Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏугъуэ

Газрэ нэм къимыубыд сахуэ цӀыкӀухэмрэ зэхэту мафӀэм къыхихур.

Унащхьэхэм къатепӀиикӀ уэнжакъыжь тӀэкӀухэм я нэхъыбитӀым Ӏугъуэ Ӏэрамэ цӀыкӀу къыпихурт, гуарцэмэр уэрамым дэз ящӀу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 233

+2 örnek

Гунэуэс унэм къыщӀэжрэ плъэмэ – я гъунэгъум я унэр мафӀэмрэ Ӏугъуэмрэ уагъэлъагъужыркъым, хъуаскуэр уафэм дрехуей.— ГущӀэгъу, 423

Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхукум дэхуауэ ехьэжыр

Deyimler (3)

Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын

Нэщхъыдзэу плъэн, губжьауэ нэщхъхэр зэхиуфэн.

КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, губжьу иӀэм зэщӀикъузэу.— Тисей, 507

Ӏугъуэ [и] нэм къыщӀихын

И нитӀым Ӏугъуэр къыщӀихыу Аралпымрэ Астемыррэ къызэпиплъыхьащ [Къылышбийм].— Хъуэпсэгъуэ нур, 115

+1 örnek

ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд.— МелыӀыч, 444

Еплъ: Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын

Ӏугъуэм нэр ирифын

Ӏугъуэр нэм щӀэбжьэн, уимыгъэплъэн.

«Щхьэ укъэкӀуэжа?» жаӀэрэ уи адэ–анэр къоупщӀмэ, «я Ӏугъуэм си нэр ирифырти къэзгъэзэжащ» жыпӀэнщ жиӀэри и нысэр иригъэжьэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 61

Kitapta geçtiği hali

ӀУГЪУЭ (69). Газрэ нэм къимыубыд сахуэ цӀыкӀухэмрэ зэхэту мафӀэм къыхихур. Унащхьэхэм къатепӀиикӀ уэнжакъыжь тӀэкӀухэм я нэхъыбитӀым Ӏугъуэ Ӏэрамэ цӀыкӀу къыпихурт, гуарцэмэр уэрамым дэз ящӀу. Хъуэпсэгъуэ нур, 233. Гунэуэс унэм къыщӀэжрэ плъэмэ – я гъунэгъум я унэр мафӀэмрэ Ӏугъуэмрэ уагъэлъагъужыркъым, хъуаскуэр уафэм дрехуей. ГущӀэгъу, 423. Къалэр щхьэл шэрхъитӀым я зэхукум дэхуауэ ехьэжыр ◊ Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын (1). Нэщхъыдзэу плъэн, губжьауэ нэщхъхэр зэхиуфэн. КъыщӀегъэкӀыр и нэм Ӏугъуэр, Ӏупэ пшэрыр щӀокӀэзызэ, ПащӀэ кӀыхьыр егъэлыгъуэ, губжьу иӀэм зэщӀикъузэу. «Тисей», 507. Ӏугъуэ [и] нэм къыщӀихын (3). Еплъ Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын. И нитӀым Ӏугъуэр къыщӀихыу Аралпымрэ Астемыррэ къызэпиплъыхьащ [Къылышбийм]. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. ЦӀыхубзыр къызэплъэкӀмэ, и нэм Ӏугъуэ къыщӀех, къысхузэгуэпу зэгуоуд. МелыӀыч, 444. Ӏугъуэм нэр ирифын (2). Ӏугъуэр нэм щӀэбжьэн, уимыгъэплъэн. «Щхьэ укъэкӀуэжа?» жаӀэрэ уи адэ–анэр къоупщӀмэ, «я Ӏугъуэм си нэр ирифырти къэзгъэзэжащ» жыпӀэнщ жиӀэри и нысэр иригъэжьэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 61.

Düzeltme Öner

Ӏугъуэ нэм къыщӀэгъэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.