Ӏудзэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(Ӏуедзэ)
Зыгуэр бдзыуэ зыгуэрым и гупэм, ӀухьэпӀэм деж щегъэхуэхын.
рубросить кого-что-л., где-л., около чего-л.
Иныжьым махуэм къищэкӀуа щыхьыр бжэӀупэм Ӏуидзэри, езыр жыг щӀагъым щӀэгъуэлъхьащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
Ӏудзэн (Ӏуедзэ) перех. гл. бросить кого-что-л., где-л., около чего-л. / Зыгуэр бдзыуэ зыгуэрым и гупэм, ӀухьэпӀэм деж щегъэхуэхын. * Иныжьым махуэм къищэкӀуа щыхьыр бжэӀупэм Ӏуидзэри, езыр жыг щӀагъым щӀэгъуэлъхьащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(Ӏуедзэ)
Механизм гуэр егъэжьэн, лажьэу утӀыпщын.
[Мамэт–щӀакъуэ Сеймэн жреӀэ:] Сеймэн, етӀуанэрейр Ӏудзэт! Скоростыр аращ жыхуэсӀэр, етӀуанэрейр Ӏудзэ.— Лъапсэ, 48
Kitapta geçtiği hali
ӀУДЗЭН (Ӏуедзэ) лъэӀ. (2). Механизм гуэр егъэжьэн, лажьэу утӀыпщын. [Мамэт–щӀакъуэ Сеймэн жреӀэ:] Сеймэн, етӀуанэрейр Ӏудзэт! Скоростыр аращ жыхуэсӀэр, етӀуанэрейр Ӏудзэ. Лъапсэ, 48.