Ӏусын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(Ӏусщ)

1. Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щысын.

русидеть где-л., около чего-л.

БжэӀупэм Ӏусын.

2. Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щыпсэун, Ӏупсэухьын.

ружить около чего-л.

Къуажэр гъуэгубгъум Ӏусщ.

Kitapta geçtiği hali

Ӏусын (Ӏусщ) неперех. гл. 1. сидеть где-л., около чего-л. / Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щысын. БжэӀупэм Ӏусын. 2. жить около чего-л. / Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щыпсэун, Ӏупсэухьын. Къуажэр гъуэгубгъум Ӏусщ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(Ӏусщ)

1. Зыгуэрым и гупэм, и Ӏуфэм деж щысын.

Зэгуэр Лу чы кӀыхь иӀыгъыу Нурхьэлийхэ я бжэӀупэм Ӏуст, джэд сыт къыӀухьэмэ, Ӏуихужу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 278

+2 örnek

Пэжу Исхьэкъ телефоным Ӏусурэ щхьэукъуат, уэзджынэр къыщеуэм, къащтэри унэм къыщӀэж пэтащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671

Щхьэлым деж Ӏусу куэзыр джэгуахэм я деж согъазэри цӀыхур нэхъыбэж хъуауэ зэрохьэкъувыкъу.— МелыӀыч, 452

2. Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щыпсэун, увыӀэпӀэ щыщӀын.

Дэфэрэдж псы Ӏуфэм Ӏусу япӀати, есыкӀэкӀэ Ӏэзэт, тӀэу-щэ и къару къызэрихькӀэ псыр щӀитхъури къызэплъэкӀащ, си ужьым иту зыгуэр къакӀуэу пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ дэнэ псэ зыӀут илъэгъуакъым.— Лъапсэ, 53

+2 örnek

Иджыпсту Якъуб зэхэзехуэн умыщӀмэ, нэхъыфӀщ: нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ Ӏусщ, ЧопракъыщхьэкӀэ гъуэгур яухыным куэд хуейщ.— Нал къута, 262

Ди хэку тӀэкӀур зэрыхэкуу Псынэдахэ Ӏус къысфӀощӀ.— Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 347

Kitapta geçtiği hali

ӀУСЫН (Ӏусщ) лъэмыӀ. (26). 1. (11). Зыгуэрым и гупэм, и Ӏуфэм деж щысын. Зэгуэр Лу чы кӀыхь иӀыгъыу Нурхьэлийхэ я бжэӀупэм Ӏуст, джэд сыт къыӀухьэмэ, Ӏуихужу. Хъуэпсэгъуэ нур, 278. Пэжу Исхьэкъ телефоным Ӏусурэ щхьэукъуат, уэзджынэр къыщеуэм, къащтэри унэм къыщӀэж пэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 671. Щхьэлым деж Ӏусу куэзыр джэгуахэм я деж согъазэри цӀыхур нэхъыбэж хъуауэ зэрохьэкъувыкъу. МелыӀыч, 452. 2. (15). Зыгуэрым и гупэм, Ӏуфэм деж щыпсэун, увыӀэпӀэ щыщӀын. Дэфэрэдж псы Ӏуфэм Ӏусу япӀати, есыкӀэкӀэ Ӏэзэт, тӀэу-щэ и къару къызэрихькӀэ псыр щӀитхъури къызэплъэкӀащ, си ужьым иту зыгуэр къакӀуэу пӀэрэ жиӀэу, арщхьэкӀэ дэнэ псэ зыӀут илъэгъуакъым. Лъапсэ, 53. Иджыпсту Якъуб зэхэзехуэн умыщӀмэ, нэхъыфӀщ: нэмыцэр Бахъсэн Ӏуфэ Ӏусщ, ЧопракъыщхьэкӀэ гъуэгур яухыным куэд хуейщ. Нал къута, 262. Ди хэку тӀэкӀур зэрыхэкуу Псынэдахэ Ӏус къысфӀощӀ. Псынэдахэ. «Вагъуэ махуэ», 347.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

oturmak

Düzeltme Öner

Ӏусын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.