щӀэшэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀешэ)

1. Зыгуэр пшэуэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.

руввести, ввезти кого-что-л. куда-л., подо что-л.

Шыр шэщым щӀэшэн.

2. Зыгуэр (телефон, радио с. ху.) псэуалъэ гуэрым кӀапсэкӀэ нэшэсын, щыгъэувын. Телефон щӀэшэн. Газ щӀэшэн.

рупровести (напр. телефон)

(щӀешэ)

КӀапэ гуэр щӀагъымкӀэ шэн. Зыгуэрым и кӀапэр и щӀагъымкӀэ ша хъун.

руа) перех. гл. загнуть край чего-л.

Си данэ шарфри, еууей, Жьэгъумэ щӀызошэрэ рэуэу жи..— Къэб. п. и ант. б) (щӀошэ)

+2 örnek

неперех. гл.— загнуться (

о конце, крае чего-л.)

Bu maddedeki ifadeler (1)

Ӏэпхъуамбэр щӀишэн

Еплъ: Ӏэпхъуамбэ

Kitapta geçtiği hali

щӀэшэн I (щӀешэ) перех. гл. 1. ввести, ввезти кого-что-л. куда-л., подо что-л. / Зыгуэр пшэуэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. Шыр шэщым щӀэшэн. 2. провести (напр. телефон) / Зыгуэр (телефон, радио с. ху.) псэуалъэ гуэрым кӀапсэкӀэ нэшэсын, щыгъэувын. Телефон щӀэшэн. Газ щӀэшэн. II (щӀешэ) а) перех. гл. загнуть край чего-л. / КӀапэ гуэр щӀагъымкӀэ шэн. * Си данэ шарфри, еууей, Жьэгъумэ щӀызошэрэ рэуэу жи.. Къэб. п. и ант. б) (щӀошэ) неперех. гл. загнуться (о конце, крае чего-л.) / Зыгуэрым и кӀапэр и щӀагъымкӀэ ша хъун. Ӏэпхъуамбэр щӀишэн см. Ӏэпхъуамбэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀешэ)

1. Зыгуэр пшэурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн.

Елдар Лу и дежкӀэ зигъэзащ: – ЩӀэшэт зэкӀэ шыр бом.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

+2 örnek

Матренэ и щхьэ хуэпсэлъэжу, хуэм цӀыкӀуурэ хъущӀэрт. – Хэт сабийр шхапӀэм щӀэзышэнур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553

НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж зи абгъуэ къилъэта джэрткъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: – Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ— Лъапсэ, 118

2. Зыгуэр (п.п. уэздыгъэ, телефон) псэуалъэ гуэрым кӀапсэкӀэ нэшэсын, щыгъэувын.

Зэ ди жылэр зэхуэсауэ Станц дутӀыпщым дыхуэгуфӀэт, Унэм нэхур къыщӀашауэ Ди Ӏэтащхьэм загъэбжьыфӀэт.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31

(щӀешэ)

Зыгуэр щабжкӀэ Ӏэпэр щӀэгъэшэн.

Ди Къазджэрий Ӏэпэр щӀишэу Уи къали уи пси къребжэкӀ.— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭШЭН I (щӀешэ) лъэӀ. (24). 1. (23). Зыгуэр пшэурэ зыщӀыпӀэ щӀыхьэн. Елдар Лу и дежкӀэ зигъэзащ: – ЩӀэшэт зэкӀэ шыр бом. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Матренэ и щхьэ хуэпсэлъэжу, хуэм цӀыкӀуурэ хъущӀэрт. – Хэт сабийр шхапӀэм щӀэзышэнур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 553. НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж зи абгъуэ къилъэта джэрткъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: – Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ. Лъапсэ, 118. 2. (1). Зыгуэр (п.п. уэздыгъэ, телефон) псэуалъэ гуэрым кӀапсэкӀэ нэшэсын, щыгъэувын. Зэ ди жылэр зэхуэсауэ Станц дутӀыпщым дыхуэгуфӀэт, Унэм нэхур къыщӀашауэ Ди Ӏэтащхьэм загъэбжьыфӀэт. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31.

ЩӀЭШЭН II (щӀешэ) лъэӀ. (1). Зыгуэр щабжкӀэ Ӏэпэр щӀэгъэшэн. Ди Къазджэрий Ӏэпэр щӀишэу Уи къали уи пси къребжэкӀ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çekmek götürmek içeri-içerisi

Düzeltme Öner

щӀэшэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.