щӀэщӀэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀещӀэ)

1. Гу, пхъэӀэщэ с. ху. зэрекъуным хуэдэу зыгуэр (шыр, выр) ӀэпслъэпскӀэ епхын, кӀэрыщӀэн, егъэбыдылӀэн.

рузапрячь кого-л.

Вэн папщӀэкӀэ зы пхъэӀэщэм щӀэщӀэн хуейт вий.— ӀуэрыӀуатэ

2. Зыгуэр хуабжьу гугъу егъэхьын, лэжьыгъэ куэд егъэщӀэн. Уи унафэм щӀэту узыхуейр егъэщӀэн

рузапрячь кого-л.

- Хьэмэ къилъхуар нэхъри щӀэщӀэн хуейщ, - кӀиящ лӀыжьыр.— Ӏуащхьэмахуэ

(щӀещӀэ)

Зыгуэр (джэш) зыгуэрым и лъабжьэм щыхэсэн.

рувозделывать, выращивать что-л. под чем-л.

(щӀощӀэ)

Къару зэрыщӀэкӀам е пхэнжу зэрытеувам къыхэкӀыу лъакъуэр ещӀэн, лъэныкъуэбэн; зыгуэр зэтезыӀыгъэр (лъэмыжым щӀэт пкъор) лъэныкъуабэ хъун.

руподкоситься (о ногах, опорах)

Шым зэ зричри псынщӀэу и лъэбакъуэм кӀэричыжащ.. и фӀалъэ лъакъуитӀыр щӀэщӀащ.— Къэрмокъуэ Хьэмид

+1 örnek

Нурхьэлий ешауэ и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт.— Ӏуащхьэмахуэ

Bu maddedeki ifadeler (1)

мафӀэ щӀэщӀэн

Еплъ: мафӀэ

Kitapta geçtiği hali

щӀэщӀэн I (щӀещӀэ) перех. гл. 1. запрячь кого-л. / Гу, пхъэӀэщэ с. ху. зэрекъуным хуэдэу зыгуэр (шыр, выр) ӀэпслъэпскӀэ епхын, кӀэрыщӀэн, егъэбыдылӀэн. * Вэн папщӀэкӀэ зы пхъэӀэщэм щӀэщӀэн хуейт вий. фольк. 2. переносное запрячь кого-л. / Зыгуэр хуабжьу гугъу егъэхьын, лэжьыгъэ куэд егъэщӀэн. Уи унафэм щӀэту узыхуейр егъэщӀэн . * - Хьэмэ къилъхуар нэхъри щӀэщӀэн хуейщ, - кӀиящ лӀыжьыр. Ӏуащхь. II: мафӀэ щӀэщӀэн см. мафӀэ. III (щӀещӀэ) перех. гл. возделывать, выращивать что-л. под чем-л. / Зыгуэр (джэш) зыгуэрым и лъабжьэм щыхэсэн. IV (щӀощӀэ) неперех. гл. подкоситься (о ногах, опорах) / Къару зэрыщӀэкӀам е пхэнжу зэрытеувам къыхэкӀыу лъакъуэр ещӀэн, лъэныкъуэбэн; зыгуэр зэтезыӀыгъэр (лъэмыжым щӀэт пкъор) лъэныкъуабэ хъун. * Шым зэ зричри псынщӀэу и лъэбакъуэм кӀэричыжащ.. и фӀалъэ лъакъуитӀыр щӀэщӀащ. Къэр. Хь. Нурхьэлий ешауэ и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀещӀэ)

Гу, пхъэӀэщэ с.ху. зэрекъуным хуэдэу зыгуэр (п.п. шыр, выр) ӀэпслъэпскӀэ епхын, кӀэрыщӀэн. «

Москвичым» щӀэщӀа витӀри ерагъыу къакӀуэрт.— КӀапсэ кӀапэ, 5

+2 örnek

Уи шы щӀэпщӀэнур гъейм къебгъэлым, Уи вапӀэр бвэнщи, уунэнщ.— Мащэм ихуари къибгъэкӀыну. «Батырыбжьэ», 16

Рахьим зыкъомрэ хьэ ныбаджэр игъашхэу щысащ, гум щӀэщӀа шитӀым, торбэ япщӀэхэлъу нартыху щашхкӀэ, макъ ящӀым щӀэдэӀуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 139

Deyimler (2)

лъакъуэр щӀэщӀэн

Еплъ: лъакъуэ

лъэр щӀэщӀэн

Еплъ: лъэ

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭЩӀЭН I (щӀещӀэ) лъэӀ. (18). Гу, пхъэӀэщэ с.ху. зэрекъуным хуэдэу зыгуэр (п.п. шыр, выр) ӀэпслъэпскӀэ епхын, кӀэрыщӀэн. «Москвичым» щӀэщӀа витӀри ерагъыу къакӀуэрт. КӀапсэ кӀапэ, 5. Уи шы щӀэпщӀэнур гъейм къебгъэлым, Уи вапӀэр бвэнщи, уунэнщ. Мащэм ихуари къибгъэкӀыну. «Батырыбжьэ», 16. Рахьим зыкъомрэ хьэ ныбаджэр игъашхэу щысащ, гум щӀэщӀа шитӀым, торбэ япщӀэхэлъу нартыху щашхкӀэ, макъ ящӀым щӀэдэӀуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 139.

ЩӀЭЩӀЭН II: ◊ лъакъуэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъакъуэ. Лъэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dermansız koşmak takatsiz

Düzeltme Öner

щӀэщӀэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.