Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏупс

ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏум, и жьэ кӀуэцӀым къикӀ псыфыгъэ.

«Химическэ», къэрэндащыр ӀупскӀэ къригъэблурэ зыгуэр етх [Елдар].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508

+1 örnek

И жьэм Ӏупсыр тхъурымбэу къыжьэдэхуурэ жэмым и псэр хэкӀащ.— Нал къута, 291

Deyimler (3)

Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын

Губжьауэ, къызэщӀэплъауэ зэкӀэлъигъэпӀащӀэу ину псалъэм и Ӏупсхэр къыжьэдэхун.

Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу!— МелыӀыч, 472

+1 örnek

Зы афицар ныбэкъ сырыху гуэр ихъу-илъырт, гуэгуш гъэшхам хуэдэу и жьэгъур къыщӀэтӀэту, щыпсалъэкӀэ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу, и жьэ къупщхьэри щӀэсысэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 174

Ӏупысыр къыжьэдэпхъын

Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ.— Лъапсэ, 35

Еплъ: Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын

Ӏупсыр пхъын

Мыл щӀагъым ущӀэкуауэ псым уегъэтхьэлэн хуейщ, ж— нур, 289

Еплъ: Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын

Kitapta geçtiği hali

ӀУПС (7). ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏум, и жьэ кӀуэцӀым къикӀ псыфыгъэ. «Химическэ», къэрэндащыр ӀупскӀэ къригъэблурэ зыгуэр етх [Елдар]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. И жьэм Ӏупсыр тхъурымбэу къыжьэдэхуурэ жэмым и псэр хэкӀащ. Нал къута, 291. ◊ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын (2). Губжьауэ, къызэщӀэплъауэ зэкӀэлъигъэпӀащӀэу ину псалъэм и Ӏупсхэр къыжьэдэхун. Комендантыр къэтэджри директорыр зыӀуригъэлъэдэным хуэдэу къеплъурэ жиӀащ, и Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу: Тхьэр уогъэпцӀ нахуэу! МелыӀыч, 472. Зы афицар ныбэкъ сырыху гуэр ихъу-илъырт, гуэгуш гъэшхам хуэдэу и жьэгъур къыщӀэтӀэту, щыпсалъэкӀэ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъу, и жьэ къупщхьэри щӀэсысэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 174. Ӏупысыр къыжьэдэпхъын (1). Еплъ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын. Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщтэкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ. Лъапсэ, 35. Ӏупсыр пхъын (1). Еплъ Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын. Мыл щӀагъым ущӀэкуауэ псым уегъэтхьэлэн хуейщ, ж нур, 289.

Düzeltme Öner

Ӏупсыр къыжьэдэлъэлъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.