
рубыть на какой-л. работе, занимать какую-л. должность
Абы {фызыжьым} еджапӀэ бжэӀупэр епхъэнкӀ, хъумакӀуэуи Ӏутщ еджапӀэм.— Ӏуащхьэмахуэ
3. Дзэр дзэпхъэбгъум хэтын.
руиметься в наличии (о зубах)
Дзэ дахэ Ӏутын.
Kitapta geçtiği hali
Ӏутын (Ӏутщ) неперех. гл. 1. стоять перед чем-л., около чего-л. / Зыгуэрым и гупэм, и ӀухьэпӀэм деж щытын. 2. быть на какой-л. работе, занимать какую-л. должность / ЛэжьапӀэ, къулыкъу с. ху. гуэр зехьэн. * Абы {фызыжьым} еджапӀэ бжэӀупэр епхъэнкӀ, хъумакӀуэуи Ӏутщ еджапӀэм. Ӏуащхь. 3. иметься в наличии (о зубах) / Дзэр дзэпхъэбгъум хэтын. Дзэ дахэ Ӏутын. Жьабзэ Ӏутын см. жьабзэ. Псэ зыӀут см. псэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(Ӏутщ)
1. Зыгуэрым и гупэм, и ӀухьэпӀэм деж щытын, бгъэдэтын.
Мест дэгъуэ лъыгъыу Мусэ псы Ӏуфэм Ӏутщи, абы Астемыр фӀэӀуэху, Мэсхьудрэ Нурхьэлийрэ псыр къапож, молэ Сэид и лӀыщӀэ Елдар и гъусэу псыхьэлъахуэ йощэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 62
+2 örnek
Банк бжэӀупэм грузовик гуэр Ӏутт, абы лӀы гуэри кӀэрахъуэ къиха иӀыгъыу иту, нэгъуэщӀ тӀуми брезент къэп зырыз, изу илъыр умыщӀэу, унэм къыщӀахырт.— Нал къута, 279
Хьэ тумэр шхэуэ Ӏэнлъэм Ӏуту Джэлил [адакъэр] зэгуэр Ӏэнлъэм щиувэм, хьэр къапхъуэри адакъэм и пщэр хьэлэчу иуӀат.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480
2. Зыгуэрым и гупэ, и гъунэ, и Ӏуфэ зыгуэр щыӀэн.
Къалэ гъунэм пщыӀэр къещӀэкӀауэ Ӏутщ, къалэм нэхърэ зэрынэхъ мащӀэ щымыӀэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
+2 örnek
Куэд дэкӀа нэужь Нурхьэлий и хъыбар къэӀуащ тенджыз ин гуэрым Ӏут къалэшхуэм щалъэгъуауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 147
Фи мыгугъэ, нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ Ӏут защӀэу щытыну, жиӀэу Локотош щӀигъэхуабжьэрт.— Нал къута, 256
3. Дзэ, жаныпӀэ иӀэн.
[Саримэ Рахьим щхьэкӀэ жеӀэ:] Дзэ Ӏутыжкъым е сыткъым, и жьафэ Ӏурылэлу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 138
+2 örnek
[Адакъэ хужьым Джэлил адакъэм жреӀэ:] Ей, дзэ жан Ӏутщ, си къуэш, а бажэм сыщошынэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
Зы убыдыпӀэщ къалэм иӀэр, ДзитӀ Ӏуту жырыр ирелыд.— Къамэ. «Мывэ хуабэ», 257
4. ЛэжьапӀэ, къулыкъу сыт хуэдэ гуэр зехьэн.
Къуэ нэхъыжь Хьэту лӀыщӀэу зи ныбэ из гуэрым деж Ӏутт, лӀыщӀапщӀэу жэмыщӀэ псэфкӀэ къагъэгугъауэ.— Къалэн, 427
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Гъатхэ хадэ щӀэгъуэ хъуху ӀэнатӀэ гуэр сыӀуту сылажьэрэ ахъшэ хьэзыр тӀэкӀу си жыпым илъу сыздэкӀуэжым сахыхьэжмэ, дауи, нэхъыфӀт, пщӀэну щыткъым узрихьэлӀэжынур.— МелыӀыч, 449
[Дэфэрэдж:] Куэд щӀауэ сэри си къалэ фэтэрым сыкъыщӀыхьатэкъым, мычэму къуажэм сыщыпсэут, кӀуэркъэкӀуэжу си лэжьапӀэм сыӀуту.— Лъапсэ, 27
Kitapta geçtiği hali
ӀУТЫН (Ӏутщ) лъэмыӀ. (135). 1. (53). Зыгуэрым и гупэм, и ӀухьэпӀэм деж щытын, бгъэдэтын. Мест дэгъуэ лъыгъыу Мусэ псы Ӏуфэм Ӏутщи, абы Астемыр фӀэӀуэху, Мэсхьудрэ Нурхьэлийрэ псыр къапож, молэ Сэид и лӀыщӀэ Елдар и гъусэу псыхьэлъахуэ йощэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 62. Банк бжэӀупэм грузовик гуэр Ӏутт, абы лӀы гуэри кӀэрахъуэ къиха иӀыгъыу иту, нэгъуэщӀ тӀуми брезент къэп зырыз, изу илъыр умыщӀэу, унэм къыщӀахырт. Нал къута, 279. Хьэ тумэр шхэуэ Ӏэнлъэм Ӏуту Джэлил [адакъэр] зэгуэр Ӏэнлъэм щиувэм, хьэр къапхъуэри адакъэм и пщэр хьэлэчу иуӀат. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. 2. (15). Зыгуэрым и гупэ, и гъунэ, и Ӏуфэ зыгуэр щыӀэн. Къалэ гъунэм пщыӀэр къещӀэкӀауэ Ӏутщ, къалэм нэхърэ зэрынэхъ мащӀэ щымыӀэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Куэд дэкӀа нэужь Нурхьэлий и хъыбар къэӀуащ тенджыз ин гуэрым Ӏут къалэшхуэм щалъэгъуауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 147. Фи мыгугъэ, нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ Ӏут защӀэу щытыну, жиӀэу Локотош щӀигъэхуабжьэрт. Нал къута, 256. 3. (9). Дзэ, жаныпӀэ иӀэн. [Саримэ Рахьим щхьэкӀэ жеӀэ:] Дзэ Ӏутыжкъым е сыткъым, и жьафэ Ӏурылэлу. Хъуэпсэгъуэ нур, 138. [Адакъэ хужьым Джэлил адакъэм жреӀэ:] Ей, дзэ жан Ӏутщ, си къуэш, а бажэм сыщошынэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. Зы убыдыпӀэщ къалэм иӀэр, ДзитӀ Ӏуту жырыр ирелыд. Къамэ. «Мывэ хуабэ», 257. 4. (32). ЛэжьапӀэ, къулыкъу сыт хуэдэ гуэр зехьэн. Къуэ нэхъыжь Хьэту лӀыщӀэу зи ныбэ из гуэрым деж Ӏутт, лӀыщӀапщӀэу жэмыщӀэ псэфкӀэ къагъэгугъауэ. Къалэн, 427. [Алыджыкъуэ:] Гъатхэ хадэ щӀэгъуэ хъуху ӀэнатӀэ гуэр сыӀуту сылажьэрэ ахъшэ хьэзыр тӀэкӀу си жыпым илъу сыздэкӀуэжым сахыхьэжмэ, дауи, нэхъыфӀт, пщӀэну щыткъым узрихьэлӀэжынур. МелыӀыч, 449. [Дэфэрэдж:] Куэд щӀауэ сэри си къалэ фэтэрым сыкъыщӀыхьатэкъым, мычэму къуажэм сыщыпсэут, кӀуэркъэкӀуэжу си лэжьапӀэм сыӀуту. Лъапсэ, 27. ◊ Псэ зыӀут (16). Еплъ псэ. Псэр Ӏутыху (1). Еплъ псэ.