щӀэхун

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

düşmekaltından düşmek
Ortakотпастьвывалитьсяотвалиться
DoğuщӀэзынщӀэхун
BatıкӀэзынчӀэзын
kovmakbirinin/kendi yanından/bitişiğinden kovmak
DoğuихунщӀэхунӀухундэхунгуэхунзыгуэхунбгъэдэхунзыбгъэдэхун
BatıифынкӀэфынӀуфындэфынгофынзыгофынбгъодэфынзыбгъодэфын
Kitapta geçtiği hali

кӀэзын/щӀэзын, щӀэхун; (кӀэзыгъ/ щӀэзащ, щӀэхуащ: düştü; кӀэзы/щӀозыр, щӀохур: düşüyor), ОТПАСТЬ; DÜŞMEK (altından ~)

чӀэзын/щӀэзын, щӀэхун; (чӀэзыгъ/ щӀэзащ, щӀэхуащ: ~düştü; чӀэзы/ щӀозыр, щӀохур: ~düşüyor), ВЫВАЛИТЬСЯ, ОТВАЛИТЬСЯ; DÜŞMEK (altından ~)

ифын/ихун (рефы/иреху); кӀэфын/ щӀэхун (кӀефы/щӀеху); Ӏуфын/Ӏухун (Ӏуефы/Ӏуеху); дэфын/дэхун (дефы/ деху); гофын/гуэхун (гуифыгъ/ гуихуащ: birinin yanından/ bitişiğinden kovdu; гуефы/гуеху); зыгофын/ зыгуэхун (зыгуифыгъ/ зыгуихуащ: kendi yanından/ bitişiğinden kovdu; зыгуефы/зыгуеху); бгъодэфын/ бгъэдэхун (бгъодифыгъ/бгъэдихуащ: birinin yanından/ bitişiğinden kovdu; бгъодефы/ бгъэдеху); зыбгъодэфын/ зыбгъэдэхун (зыбгъодифыгъ(э)/ зыбгъэдихуащ: kendi yanından/ bitişiğinden kovdu; зыбгъодефы/ зыбгъэдеху); KOVMAK (birinin/kendi yanından/bitişiğinden ~)

кӀэфын/щӀэхун → ифын; KOVMAK

щӀэхун → чӀэзын; DÜŞMEK (altından ~)

щӀэхун/кӀэфын → ифын; KOVMAK

Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: ифын, чӀэзын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀеху)

1. ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀын.

рувыгнать кого-л. из помещения или из-под чего-л.

Унэм щӀэхун.

2. ЗыщӀыпӀэ (еджапӀэм) къыщӀэгъэкӀыжын, къыщӀэдзыжын; ӀэнатӀэм ӀугъэкӀын, Ӏухын. ЕджапӀэм щӀэхун. ЛэжьапӀэм щӀэхун.

руисключить, выгнать кого-л. откуда-л. (напр. из школы)

3. Зыгуэр пкъузу е хуабагъ гуэр епту зыгуэр къыщӀэгъэжын (аркъэ, дагъэ). Дагъэ щӀэхун. Аркъэ щӀэхун.

руполучить что-л. в процессе технической обработки, перегонки

4. ШэщӀэхукӀэ шэм шатэр къыхэгъэкӀын.

русепарировать (молоко)

Дисэ пщэдджыжь къэс шэ пэгун щӀихурт.— КӀыщокъуэ Алим

(щӀоху)

Зыгуэрым щӀэтыр (шэрхъыр, пкъор) къыщӀэщӀыкӀын, къыщӀэжын. Гум шэрхъыр щӀэхуащ.

руупасть из-под чего-л.

Bu maddedeki ifadeler (2)

гур щӀэхун

Еплъ: гу

лъэр щӀэхун

Еплъ: лъэ

Kitapta geçtiği hali

щӀэхун I (щӀеху) перех. гл. 1. выгнать кого-л. из помещения или из-под чего-л. / ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀын. Унэм щӀэхун. 2. переносное исключить, выгнать кого-л. откуда-л. (напр. из школы) / ЗыщӀыпӀэ (еджапӀэм) къыщӀэгъэкӀыжын, къыщӀэдзыжын; ӀэнатӀэм ӀугъэкӀын, Ӏухын. ЕджапӀэм щӀэхун. ЛэжьапӀэм щӀэхун. 3. получить что-л. в процессе технической обработки, перегонки / Зыгуэр пкъузу е хуабагъ гуэр епту зыгуэр къыщӀэгъэжын (аркъэ, дагъэ). Дагъэ щӀэхун. Аркъэ щӀэхун. 4. сепарировать (молоко) / ШэщӀэхукӀэ шэм шатэр къыхэгъэкӀын. * Дисэ пщэдджыжь къэс шэ пэгун щӀихурт. КӀ. А. II (щӀоху) неперех. гл. упасть из-под чего-л. / Зыгуэрым щӀэтыр (шэрхъыр, пкъор) къыщӀэщӀыкӀын, къыщӀэжын. Гум шэрхъыр щӀэхуащ. Гур щӀэхун см. гу II. Лъэр щӀэхун см. лъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀеху)

ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀын.

Шэщым щӀэс молэ къомым я гугъат сценэм къиувахэм зэӀущӀэр аргуэру къаублэжауи, къэтэджахэщ я башыр ягъэдалъэу, «Жансэхъу» унэм зэрыщӀахуар я гум темыхуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670

+2 örnek

АрщхьэкӀэ бжэмкӀэ щӀахуар къекӀуэкӀырти щхьэгъубжэмкӀэ къыкӀэрыувэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619

[Якъуб, Локотош хуэгъэзауэ:] Дыгъуасэ командиру уагъэувырти, нобэ псори казармэм щӀэпхуащ, къэрабгъэр сукӀынущ, жыбоӀэри бгъэшынэну уи хьисэпщ.— Нал къута, 260

(щӀоху)

Зыгуэрым щӀэтыр (п.п. шэрхъыр, пкъор) къыщӀэщӀыкӀын, къыщӀэжын.

Ди колхоз выгум и шэрхъитӀыр щӀэхурэ, гуфэ тӀэкӀур къытхуэнэнкӀи мэхъу, пщӀэну щыткъым.— Щынэхужьыкъуэ, 12

Deyimler (2)

лъакъуэр щӀэхун

Еплъ: лъакъуэ

лъэнкӀапӀэр щӀэхун

Еплъ: лъэнкӀапӀэ

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭХУН I (щӀеху) лъэӀ. (3). ЗалымыгъэкӀэ зыгуэр зыщӀыпӀэ щӀэгъэкӀын. Шэщым щӀэс молэ къомым я гугъат сценэм къиувахэм зэӀущӀэр аргуэру къаублэжауи, къэтэджахэщ я башыр ягъэдалъэу, «Жансэхъу» унэм зэрыщӀахуар я гум темыхуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. АрщхьэкӀэ бжэмкӀэ щӀахуар къекӀуэкӀырти щхьэгъубжэмкӀэ къыкӀэрыувэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 619. [Якъуб, Локотош хуэгъэзауэ:] Дыгъуасэ командиру уагъэувырти, нобэ псори казармэм щӀэпхуащ, къэрабгъэр сукӀынущ, жыбоӀэри бгъэшынэну уи хьисэпщ. Нал къута, 260.

ЩӀЭХУН II (щӀоху) лъэмыӀ. (1). Зыгуэрым щӀэтыр (п.п. шэрхъыр, пкъор) къыщӀэщӀыкӀын, къыщӀэжын. Ди колхоз выгум и шэрхъитӀыр щӀэхурэ, гуфэ тӀэкӀур къытхуэнэнкӀи мэхъу, пщӀэну щыткъым. Щынэхужьыкъуэ, 12. ◊ Лъакъуэр щӀэхун (2). Еплъ лъакъуэ. ЛъэнкӀапӀэр щӀэхун (2). Еплъ лъэнкӀапӀэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kovmak

Düzeltme Öner

щӀэхун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.